Уи блэкIар умыщIэу, къэкIуэни уиIэнкъым

Адыгэр дуней псом шикъухьа зэрыхъурэ лIэщIыгъуэ зыбжанэ дэкIыжащ. ХамэщI къыщыщагъэхутэм, лъэпкъыр кIуэдыжыпэнкIэ куэдыр гугъами, абы и бзэр ихъумэжащ, и хабзэр зэрехьэ. 
Хэти щыгъуазэщ адыгэм и нэхъыбэр Тырку къэралым зэрыщыпсэум. Лъэхъэнэ гугъухэм къыпхыкIами, ди лъэпкъэгъухэм псэупIэ яхуэхъуа а щIыналъэр нобэ сыт и лъэныкъуэкIи зэпэщ, зызыужьа щIыпIэ дахэщ. Нэхъыщхьэращи, ди лъэпкъыр абы щыпсэухэм хэшыпсыхьыжын дэнэ къэна, я гуащIэкIэ я пщIэр хамэ щIыпIэм къыщалэжьыжащ. Дызэрыщыгъуазэщи, Тыркум щыпсэу адыгэхэм къахэкIащ тхакIуэхэр, усакIуэхэр, щIэныгъэлIхэр, IэщIагъэлI пажэхэр.
 Мы зэманым Тыркур европей континентым щыпсэу псоми я деж щыцIэрыIуэщ. Уеблэмэ а къэралым зыщызыгъэпсэхухэр жэнэт щIы кIапэкIэ абы щеджэ щыIэщ. Къэбгъэлъагъуэмэ, 2024 гъэм и зы гъэмахуэм Урысейм икIауэ цIыху мелуани 2,7-м зыщагъэпсэхуащ. Апхуэдэ бжыгъэ 2019 гъэ лъандэрэ щыIауэ ящIэжыркъым. Сыт атIэ а къэралым щIэупщIэ щIиIэр?! ДызэреплъымкIэ, ар – щIыналъэ дахэу зэрыщытым къыдэкIуэу, Тыркум щэнхабзэ къулей къызэрыдэгъуэгурыкIуэрщ, тхыдэ купщIафIэ зэриIэщ. Псом хуэмыдэу абы щыхьэт тохъуэ Iэджэ «зи нэгу щIэкIа», щэху куэд зи блынхэм «яхъумэ» сулътIан уардэунэхэмрэ мэжджытхэмрэ, музей телъыджэхэмрэ быдапIэхэмрэ. Нэхъ жьы дыдэу, ауэ икIи нэхъ дахэу ябжхэм ящыщу къыщIэкIынущ Топкапы, Бейлербеи, Еребатан (VI лIэщIыгъуэм яухуащ), Долмабахче, Йылдыз (XIX лI. и кIэхэм хуозэ), Гоксу (XIX лIэщIыгъуэм икухэм) уардэунэхэр, нэгъуэщIхэри.
  Тхыдэ мыхьэнэ зиIэ ухуэныгъэщ Истамбыл и СулътIан-ахъмэт ут нэхъыщхьэм деж щыт «Мэжджыт щIыхур». ЗэрыжаIэмкIэ, ар а къалэм и дамыгъэщ, и инагъымрэ и зэгъэпэщыкIэмрэ хуэдэ нэгъуэщI зы щIыпIи щымыIэу. Архитектурэ лъапIэныгъэ зиIэ а мэжджытыр, тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, тырку сулътIан Ахьмэд I и унафэкIэ I609 гъэм яухуэн щIадзэри, илъэсиблкIэ абы елэжьауэ щытащ.
ЖаIэ хабзэщ уи блэкIар умыщIэу, къэкIуэни уиIэнкъым. Абы и лъэныкъуэкIэ уегупсысмэ, Тыркум щыпсэухэм махуэ къэс щыгъуазэ зызыхуащIыжын гъэщIэгъуэн куэд я гъунэжщ, щIыуэпсым и дахагъ жыпIэми архитектурэ и лъэныкъуэкIэ уасэ зимыIэу къалъытэ ухуэныгъэхэрами.
 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:

Читать также: