IэмалыщIэхэмкIэ ядогуашэЛышх узыфэхэмкIэ Ростов къалэм дэт IуэхущIапIэм и щIэныгъэлIхэр Ипщэ Федеральнэ щIыналъэм щыIэ дохутырхэм дэгуэшэнущ я зэфIэкIхэмрэ а узыфэ шынагъуэм зэрыбгъэдэт IэмалыщIэхэмкIэ. Медицинэ къэхутэныгъэхэмкIэ УФ-м и лъэпкъ IуэхущIапIэм и щIэныгъэлIхэм хабзэ яхуэхъуауэ, я щIэныгъэхэмкIэ ядогуащIэ гъунэгъу щIыналъэхэм. 2025 гъэми пащэнущ а Iуэхум, икIи лышх узыфэхэр къэхутэнымрэ гъэхъужынымкIэ мастер-класс зыбжанэ ИФЩI-м щрагъэкIуэкIыну загъэхьэзыр. - 2024 гъэм къриубыдэу ди онкологхэм мастер-классу 10 щрагъэкIуэкIащ Ипщэ Федеральнэ щIыналъэм. Дохутырхэм а зэIущIэхэм щызэрагъэгъуэта щIэныгъэхэр къахуэсэбэпынущ лышх узыфэр и чэзум къэхутэнымкIэ, ар лъэужьыншэу гъэкIуэдынымкIэ. Догугъэ, ипщэ щIыналъэхэм я медицинэр абы иригъэфIэкIуэну, - жиIащ онкоцентрым и унафэщI, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, РАН-м и академик Кит Олег. Iуащхьэмахуэ М.Х. и цIэр зезыхьэ, лышх узыфэхэмкIэ Адыгэ республикэ клиникэ диспансерым и радиологхэм ядэлэжьагъэххэщ ростов щIэныгъэлIхэр: лышхым къупщхьэм зэрызритыжар и чэзум къахутэн папщIэ, Iэмэпсымэхэр зэрызэтраухуэ щIыкIэр ирагъэлъэгъуащ. КъищынэмыщIауэ, Адыгейм щыщ хирург гуп ростов онкодиспансерым и дохутырхэм ящIыгъуу рентгенохирургие IэмалыщIэхэр зрагъэщIащ - лышхым зэребэн хущхъуэ гуащIэхэр сымаджэм ирахьэлIэн папщIэ, ар зэрыхалъхьэ мастэр лъынтхуэм зэрыхагъэувэ, щIыфэр рентгенохирургие операцэ зэращIхэр, нэгъуэщIхэри. КIуэцIым щрагъэкIуэкI операцэ лIэужьыгъуэхэм и лъэныкъуэкIэ, Севастополь къалэм дэт онкологие диспансерым и дохутырхэм я щIэныгъэм щыхагъэхъуащ ростов щIэныгъэлIхэм деж. Апхуэдэщ кIэтIий лышх зэфыкIхэм я ныбэр зэгуамыгъэжу операцэ зэращI Iэмалхэр. Ростов къалэм дэт щIэныгъэ-къэхутакIуэ IуэхущIапIэм и радиотерапевтхэм ирагъэкIуэкIа мастер-классхэр сэбэп хуэхъуащ Кърым Республикэм, Астрэхъан, Ростов щIыналъэхэм щыIэ онкодиспансерхэм я медфизикхэм. ЩIэныгъэлIхэм ягъэлъэгъуащ луч терапие зэрырагъэкIуэкIыр, мы къэхутэныгъэ лIэужьыгъуэмкIэ дохутырхэм яIэщIэкI щыуагъэхэм тепсэлъыхьащ. Гулъытэншэ ящIакъым эндопротез къагъэсэбэпурэ бгъэ лышхым зэребэн IэмалыщIэхэри. Къыхэгъэщыпхъэщ а псори «Узыншагъэр хъумэн» лъэпкъ Iуэхум ипкъ иткIэ IуэхущIапIэм зэрыригъэкIуэкIыр. Фырэ Анфисэ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




