«Хэкум и хъумакIуэхэр» фондым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм СВО-м хэтхэмрэ абы къикIыжахэмрэ ядэIэпыкъуным теухуауэ и лэжьыгъэр зэпыуркъым. Фондым зыкъыхуагъазэ СВО-м хэтхэм, абы и ветеранхэр, къулыкъум пэрыту хэкIуэдахэм я унагъуэхэм упщIэ зэхуэмыдэхэр яIэу зыкъыхуагъазэ фондым. ЗыгъэпIейтей упщIэхэр медицинэ, юридическэ Iуэхутхьэбзэхэм, лэжьапIэм, IэщIагъэ зэгъэгъуэтыным, дэфтэр зэхуэхьэсыным, мылъку дэIэпыкъуныгъэм.
Фондым Аруан районым щиIэ и IуэхущIапIэм медицинэ Iуэхутхьэбзэ хуэныкъуэу зыкъыхуигъэзащ Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам щыIа Хьэпэ Альберд. Ветераным фондым и лэжьакIуэхэр дэIэпыкъуащ и узыншагъэм кIэлъигъэплъын папщIэ зыхуеину дэфтэрхэр зэригъэпэщынымкIэ. Ар и узыншагъэм щыкIэлъигъэплъыну ягъэкIуащ «Волгоград» реабилитацэ центрым. Ветераным фондым и щIыналъэ къудамэм и лэжьакIуэхэм фIыщIэ яхуищIащ дзэ Iуэху хэхам хэтахэмрэ абы щыIэ сэлэтхэмрэ я нэIэ зэрытрагъэтым.
Хьэпэ Альберд къыщалъхуащ, къыщыхъуащ Нарткъалэ. Абы дэт етхуанэ курыт еджапIэр къиуха нэужь, Хьэмдэхъу Башир и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр щIы-промышленнэ колледжым щIэтIысхьащ. Ар къиухри, дзэм къулыкъу щищIащ. Къулыкъу нэужьым лэжьыгъэ IэнатIэ пэрыуващ, унагъуи хъуащ. Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам даша щIалэм лIыгъэ хэлъу зыкъыщигъэлъэгъуащ, къулыкъур жэуаплыныгъэ пылъу ирихьэкIащ. Хьэпэм и унагъуэм бын ещанэр къахэхъуа нэужь, ар къагъэкIуэжащ республикэм.
Мы зэманым СВО-м щымыIэми, ар щIэблэр хэкупсэу гъэсэнымкIэ жылагъуэ Iуэхухэм жыджэру хэтщ, курыт еджапIэхэм щрагъхэкIуэкI хабзэ «ЛIыгъэм и дерс» зэIущIэхэм ирагъэблагъэ. Апхуэдэу, псапэ зыпылъ Iуэхухэм холэжьыхь, СВО-м щыIэ ди зауэлIхэм ерыскъырэ зыхуеину хьэпшыпхэмрэ яхуегъэшэныр къызэзыгъэпэщхэм яхэтщ.
Фондым зыкъыхуигъэзащ СВО-м хэта, ныкъуэдыкъуагъэ хэзыха Дзыгъул Ислъам. Абы IуэхущIапIэм зыхуигъэзащ дзэ Iуэху хэхам зэрыхэтам щыхьэт техъуэ дэфтэрым, СВО-м хэт цIыху щхьэхуэхэм зэуIуу ират ахъшэм щIэупщIэу.
Дзыгъул Ислъам 1989 гъэм накъыгъэм и 10-м Налшык къыщалъхуащ. Налшык дэт школ-гимназие №4-р къиуха нэужь, ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым щIэтIысхьащ, «Театрымрэ киномрэ я актёр» IэщIагъэм щыхуеджащ абы. ИужькIэ, дохутыр–пульмонолог IэщIагъэм щыхуеджащ УФ-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэу Риоров Н. Н и цIэр зезыхьэ и институтым.
СВО-м щIидза нэужь, Хэкум къыщхьэщыжыныр нэхъапэу къилъытэри, 2022 гъэм дыгъэгъазэм щегъэжьауэ 2023 гъэм и мэлыжьыхь пщIондэ дзэ Iуэху хэхам лIыгъэщIапIэ щитащ. Дзэ Iуэху хэхар щекIуэкI щIыпIэм ебгъэрыкIуэ отрядым и взводым и командиру щыIащ. Абы зыкъигъэлъэгъуащ зауэлI къимыкIуэту, лIыгъэ хэлъу, ерыщу. Къыхуагъэфэщащ «Хахуагъэм папщIэ», «Артёмовкэ хуит къызэращIыжам папщIэ», «Бахмут къызэращтам папщIэ» медалхэр, «УIэгъэ зэрыхъуам папщIэ» дамыгъэр, нэгъуэщIхэри.
2023 гъэм Бахмут деж щекIуэкIа зэхэуэм ар уIэгъэ хьэлъэ щыхъуащ. Дзэм зэгурыIуэныгъэкIэ зэрыхыхьам и пIалъэр иухри, и унэм къигъэзэжащ.
«Хэкум и хъумакIуэхэр» щIыналъэ фондым зыхуигъэза нэужь, щIалэм и дэфтэрхэр ягъэхьэзырри, икIэщIыпIэкIэ ирагъэхьащ Москва абы теухуауэ щыIэ комиссэм. Иджыблагъэ Ислъам къыIэрыхьэжащ дзэ Iуэху хэхам зэрыхэтам и щыхьэт тхылъыр. Фондым и лэжьакIуэ Бузд Алинэ ветераным и дэфтэрхэр Къалэн куэд зыгъэзащIэ центрым иригъэхьри, дэIэпыкъуныгъэу къыIэрыхьапхъэ ахъшэ зэрыIыгъри, фэбжь зэрыхихамкIэ дэфтэрри къратащ.
Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам и ветеран зэрыхъуам щыхьэт техъуэ дэфтэрыр зэригъэпэщын папщIэ «Хэкум и хъумакIуэхэр» фондым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм зыхуигъэзащ СВО-м и ветеран Вындыгъу Хьэсэнбий. Ветераным и Iуэхур зэфIигъэкIащ фондым и лэжьакIуэ Хъалил Аслъэн. Ветераныр къызытекIухьар абы пIалъэ кIэщIкIэ хузэфIигъэкIащ. ЗауэлIым и дэфтэрыр иритыжащ «Хэкум и хъумакIуэхэр» фондым и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Дадэ МуIэед.
ЗауэлIым къыхигъэщащ мы фондыр СВО-м къулыкъу щезыхьэкIхэмрэ абы щыIахэмрэ егъэлеяуэ сэбэп зэрахуэхъур.
Вындыгъу Хьэсэнбий Нарткъалэ щыщщ. 2023 гъэм Украинэм къыщыхъея дзэ Iуэху хэхам щIалэр езыр хуейуэ кIуащ. Къулыкъу щищIащ Донецк. Зыкъигъэлъэгъуащ лIыгъэ хэлъу, и къалэныр нэсу игъэзэщIэн папщIэ и псэ емыблэжу. Зэхэуэхэм ящыщ зым Хьэсэнбий уIэгъэ щыхъуащ, ауэ и уIэгъэм щхьэкIи къэмынэу, Бахмут хуит къэзыщIыжахэм лIыгъэ хэлъу яхэтащ.
УФ-м и Президент Путин Владимир и УнафэкIэ, дзэ къулыкъум къыщигъэлъэгъуа лIыгъэм папщIэ Вындыгъу Хьэсэнбий къыхуагъэфэщащ «Хахуагъэм папщIэ» медалыр.