Школ егъэджакIуэмрэ гъэсакIуэмрэ я лэжьыгъэр гугъущ. Ар къарукIэкъым зэрыгугъур, атIэ зи гугъу тщIыр IэщIагъэ къудейуэ щымыту, цIыхум и хьэл-щэныр зыпсыхьу зэрыщытырщ. А IэнатIэм Iухьэм и гъащIэр абы треухуэ, къытщIэхъуэ щIэблэм къищIыкIыну цIыхур езым зэрелъытамкIэ жэуаплыныгъэр зыхещIэри.
Шэч хэмылъу, лэжьыгъэшхуэ зэфIагъэкI школ-интернатхэм Iутхэми. Нобэ зи гугъу фхуэтщIыну щIалэр Нартан къуажэм сабий зеиншэхэм папщIэ дэт IуэхущIапIэм и унафэщIым гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и къуэдзэ Тхьэкъуахъуэ Мухьэмэдщ. А IэнатIэм увын и пэ, щIалэр нэгъуэщI лэжьыгъэхэми и зэфIэкI щигъэунэхуну хунэсащ.
Тэрч къалэм и курыт школ №3-р 2004 гъэм къэзыуха Мухьэмэд щIэныгъэ щызригъэгъуэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр Къэрал мэкъумэш университетым. ЕджапIэ нэхъыщхьэр къызэриухыу, Урысей гвардием хыхьэри, къулыкъу зэмылIэужьыгъуэхэр щиIыгъащ. Кавказ Ищхъэрэм щIэпхъаджащIэ гупхэр щыгъэкIуэдынымкIэ Iуэхухэм мызэ-мытIэу хэтащ, дзэ Iуэхухэм я ветеранщ. Дзэ къулыкъум къыщигъэлъэгъуа хахуагъэм къыпэкIуэу, абы IуэхущIапIэ зэхуэмыдэхэм я дамыгъэхэр къыхуагъэфэщащ.
ЗэманкIэ щIалэр щылэжьащ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм, мы зэманым здэщыIэ школ-интернатым и Iуэхухэр и нэIэм щIэту. Лэжьыгъэм набдзэгубдзаплъэу зэрыбгъэдэтым къыхэкIыу, иужьым абы къыхуагъэлъэгъуащ сабий зеиншэхэм я школ-интернатым и унафэщIым гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и къуэдзэу лэжьэну. Шэч хэмылъу, а пщэрылъыр абы зэригъэзэщIэну акъыли зэфIэкIи бгъэдэлът, къикIуа гъуэгуанэм тепщIыхьмэ.
Тхьэкъуахъуэм дэтхэнэ сабийми зэрепсэлъэну бзэ Iурылъщ, гугъуехь Iууам и Iуэхур зэрыдигъэпсынщIэну щIыкIэм фIыуэ хещIыкI. Дауэ мыхъуми, зауэлIым и гъуэгуанэм абы и цIыху щIыкIэри хьэлри епсыхь. Я гъэсэнхэм я еджэкIэм къищынэмыщIа, абы гулъытэ хэха хуещI хэт сытым дихьэхми, хэт сыт хуэдэ гурыгъуз иIэми. Сыт щыгъуи езым и щапхъэкIэ къагурегъаIуэ гугъуехьым ущышынэ зэрымыхъунур. Езым и гъащIэ гъэунэхуныгъэхэр яхуеIуатэ, лъапIэныгъэ щыIэхэм хегъэгъуазэ. IуэхущIапIэм апхуэдэу нэхъыщIэри нэхъыжьри зэрыщIэ-зэрылъытэу щызэдокIуэкI.
«Школ-интернатым сабийхэм яIудгъэщIэну щIэх-щIэхыурэ къыдогъэблагъэ республикэм и IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я лIыкIуэхэр. Апхуэдэу ди хьэщIащ, псалъэм папщIэ, «Пашэхэм я зэщIэхъееныгъэ» жылагъуэ щIыналъэ къудамэм и унафэщI, КъБР-м и депутат Шыпш Аслъэн, КъБР-м ис муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и лIыкIуэ Сыжажэ Алим сымэ, республикэм и спортсмен, гъэсакIуэ цIэрыIуэхэр, - жеIэ Мухьэмэд. - КъищынэмыщIауэ, Центрым гупжьей зэхуэмыдэу 18 щолажьэ. Абыхэм язщ «ХъумакIуэ» дзэ-хэкупсэ клубри. Къалэн нэхъыщхьэу зыхуэдгъэувыжхэм ящыщщ мы школыр къэзыухыу щIэкIахэр зыщыдмыгъэгъупщэныр. Мыбдеж къыхэзгъэщыну сыхуейт дзэ Iуэху хэхам кIуауэ лIыгъэ яхэлъу хэкIуэдахэм я фэеплъыр зэрытхъумэным иужь дызэритыр. Абыхэм я щIыхькIэ, «Точка опоры» жылагъуэ IуэхущIапIэм и унафэщI Къарэ Ратмир ди дэIэпыкъуэгъуу, интернатхэм щIэсхэм я футбол зэпеуэ къызэдгъэпэщащ. Ди мурадщ ди IуэхущIапIэм и гъэсэнхэм ящыщу хоккей гуп къызэдгъэпэщыну, Мылылъэ уардэунэм епхауэ лэжьэну.
Тхьэкъуахъуэм дызэрыщигъэгъуэзамкIэ, «Перемена» зыфIаща школ газетыр 2023 гъэм къыдагъэкIын щIадзащ. Абы я гуащIэ егугъуу ирахьэлIэ интернатым и гъэсэнхэм. Мухьэмэд гулъытэ хуещI сабий зеиншэхэм я хуитыныгъэхэр хъума зэрыхъуным, ахэр гъащIэм и сыт хуэдэ Iуэхугъуэми зэрыпэщIэтыфынум. А псомкIэ абы чэнджэщэгъуфI къыхуэхъуащ лэжьыгъэм щыщIидза япэ махуэм щегъэжьауэ зыунэтI, центрым и унафэщI Алишанов АлийсулътIан икIи фIыщIэ хуещI.