Къэрал зыбжанэм мазаем и 23-м щагъэлъапIэ Хэкум и хъумакIуэм и махуэр. 1922 гъэм СССР-м къыщыхалъхьауэ щытащ «Дзэ Плъыжьымрэ флотымрэ я махуэу». 1949 гъэм щегъэжьауэ 1993 гъэ хъуху «Совет Армэмрэ Дзэ-Тенджыз флотымрэ я махуэ» цIэр зэрихьащ. СССР-р лъэлъэжа нэужьи, СНГ-м и къэрал зыбжанэм щагъэлъапIэу къэнэжащ мы махуэр.
Пэжщ, ар Дзэ Плъыжьыр къыщызэрагъэпэща махуэу къалъытэу екIуэкIащ. АбыкIэ къагъэлъэгъуэну хуейт 1918 гъэм а махуэм IэщэкIэ зэщIэузэда гуащIэрыпсэухэм нэмыцэдзэхэр Псковрэ Нарвэрэ я зэхуакум деж къызэрыщызэтрагъэувыIар.
ИужькIэ мазаем и 23-р ягъэуващ IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм я махуэу. Абы лъандэрэ лъапIэ дыдэу къалъытэу щытащ зи гугъу тщIы махуэр. Уеблэмэ ар нэгъуэщI къэралхэми щаIэтырт.
Зэман дэкIри, махуэшхуэм и цIэр зэрахъуэкIащ. Ауэ, зэрыгурыIуэгъуэщи, и купщIэр къэнащ. Ядернэ Iэщэ зыбгъэдэлъ, япэу цIыхур хьэршым зыгъэлъэта къэралым апхуэдэ махуэ игъэлъэпIэн зэрыхуейми шэч хэлъкъым.
Сыт IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм Урысейр щIыхуейр? Ди къэралым хузэфIэкI къигъанэркъым дунейм мамырыгъэр щызэтриIыгъэн папщIэ. Ар пхузэфIэкIын щхьэкIэ укъызыкъуэгушхукIын къаруи ббгъэдэлъын хуейщ.
Хэкум и хъумакIуэм и махуэр урысей армэм и текIуэныгъэм, и щIыхьым, къарумрэ лъэщагъымрэ, Хэкум хуиIэ фIылъагъуныгъэм я зыкъуэкъым зи махуэр, атIэ лIыгъэм, хэкупсагъэм, хахуагъэм я махуэшхуэщ. Мазаем и 23-м дэ дигу къыдогъэкIыж къыдэкIуэтей щIэблэм мамырыгъэ къахуэзызэуа, лъахэр яхуэзыхъума, Хэку зауэшхуэм хэта ди адэшхуэхэр. Ар я махуэщ иджыпстуи шынагъуэншагъэр, хуитыныгъэр, зэпIэзэрытыныгъэр къытхузэзыгъэпэщхэмрэ къэралым и лъэщагъыр гъэбыдэным хэлъхьэныгъэ хуэзыщIхэмрэ.
Абы и лъэныкъуэкIэ лIыхъужьыгъэ нэс зезыхьэу дзэ Iуэху хэхам хэт ди щIалэхэм фIыщIэ ин яхуэщIыпхъэщ. Ахэращ ди адэжьхэм я щапхъэр зи гъуазэу нобэ къэралым и щIыхьыр зыхъумэр. Зауэ губгъуэм хахуагъэ нэс къагъэлъагъуэу итхэм я цIэр фIыкIэ къитIуэ зэпытщ, ауэ ар мащIэщ ди хэкуэгъухэм я дежкIэ. Абыхэм сыт и лъэныкъуэкIи зыпэрыт Iуэхур ядэIыгъын хуейщ, къуэхэм, адэхэм, щхьэгъусэхэм ежьэ адэ-анэхэр, сабийхэр, унэгуащэхэр гъэгушхуапхъэщ. Апхуэдэ къалэн иIэу Урысей Федерацэм къыщызэрагъэпэщауэ щолажьэ «Хэкум и хъумакIуэхэр» Къэрал фондыр. Абы и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэр дзэ Iуэху хэхам щыIэ щIалэхэм, абыхэм я унагъуэхэм, ветеранхэм защIэгъэкъуэным толажьэ. Быдэу япыщIащ муниципальнэ щIыналъэхэм, министерствэхэм, дзэ комиссариатхэм, Урысейм и МВД-м, МФЦ-м, цIыхухэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынымкIэ центрым, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм.
Фондым и къалэнхэм ящыщщ медицинэ и лъэныкъуэкIэ дэIэпыкъуныгъэ къызэгъэпэщынри. Дзэ Iуэхум хэта ветеранхэм я узыншагъэр къапщытэ, уз гуэр зыпкърыту къахутэхэм, республикэ, федеральнэ сымаджэщхэм щоIэзэ.
Фондыр ди республикэм къызэрыщызэIуахрэ СВО-м хэта цIыху минипщI бжыгъэхэм зэрызыхуагъэзахэм хэплъащ лэжьакIуэхэр. ЦIыхухэр щIоупщIэ ветераным и дэфтэр къызэрыдихынум, ахъшэу къратын хуейр къаIэрыхьэжа зэрыхъунум, еджэну, IэнатIэ зэзыгъэгъуэтыну, зи псэукIэр зэзыгъэпэщыжыну хуейхэм ящIапхъэм.
«Хэкум и хъумакIуэхэр» фондым гулъытэ хэха хуещI щIалэгъуалэр хэкупсэу гъэсэнымрэ тхыдэм и пэжыр хъумэнымрэ. Ди щIалэхэр -ветеранхэмрэ дзэ Iуэху хэхам къикIыжахэмрэ - школхэм, колледжхэм, еджапIэ нэхъыщхьэхэм кIуэурэ щIэблэм йопсалъэ, я упщIэхэм жэуап ират, Урысей армэм хэтхэм я лIыхъужьыгъэхэр хуаIуатэ.
А псом къищынэмыщIауэ, ди республикэм щагъэзащIэ «ЛIыхъужьхэм я щIэблэ» Iуэхур. Ар зигу къэкIар Урысейм и Президент Путин Владимирщ. Абы къыхегъэщ ди къэралым и къэкIуэнур нобэ я лIыгъи, хахуагъи, гъащIи щымысхьу къэралым къулыкъу хуэзыщIэхэм зэрелъытар.
Зи нэхъыжьыр, адэр дзэ Iуэху хэхам щыIэ унагъуэм щIэблэ узыншэщ къихъуэнур. Ахэр сытым дежи хьэзырынущ Хэкум, ныбжьэгъум, жылагъуэм къыхуэсэбэпыну. Фигу къэдгъэкIыжынщи, «ЛIыхъужьхэм я щIэблэ» проектыр къыщIыхалъхьар дзэ Iуэху хэхам щыIэхэмрэ абы и ветеранхэмрэ я бынхэм IэщIагъэ къыхахыу, гъащIэм лъэ быдэкIэ хэувэнымкIэ къэралыр сэбэп яхуэхъун папщIэщ. Нэгъабэ мы Iуэхур къыщрахьэжьащ Урысейм и хэгъэгу 2I-м. 2025 гъэм щыщIэдзауэ Пэрытхэм я зэгухьэныгъэр нэхъыбэу зэлэжьыну Iуэхухэм ящыщ зыуэ щытынущ зи гугъу тщIыр.
Нэхъыжьи нэхъыщIи, зауэ губгъуэм ити уэм щIэси зыщIэхъуэпсри зытелажьэри ди къэралыр мамыру, лъэщу, и Iуэху дэкIыу щытынырщ. Ар куэдкIэ елъытащ ди ЛIыхъужьхэмрэ Хэкум и хъумакIуэхэмрэ.