Экономикэр езыгъэфIакIуэхэрКъэбэрдей-Балъкъэрым Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм щекIуэкIащ пэхуэщIэ проект «ехьэжьахэр» щIыналъэм зэрыщагъэзащIэм теухуа зэIущIэ. Абы хэтащ КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Рахаев Борис, Кавказ.РФ-м, «КъБР-м корпорацэ зыужьыныгъэмкIэ и IуэхущIапIэм» я лIыкIуэхэр, щIыпIэ министерствэхэм я лэжьакIуэхэр, Iуэхур зэхьэлIа IэнатIэм щыщ нэгъуэщIхэри. Къыхэдгъэщынщи, пэхуэщIэ «ехьэжьахэм» хыхьэу республикэм иджыпсту 6 щагъэзащIэ, псори зэхэту сом меларди 170-м щIигъу я уасэу. Ахэр: экологие и лъэныкъуэкIэ бэдрэжан къабзэхэр къыщагъэкI «Шэджэм Агро» хуабэщырщ, Тырныауз вольфрамрэ молибденрэ къызыщIах щIыпIэр лажьэу егъэжьэжынырщ, илъэс хъурейкIэ зыщыбгъэпсэху хъу «Iуащхьэмахуэ» турист-рекреацэ комплексырщ, Налшык и «Мей», «КъуэкIыпIэ» хьэблэщIэхэр зэIузэпэщ щIынырщ, Бахъсэн Ипщэм и ГЭС-мрэ Информацэ-технологие паркыр - технологие ехьэжьахэмкIэ паркыр ухуэнхэрщ.
Поделиться:
Читать также:
09.08.2026 - 11:18 →
АдыгэщIым и макъыр зэхыдох
09.08.2026 - 09:58 →
Темыркъаным и пшыхьхэр
08.08.2026 - 13:41 →
Жылагъуэ транспортым къыхохъуэ
08.08.2026 - 12:26 →
ЗэрагъэзащIэм кIэлъоплъ
08.08.2026 - 11:31 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
| ||




