Псынабэ къуажэм зэрызиужьар

IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэ куэдым пэрыту къэрал Iуэху мымащIэ зэфIэзыха, зи ныбжьыр илъэс 90-м нэблэгъа Къэгъэзэж Шамхьир и гукъэкIыжхэм уедэIуэну сыт щыгъуи гъэщIэгъуэнщ. МызыгъуэгукIэ абы игу къегъэкIыж езыр къыщалъхуа Псынабэ къуажэм зэрызиужьар, лэжьыгъэ IэнатIэхэр зэрыщызэфIэувар.

«…Сызыпэрыта IэнатIэм сыхэзэгъауэ си Iуэхур тэмэму дэкIт, мы къысхуагъэлъэгъуа лэжьыгъэм си нэ къыхуикIыртэкъым. АрщхьэкIэ, ар ищхьэкIэ ящIа унафэти, къэнэжыр гъэзэщIэнырт. Къуажэр хуэныкъуэт Iуэхум хэзыщIыкI цIыхуи, сэ сыпэлъэщыну къалъытэри, ар къалэн сщащIащ. Пэжыр жысIэнщи, куэдым яфIэфI хъуакъым.

СыкъыздэкIуэжам Iуэхур щыщIагъуэтэкъым, IэнатIэр зыкIи лэжьыгъэм хуэщIатэкъым. Ухуэныгъэ дэтым и блыныр зэтралъхьэри, абдеж къыщынэжат. КIыщ уимыIэмэ, станокыр мылажьэмэ, зыхуей IэмэпсымэхэмкIэ къызэмыгъэпэщамэ, Iуэхур ипэкIэ кIуэтэнт?! Губгъуэм ихьэну машинэр япэ щIыкIэ Нарткъалэ кIуэрти, махуэм зэрылэжьэну гъэсыныпхъэр иригъахъуэрт. Абыи зэман текIуадэрт. ЛэжьакIуэхэм я гугъуехьыр зыми къыфIэмыIуэхум хуэдэт. Губгъуэм итхэм я лэжьыгъэр къызэрырахьэлIэнур куэдкIэ елъытат а пщIантIэм щекIуэкI лэжьыгъэм. Сэ си къалэныр а Iуэхур зыхуэгъэкIуэнрати, псори зыпэслъытри, дызыхуей-дызыхущыщIэхэр къэлъыхъуэным и ужь сихьащ. Трестым и лэжьакIуэ нэхъыжьхэм селъэIуащ кран къысхуагъуэтыну. Абыхэм я фIыгъэкIэ, зэманышхуэ тезмыгъэкIуадэу, краныр Тэрч районым къисхуащ. Хуэмурэ Iэмэпсымэхэри зэзгъэпэщу щIэздзащ. ЛъэщапIэм псыр, уэздыгъэр етшэлIащ, зэрагъэплъынури зэтедухуащ. Иджы абы щIэт щIалэхэри тыншыжат. АдэкIэ пщIантIэм уэздыгъэшхуэхэр фIэддзэри, жэщым техникэр псори хуиту плъагъу хъуащ. Куэбжэ дыхьэпIэм деж къатитIу зэтет унэ цIыкIу щыдухуащ. Абы и щхьэр хъумакIуэм и хэщIапIэт, и лъабжьэм машинэхэм я гъэсыныпхъэм кIэлъыплъыр щIэст. Абдеж дыдэм заправкэр дгъэуващ, иджы машинэхэр пщIантIэм щыдэкIым деж я гъэсыныпхъэр абдеж щрагъахъуэрти, занщIэу губгъуэм ихьэрт. Мис апхуэдэ лэжьыгъэшхуэ щызэфIэгъэкIын хуейт а IэнатIэми, арат абы зыми зыщIримыпщытыр.

Къуажэм лэжьыгъэшхуэ дэлът, пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэт зэлэжьри, цIыху къарукIэт зэрызэрахьэр. А Iуэхуми щIэ гуэр хэлъхьэн хуейт. Абы теухуауэ трестым и унафэкIэ Ростов областым щыIэ совхозхэм ящыщ зым дыкIуат. Тлъэгъуахэр зэпэтлъытыжмэ, ди Iуэху зехьэкIэр щефIэкIи щыIэт. Ауэ абы я лэжьыгъэм техникэ нэхъыбэ хэтт, ашыкхэм я пIэкIэ килограмм 350-рэ зэрыхуэ контейнерхэр къагъэсэбэпырт. ЦIыхухэр хьэсэм хыхьэ-хэкIыу щыттэкъым. Апхуэдэ щIыкIэкIи ар зыхэута хъуртэкъым, къыщIачыр е къыпачыр транспорт щхьэхуэкIэ къыхашырт. СыкъэкIуэжа нэужь, унафэщIымрэ сэрэ дызэпсалъэри, дэIэпыкъуэгъу къытхуэхъуфынур Мусэрбийти, абы ди щхьэр етхьэлIащ. Сыздэщысым ар Прохладнэ дэт заводым и унафэщIым епсэлъащ. ТхылъымпIэм зыгуэрхэр тритхэри къызитащ. «Мы письмор абы ептынщ, иджыпсту АТП-м кIуэи, машинэ къеIых», - жиIэри сыкъыщIигъэкIыжащ. АТП-м я нэхъыщхьэм зыхуэзгъазэри, машинэ Iуэхур абы зэфIигъэкIащ. ЕтIуанэ махуэм Прохладнэм дыкIуащ, абы гъущI тонн 12 машинэм щитлъхьэри, Краснодар крайм дежьащ. Абыи ди Iуэхур хъарзынэу щызэфIэкIащ, езыхэм хъыбар дагъэщIэжыну жаIэри дыкъэкIуэжащ. Мис апхуэдэурэ ди лэжьыгъэм щIэ гуэрхэр хэтлъхьэрт.

Джэш хъуреймкIэ совхозым планышхуэ телът, гектарищэм щIигъу къетхьэлIэжын хуейт. ЦIыху къару закъуэкIэ дэ абы дыпэлъэщынутэкъым, апхуэдиз лэжьакIуи жылэм дэстэкъым. Арати, зы цIыху фIэкIа имыубыду ар зэрыIупхыжын къэзгупсысащ. Къабзэу къихти, трактор прицепми ирилъхьэжт. Трестым и унафэкIэ абы епха псори Псынабэ къакIуэри, лэжьыгъэм ирагъэплъауэ щытащ. Абы щыгъуэм инженер нэхъыщхьэр зы мазэ улахуэкIэ гъэпэжэн хуейуэ ящIа унафэр си нэхъыщхьэм игъэзэщIатэкъым. Мис апхуэдэ унафэщIхэращ къэралым зезымыгъэужьыр. Ар илъэсищкIэ совхозым щылажьэри, ягъэтIысыжащ.

Совхоз унафэщIу къытхуагъэкIуащ Ислъэмей щыщ Мыщхъуэжь Борис. Къуажэм дэлъ лэжьыгъэр жылэдэсхэмкIэ зэфIэха хъуртэкъым, студент бригадэхэр къытхуашэрт. Къэхъуащ илъэсым хадэхэкIыу тонн мини 7 къыщетхьэлIаи, силосу тонн мин 11 мащэм щитлъхьаи. Iуэхур куэдкIэ нэхъ тынш къытщищIат техникэкIэ дыкъызэрызэгъэпэщам. Пэжщ, губгъуэ лэжьыгъэр къетхьэлIэжыху жэщ-махуэ димыIэу дылажьэрт.

Борис къуажэдэсхэм фIыуэ яхущытт, езыми пщIэ къыхуащIырт. ЛъэIукIэ къыбгъэдыхьэ дэтхэнэми хузэфIэкIыр хуищIэрт. А щIалэм и гъэсэныгъэр зыдэлъагъупхъэр и анэрат. Сэ зыбжанэрэ сыхуэзащ а бзылъхугъэм. ИкъукIэ цIыхубз Iущт, псалъэ лей жиIэнутэкъым, ерыскъыкIэ жумартт, и Iэнэр сытым дежи хьэзырт. И дунейр ихъуэжащи, жэнэткIэ Тхьэм игъэгуфIэ.

А зи гугъу сщIа лэжьыгъэхэм нэмыщIкIэ, удзыжьыр тхьэжын хуейуэ ди къалэнт. Абы зэман куэди текIуадэрт, цIыхушхуи пыщIат. Iуэхур нэхъ тынш зэрыхъунум сегупсысурэ абыи Iэмал къыхуэзгъуэтащ. Дызыхуеину Iэмэпсымэ гуэрхэр Дагъыстэным къитшащ, дэ диIэхэр абы гъусэ хуэтщIыжри, а техникэр зыми семыжьэу сэ езым зыфIэзгъэуващ. Сыт хуэдэ Iуэхури зэIохьэж ахъшэм нэса нэужь. Ордерым щхьэкIэ унафэщIым деж сыщыщIыхьам Iэ къытридзэри: «Мыпхуэдэ Iуэхухэм дяпэкIэ ухэмыхьэ, афIэкIа зы соми уэстынукъым», - къызжиIат. Абы иужькIэ куэдрэ дызэдэлэжьэжакъым, сэ нэгъуэщI лэжьапIэ сагъэкIуащ».

НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.
Поделиться:

Читать также: