Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм къызэритамкIэ, 2025 гъэм и щIышылэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и промышленнэ индексыр проценти 123,1-рэ хъуащ. Республикэм и экономикэм и IэнатIэхэм я индексхэр щхьэхуэу къэдгъэлъагъуэмэ, мыпхуэдиз мэхъу: щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэр къыщIэхынымкIэ процент 84,2-рэ, продукцэхэр къыщIэзыгъэкIхэм, абыхэм елэжь IэнатIэхэм – проценти 132,2-рэ, электрокъарукIэ, газкIэ, хуабэкIэ къызэзыгъэпэщ, хьэуар зыгъэкъабзэ IэнатIэхэм процент 96,1-рэ, псы яхуэзыутIыпщхэм, къагъэсэбэпар Iузышхэм, кIэрыхубжьэрыхухэр зэщIэзыкъуэхэм, уэрамхэр, пщIантIэхэр зэлъыIузыххэм проценти 102,6-рэ.
А лъэхъэнэм къриубыдэу лым, хадэхэкIрэ пхъэщхьэмыщхьэрэ банкIхэм иралъхьэурэ траIуэнтIам, шэм, тхъуцIынэм, кхъуейм, IэфIыкIэм, нарзаныпсым, псыIэфIхэм, Iусыпхъэм, вакъэм, кислородым, пластмассэм къыхэщIыкIа ашыкхэм, коробкэхэм, бжэ-щхьэгъубжэхэм, гъущIхэкI продукцэхэм, полупроводник приборхэм я куэдагъым хэхъуащ. Хуабэ энергиеу къалэжьри нэхъыбэ хъуащ.
Апхуэдэу щыхъукIи, нэкулъ лIэужьыгъуэхэм, маргариным, шху IэфIым, шхум, шатэм, хьэжыгъэм, пыченэхэм, тепIэн-щIэлъыным, зэрылажьэ щыгъынхэм, кIэстумхэм, щэкIхэкIхэм, цыхэкIхэм, пыIэхэм, лъэпэдхэм, тхылъымпIэ Iувым къыхэщIыкIа ашыкхэм, Iэмэпсымэхэм, унэлъащIэхэм ирахьэлIэ цIыкIуфэкIухэм, асфальтрэ бетон зэхэщIамрэ, рентген аппаратхэм, ток кIапсэхэм, автотранспортым ирахьэлIэ пкъыгъуэхэм кIэрыхуащ. Электрокъарууэ къалъэщари нэхъ мащIэ хъуащ.
2025 гъэм и щIышылэм къриубыдэу уней ухуакIуэхэм псэупIэ 560-рэ яухуащ, псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ мин 78,6-рэ хъууэ икIи ар нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм нэхърэ хуэдэ 1,6-кIэ нэхъыбэщ. Къуажэхэм унэ 382-рэ щаухуащ, псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ мин 49,7-рэ хъууэ. Къапщытэж лъэхъэнэм къриубыдэу псори зэхэту республикэм щаухуа псэупIэхэм я процент 63,2-рэ мэхъу ар.
А пIалъэм хуэзэу щIыналъэм и мэкъумэш, фермер, уней IуэхущIапIэхэм псоми зэхэту мэкъумэш продукцэу къыщIагъэкIащ сом меларди 2,1-рэ я уасэ е нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм проценти 101,3-кIэ хуэкIуэу. 2025 гъэм мазаем и 1-м ирихьэлIэу, 2024 гъэм и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм елъытауэ, Iэщрэ джэдкъаз щхьэ бжыгъэу яIар хъуащ: Iэщышхуэу мин 279,1-рэ (2024 гъэм мазаем и 1-м ар зэрыхъуар 276,6-рэщ): абы щыщу жэмыр мини I146,4-рэ (2024 гъэм – мини 145,1-рэ), кхъуэр – мин 1,6-рэ (2024 гъэм – мини 3,9-рэ), мэлымрэ бжэнымрэ – мин 475,7-рэ (2024 гъэм – мини 471,1-рэ), джэдкъазыр – мелуани 4,4-рэ (2024 гъэм – мелуани 4,6-рэ).
Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш, фермер, уней IуэхущIапIэхэм, унагъуэхэм псоми зэхэту а мазэм лыуэ къалэжьащ (псэууэ шэчауэ) тонн мини 7,4-рэ, ар проценти 7,0-кIэ нэхъыбэщ нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ. Шэуэ къашащ тонн мин 29,1-рэ (проценти 4,4-кIэ нэхъ мащIэщ нэгъабэ нэхърэ). ДжэдыкIэу кърахащ мелуан 13,2-рэ (проценти 2,5-кIэ нэхъыбэщ 2024 гъэм и щIышылэм къриубыдэу яхузэфIэкIам нэхърэ).
Мэкъумэш IуэхущIапIэхэм зы жэмым хуэзэу шэуэ килограмм 474-рэ къыщIашащ щIышылэм. Нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм а бжыгъэр килограмм 669-рэ хъуащ. Зы джэдым джэдыкIэ I4 къыщIахащ, ар нэгъабэ щыIа бжыгъэхэм хуэдизщ.
2025 гъэм и щIышылэм къриубыдэу розницэ сатууэ ящIам и куэдагъым сом мелард 22,8-рэ къыпэкIуащ е нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIахэм проценти 106,5-кIэ хуэкIуэу. Къапщытэж лъэхъэнэм хуэзэу ерыскъыхэкIыу (псыхэкIхэри, тутынхэри яхэту) ящащ сом мелард 11,4-рэ я уасэ е 2024 гъэм и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм проценти 104,7-кIэ хуэкIуэу. ЕрыскъыхэкIыу щымыт продукцэхэми къапэкIуащ сом мелард 11,4-рэ (проценти 108,1-кIэ нэхъыбэщ).