ЩIыналъэм зэрызиужьыр

КъБР-м ЩIыналъэ Iуэхухэр щыдэгъэкIынымкIэ и центрым (ЦУР) иджыблагъэ щыхьэщIащ Шэджэм щIыналъэм и администрацэм и унафэщI Борсэ Юрэ икIи цIыхухэм я упщIэхэм жэуап яритащ.
Ар тепсэлъыхьащ щIыналъэм и IуэхущIапIэхэр зэрехъулIэмрэ цIыхухэр лэжьыгъэ IэнатIэкIэ къызэгъэпэща зэрыхъумрэ. Псалъэм къыдэкIуэу, Шэджэм районым и мэкъумэш-промышленнэ комплексым иджыпсту къызэщIеубыдэ IуэхущIапIэу 400-м щIигъу. Кавказ Ищхъэрэм щынэхъ ин дыдэу нэгъабэ лэжьэн иригъэжьащ икIи япэ бэдрэжанхэр къыщрахьэлIэжащ «Шэджэм Агро» хуабэщым. Зы илъэсым къриубыдэу хадэхэкIыу къыщIачыжым и куэдагъыр тонн мин 16-м щIегъу икIи цIыху 600-м щIигъу абы щолажьэ.
2025 гъэм «Шэджэм Агро» хуабэщым и етIуанэ Iыхьэр яухуэн щIадзэнущ. Псори зэхэту гектари 100-м щIигъу абы ирагъэубыдынущ, инвестицэ ахъшэу сом мелард 24,5-рэ къыхашэнущ икIи илъэсым къриубыдэу, псори зэхэту абы къыщыщIачыж бэдрэжаным и куэдагъыр тонн мин 50-м щIигъум нагъэсынущ. Лэжьыгъэ IэнатIэщIэу 1200-рэ къыщызэIуахыну я мурадщ. 
Борсэ Юрэ апхуэдэуи тепсэлъыхьащ Шэджэм дэт абдж заводым, иджырей жыг хадэщIэр зэрагъэтIысым, пхъэщхьэмыщхьэ хъумапIэхэр зэраухуэм. Псори къапщтэмэ, иужьрей илъэситIым къриубыдэу, лэжьыгъэ IэнатIэу мини 2-м щIигъу щIыналъэм къыщызэIуахащ.
Гулъытэншэ хъуакъым гъуэгухэм ехьэлIауэ щIыналъэм щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэри. Псом нэхърэ нэхъыщхьэу абыхэм яхэтыр Шэджэм ЕтIуанэ къуажэмрэ Булунгу жылэмрэ зэпызыщIэ автомобиль гъуэгурщ. ЩыIэ мардэм районым къыщрагъэтIэсащ псори зэхэту километр 27-рэ зи кIыхьагъ автомобиль гъуэгухэр, лъэмыжу 9 зыхуей щыхуагъэзащ. Лэжьыгъэхэр а щIыпIэм щебгъэкIуэкIыну зэрыгугъусыгъум къыхэкIыу, гъуэгуухуэхэр къелъахъэ, ауэ, абы щхьэкIэ къамыгъанэу, 2026 гъэм ахэр зэфIагъэкIын мурад щыIэщ.
2024 гъэм Шэджэм щIыналъэм апхуэдэуи зыхуей щыхуагъэзащ псори зэхэту километри 10-м щIигъу зи кIыхьагъ нэгъуэщI автомобиль гъуэгухэри. Абы хохьэ Шэджэм ЕтIуанэм Лениным и цIэр зезыхьэ и уэрамыр, Шэджэм къалэм КIарэм и цIэр зезыхьэр. Борсэ Юрэ зэрыжиIамкIэ, мы гъэм ахэр пэрыхьэнущ тIысыпIэу 820-рэ зиIэ, иджы яухуа школыщIэм ухуэзышэ Къэбэрдей уэрамыр зыхуей хуэгъэзэным. 
Лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ, Каменкэ къуажэм къыпекIуэкI автомобиль гъуэгур зэIузэпэщ ящIынущ, Щхьэлыкъуэ жылэм Иуаным и цIэр зезыхьэ и уэрамыр иджырей уэздыгъэхэмкIэ къызэщIагъэблэнущ, Нартан къуажэм Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамыр зыхуей хуагъэзэнущ.
Шэджэм щIыналъэр псы къабзэкIэ къызэрызэгъэпэщам теухуауэ Борсэм жиIащ Шэджэм Ипщэм километри 4 зи кIыхьагъ бжьамийхэр зэрызэрахъуэкIар. Апхуэдиз дыдэ зи кIыхьагъ бжьамийхэр Щхьэлыкъуэ къуажэм зэрыщызэрагъэпэщыжар. Мы гъэми апхуэдэ лэжьыгъэхэр щIыналъэм щрагъэкIуэкIынущ, иджыпсту зэлэжьыпхъэхэр яубзыху, ирихьэлIэнухэри къащэху. 
ТIысыпIэу 500 зиIэ школыщIэ дызыхыхьа илъэсым Шэджэм къалэм щаухуэн мурад щыIэщ. Нартан, Щхьэлыкъуэ, Лашынкъей, Яныкъуей жылахэм щаухуэну сабий садхэм я проектхэр хьэзырщ. Шэджэм къалэм и сымаджэщ нэхъыщхьэм, Яныкъуей, Щхьэлыкъуэ, Нартан, Шэджэм Ищхъэрэм я амбулаторэхэм ехьэлIауэ зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр иджыпсту ирагъэкIуэкI.
 ЦIыхухэр куэду щызэхуэс щIыпIэхэр зэIузэпэщ щIыным ехьэлIауэ щIыналъэм щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм ятеухуауэ Борсэ Юрэ жиIащ Шэджэм къалэм и пэхуэщIэхэр урысейпсо зэхьэзэхуэхэм щэнейрэ зэрыщытекIуахэр. Абыхэм щхьэкIэ кърата ахъшэмкIэ къалэм и щIыпIэхэр зыхуей хуагъэзэнущ, псалъэм папщIэ, къалэ стадион гупэмрэ, Шэджэм псы Iуфэмрэ. Мыбдежхэм лъэс лъагъуэхэр щаукъуэдиинущ, сабий джэгупIэхэр щащIынущ, зыгъэпсэхупIэхэр щаухуэнущ. Лэжьыгъэхэм пэрыхьэнущ дунейм зэрызиIэтыжу.

 

ХЬЭЩОКЪУЭ Алыдж.
Поделиться:

Читать также: