Cи дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ cымаджэм къысхуищI дзыхьым

Ди республикэм щыщ щIалэгъуалэ куэд ди къэралым и къалэшхуэхэм ехъулIэныгъэхэр яIэу щолажьэ. Абы­хэм ящыщ зыщ Лэскэн ­районым хыхьэ Урыху къуа­жэм къыщалъхуа Жамбей Азэмэт. 2012 гъэм абы ­КъБКъУ-м и медицинэ къудамэр къиухащ, интернатурэри абы щри­хьэкIащ. АдэкIэ и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ УФ-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм Кардиоло­гиемкIэ и щIэныгъэ-къэхутакIуэ инс­титутым и ординатурэмрэ аспирантурэмрэ. И лэжьыгъэр абы медбрату къы­щыщIидзауэ щытащ Налшык къалэ и «ДэIэпы­къуэгъу псынщIэм». Дип­ло­мыр къы­Iэрыхьэжа нэужь ар щы­лэжьащ УФ-м Узын­шагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм КардиологиемкIэ и щIэныгъэ-къэхутакIуэ инс­титутым гу узыфэхэм еIэ­зэ дохутыру. 20I5 гъэ лъандэрэ ар щыIэщ Европэ медицинэ центрым, абы и терапие, с­тационар къудамэхэм я унафэщIу щытащ, 2023 гъэ лъандэрэ псэукIэр егъэфIэ­кIуэныр къэзыхутэ проектыр и нэIэм щIэтщ. Жамбейр медицинэ щIэныгъэхэмкIэ кандидатщ.

- Азэмэт, дохутыр IэщIагъэр къыхэпхыным сыт щхьэ­у­сыгъуэ хуэхъуар?
- А IэщIагъэм сыхуэзышар си анэмкIэ си анэшхуэ Къэ­-жэр Нинэщ. Ар езыр сымаджэрилэт, абы япэу къызжи­Iауэ щытащ дохутырыфI къы­зэ­рысхэкIынур. Анэшхуэм и жыIэр си фIэщ хъури, сигури си щхьэри дохутыр сызэры­хъуным тезухуащ икIи абы иужькIэ нэгъуэщI IэщIагъэм зы­щыслъагъужакъым. Си адэ-анэхэу Амурбийрэ Маритэрэ си жэрдэмыр къыщыздаIыгъым, тегушхуауэ си мурадыр зэрызэзгъэхъулIэным сы­хущIэкъуащ. Дохутырхэр цIыхухэм зэрадэIэпыкъур ­слъагъуу IэщIагъэр къыхэсхауэ аракъым, пэжыр жысIэнщи, апхуэдэ си нэгу щIэкIатэкъым. АтIэ цIыхухэм я дзыхь зрагъэзыфын, абыхэм сэбэп яхуэхъуфын дохутыр къызэ­рысхалъагъукIыфаращ а Iэ­щIагъэмрэ сэрэ дызэ­зы­шэ­лIар. Къапщтэмэ, нобэ ар къы­зэхъулIауэ, ахэр къызэ­рыс­щыгугъар згъэпэжауэ си гугъэщ.
- Уи лэжьыгъэм щынэ­хъыщ­хьэу сыт къэплъытэр?
- Си деж къакIуэ сымаджэ­хэм къысхуащI дзыхьыр згъэ­пэжыныр псом япэ изогъэщ. Дохутырыр и къалэным тэмэ­му пэлъэщынымкIэ ар мы­хьэнэшхуэ зиIэщ. Сымаджэм сэбэп узэрыхуэхъуфынумкIэ гугъэ ебгъэщIыфмэ, уэ езым къыбгуроIуэж IэщIагъэр пэжу къызэрыхэпхар икIи нэхъ тегу­шхуауэ Iуэхум упэрытщ. Къы­тызогъэзэжри, сымаджэм къыс­хуищI дзыхьым си деж-кIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ. 
- Азэмэт, дохутырым и зы махуэр зэрекIуэкIым ды­щыгъэгъуазэт.
- Дохутырым и махуэхэр зэ­рызэщхьэщыкIышхуэ щыIэу пхужыIэнукъым. Узым къыхигъэзыхь цIыхур къокIуэри, и щытыкIэр къыпхуеIуатэ, адэ­кIэ сызэреIэзэнур соубзыху, зэрыхъукIэ и Iуэхур зыIутыр къыгурызогъаIуэри, и узыншагъэр зэрызэфIэдгъэувэ­жы­ным зэгъусэу иужь дохьэ. Махуэм къриубыдэу цIыху зыбжанэм я щытыкIэр къызопщытэ. Лэжьэгъуэ зэманыр и кIэм щынэблагъэм деж дэтхэнэми хуэсщIэну дэIэпы­къуныгъэр зыхуэдэр зэхузогъэкIуэж. НэгъуэщIуи хъунукъым, сэ абы и узыншагъэмкIэ жэуаплыныгъэр си пщэ дэслъхьэжащи. 
- Гу узыфэхэмкIэ нобэ сыт хуэдэ щытыкIэ щыIэ? Зи узыншагъэр зыхъумэну хуей­хэм сыт хуэдэ чэнджэщ ептынт?
- Бжыгъэхэм къызэрагъэ­лъагъуэмкIэ, гу узыфэхэр зи­Iэхэр нэхъ мащIэ хъуакъым, ауэ нобэ медицинэм Iэмал ­хъарзынэхэр къыдет ахэр хэмытIасэ щIыкIэ къэтхутэну, апхуэдэ щIыкIэкIи нэхъ псын­щIэу тхуогъэхъуж. Уи узыншагъэр пхъумэн папщIэ, щIэх-щIэхыурэ дохутырхэм я деж укIуэн хуейуэ аракъым. Нэхъыщхьэр гъащIэ узыншэ зэ­репхьэкIыным ухущIэкъу­нырщ: пшхым укIэлъыплъыпхъэщ, уи жейр бгъэныкъуэ ­хъунукъым, уи зыгъэпсэху­гъуэри щхьэпагъ пылъу бубзыхун хуейщ. А псом къадэ­кIуэу уи узыншагъэм и щы­тыкIэр илъэсым зэ къебгъэп­щытэмэ, тэмэмщ. Псоми зэ­рытщIэщи, жылагъуэм и ­лъабжьэ быдэр унагъуэ узыншэрщ.
- Азэмэт, республикэм бгъэ­зэжу ущылэжьэн мурад уиIэ?
- Пэжыр жысIэнщи, Москва пIалъэ кIыхькIэ зыщыс­Iэ­жьэ­ным си Iуэху теухуауэ щытакъым. Еджэныр къэзухмэ, республикэм къэзгъэзэжыну си гугъащ. Ауэ мы IэщIагъэм нэхъ куууэ ухэгъуэзэхукIэ нэхъыфIщ. Си щIэныгъэм хэзгъэхъуа нэужь, лэжьыгъэ и пIалъэ нэхъыфIу къэсщIэну сыхуейт. Къалэшхуэм абы и лъэныкъуэкIэ Iэмал нэхъыбэ щызгъуэтынут. Си адэ-анэри си анэшхуэ Нини къызэрыс­щыгугъа дохутыр нэс къыс­-хэкIынымкIэ мыбдеж щызэзгъэгъуэта лъабжьэм мы­хьэ­нэшхуэ иIэщ. Шэч хэмылъу, республикэм згъэзэжыну си мурадщ. Къапщтэмэ, щIыналъэм и медицинэм зегъэу­жьыным зи гуащIэ хэзылъ­хьэфын IэщIагъэлIу сызэры­кIуэжынум гушхуэныгъэ къыс­хелъхьэ.
- Уи лэжьыгъэкIэ узэрыгуш­хуэ ехъулIэныгъэр сыт хуэдэ?
- Си лэжьэгъухэмрэ згъэхъужа цIыхухэмрэ я деж щызиIэ пщIэр, си зэфIэкIыр къызэралъытэр си дежкIэ гухэхъуэщ, абы нэхъ ехъу­лIэ­ны­гъэшхуи къэслъыхъуэркъым.
 

Епсэлъар Къарэ Iэминэщ.
Поделиться:

Читать также: