УФ-м и Къэрал советым щекIуэкIа, «ГъащIэм папщIэ инфраструктура» проектыр гъэзэщIэнымкIэ комиссэм и зэIущIэм КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек видеоконференц IэмалкIэ хэтащ.
Къэрал Советым и секретарь, УФ-м и Президентым и дэIэпыкъуэгъу Дюмин Алексей хэту, зэIущIэр иригъэкIуэ-кIащ Тэтэрстаным и Раис Минниханов Рустам. Абы къыщыпсэлъащ Правительствэм и вице-премьер Хуснуллин Марат.
Къызэхуэсахэр тепсэлъыхьащ псэукIэр тынш икIи шынагъуэншэ щIыным хуэунэтIа къалэнхэм, ухуэныгъэм, псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэм, транспортым и инфраструкту- рэм щызэфIэхыпхъэ Iуэхухэм. Щхьэхуэу и гугъу ящIащ къа-лэ цIыкIухэм псэукIэр зэрыщегъэфIэкIуапхъэм.
ЗэIущIэр иуха нэужь, КIуэкIуэ Казбек и телеграм каналым кърилъхьащ гу нэхъ зылъытапхъэ лъэныкъуэхэм елъытауэ, екIуэкI илъэсым къигъэув къалэнхэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым «Коммунальнэ инфраструктурэр къэгъэщIэрэщIэжын» къэрал проектым ипкъ иткIэ дызэрыт илъэсым псы зэбгрызыш объект 20-м щелэжьынущ. Лэжьыгъэхэм я нэхъыбэр илъэсыр и кIэм нэмысу зэфIэкIынущ. УФ-м и Правительствэм и УнафэщI Мишустин Михаил арэзы зытехъуа проектым и фIыгъэкIэ, Налшык къалэм псы къэзышэ Iэмэпсымэхэмрэ ар зэрагъэкъабзэхэмрэ щIэкIэ щызэрахъуэкIынущ. Лэжьыгъэхэр 2025 - 2027 гъэхэм къриубыдэу яухыну я мурадщ.
ЦIыхубэ зэхуэсыпIэхэр зыхуей хуэгъэзэным 2025 гъэм хуаутIыпщынущ сом мелуан 261-рэ. «Псыежэхым IэплIэ къыпхуещI» урысейпсо проектым зэрыщытекIуам щхьэкIэ, Шэджэм къалэм сом мелуани 105-рэ къыхуаутIыпщынущ, а лэжьыгъэри хуэгъэпсащ къалэм ущыпсэуныр нэхъ тынш щIыным.
«ПсэупIэ» щIыналъэ проектымкIэ 2025 гъэм метр зэбгъузэнатIэ мин 570-м нэс ятынущ. ЩIышылэм къриубыдэу, метр зэбгъузэнатIэ мин 78,6-рэ яутIыпщакIэщ, ар 2024 гъэм елъытауэ 1,7-кIэ нэхъыбэщ. Уней ухуакIуэхэм унэу 560-рэ ящIащ.
Гъуэгу хозяйствэм щIыналъэ проектищ щолажьэ: «ЩIыналъэмрэ щIыпIэмрэ я гъуэгухэр», «ЗекIуэкIэ шынагъуэншэ», «Гъуэгу хозяйствэм зэрызегъэужьыпхъэ Iэмалхэр». ДяпэкIи зыхуей хуагъэзэнущ автомобиль гъуэгухэр, лъэмыжхэр, цIыху зэпрыкIыпIэхэр, къэувыIэпIэхэр, къинэмыщIхэр.
«А лэжьыгъэ псори зыхуэунэтIар республикэм щыпсэухэм я гъащIэр ефIэкIуэнырщ», - итхащ КIуэкIуэ Казбек.