Гъатхэпэм ди къэралым и гъащIэм тхыдэм къыхэна Iуэху куэд къыщыхъуащ, ауэ зи гугъу фхуэтщIынур ягу къыщыкIыжыр зэзэмызэщ, хэбгъэзыхьмэ, къызыхэкIам щымыгъуазэхэр нэхъыбэжщ.
… Петроград дэсхэу большевик правительствэм щыхьэрыр ибгынэну зэрызигъэхьэзырым теухуа хъыбарым игъэпIейтеяхэр I9I8 гъэм гъатхэпэм и I-м къыдэкIа газетхэм къыщеджащ: «СНК-мрэ ЦИК-мрэ Петроград дэкIыным теухуауэ ягъэхъыбар псори пцIы зэфэзэщщ. СНК-мрэ ЦИК-мрэ Петроград къыдонэ икIи Петроград яхъумэным жыджэр дыдэу зыхуагъэхьэзыр…» Абы къыдэкIуэу «Красная газета» пэрыт тхыгъэ къытридзащ «хьэгъэщагъэ зыхэлъ хъыбархэр фи фIэщ фымыщI» псалъащхьэм щIэту. Абы мыпхуэдэ сатырхэр хэтт: «ЦIыхубэ комиссархэм ящыщу зыри, правительствэм къулыкъушхуэ щызыIыгъхэм ящыщу зыри зы щIыпIи кIуакъым, кIуэнуи зигъэхьэзыркъым. Зы правительствэ IуэхущIапIи дэкIыркъым, ягъэIэпхъуэркъым».
А тхыгъэ псори зыхуэгъэзар зы мурад закъуэт: къэрал IуэхущIапIэ нэхъыщхьэхэр Москва гъэIэпхъуэным теухуауэ Совнаркомым I9I8 гъэм мазаем и 28-м къищта унафэр щIауфэнырт. Властхэм абы и щхьэусыгъуэу жаIэрт нэмыцэхэр Петроград гъунэгъу къызэрыхуэхъуам и зэранкIэ щытыкIэр зэрызэIыхьар. АрщхьэкIэ ипэжыпIэкIэ щхьэусыгъуэр нэгъуэщIу къыщIэкIынут. Брест и деж щызэращIылIэну мамыр зэгурыIуэныгъэр къэблэгъат икIи Германием и сэбэп хэлътэкъым цIыху мелуанитIым нэс зыщыпсэу къалэр иубыду абы дэсхэр игъэшхэным.
Iуэхур здэщыIэр экономикэр егъэлеяуэ зэрехуэхам къыхэкIыу гуащIэрыпсэухэм Петроград большевикхэм я бийуэ зыкъыщаIэтынкIэ шынагъуэ къызэрыкъуэкIарт. Абы къыдэкIуэу къалэр яуфэбгъуат зи щхьэр къезыхьэжьа цIыхухэм, Iэщэ яIыгъыу фронтым къыIукIуэсыкIахэм, хуит къэхъужа бандитхэм. Совет унафэщIхэм къалъытэрт щытыкIэр зыкъомкIэ щынэхъыфI Москва я хэщIапIэм нэхъ къезэгъыу къахущIэкIыну.
АрщхьэкIэ апхуэдэ лъэбакъуэр зыфIэмыкъабылхэр бжыгъэкIэ нэхъыбэт. Троцкий Лев игу къигъэкIыжырт: «Iэпхъуэныр ямыдэу куэд дыдэ къэуват. Абыхэм я пашэт а зэманым ирихьэлIэу Петроград Советым и Iэтащхьэу хаха Зиновьевыр. Ленинымрэ сэрэ къэтлъытэрт мы Iуэхур правительствэм и мызакъуэу езы Петроград и дежкIи щхьэпэну. Зэ ебгъэрыкIуэгъуэкIэ правительствэм и гъусэу революцэм и щыхьэрри иубыдыным теухуа гупсысэм Iэмал иIэтэкъым Германиери Антантэри дамыхьэхыну. НэгъуэщI Iуэхут правительствэр зыдэмысыж Петроград мэжэщIалIэр яубыдыныр. ИкIэм-икIэжым дэ ахэр къэдгъэдэIуащ…».
Апхуэдиз къулыкъущIэ хэIущIыIу мыхъуу пхуэгъэIэпхъуэнутэкъым. Абы къыхэкIыу Бонч-Бруевич Владимир большевикхэм я бий гъущI гъуэгу профсоюзым «щэхуу» жриIащ правительствэр Индыл и Iуфэ Iус къалэ гуэрым пIалъэкIэ Iэпхъуэн хуэдэу. Уеблэмэ, Ленинымрэ абырэ а къалэм ягъэкIуащ наркоматхэм унэхэр къахуэзылъыхъуэ лIыкIуэхэр. «Щэхур» сэтей къызэрыхъуам и фIыгъэкIэ цIыхухэм уэру зыкъаIэтакъым Советхэр зэрыщIэпхъуэжым къыхэкIыу.
ЯпэщIыкIэ унафэм къыщызыгъэлъэгъуар я унагъуэхэр я гъусэу къулыкъущIэшхуэ зыбжанэ, мыхьэнэ ин зиIэ тхылъымпIэхэр, Iэмэпсымэхэр Москва гъэIэпхъуэнырт. АрщхьэкIэ наркоматхэм я нэхъыбэм я унафэщIхэм Iэмалыр ипэжыпIэкIэ къагъэсэбэпащ я лэжьакIуэ псори я унагъуэхэр ягъусэу, Iэмэпсымэ, унэлъащIэ, хьэкъущыкъу куэдыкIей Москва дашын папщIэ. Ахэр апхуэдизкIэ куэд хъурти, уеблэмэ, Петроград икIыу Москва кIуэ пассажир мафIэгухэр пIалъэкIэ ягъэувыIэн хуей хъуащ абыхэм гъуэгу иратын папщIэ.
Гъатхэпэм и I0-мрэ II-мрэ я жэщым ежьэн хуейт Совнаркомыр, ЦИК-р, большевикхэмрэ эсер сэмэгухэмрэ я партхэм я комитет нэхъыщхьэхэр. Егъэлеяуэ щэхуу икIи сакъыу гъуэгуанэм хуагъэхьэзырырт Ленин Владимир, Крупская Надеждэ, Лениным и шыпхъу Ульяновэ Марие, наркомхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ зэрысыну мафIэгу №40I-р
ЗэрызэраухылIам тету гъатхэпэм и I0-м сыхьэт 22-м правительствэр зэрыс мафIэгу хэхар латыш фочауэхэм яхъумэу икIи и уэздыгъэхэр къэмыблэу гъуэгу техьащ. Зы жэщ-махуэ нэхъ дэмыкIыу Ленинымрэ абы и гъусэхэмрэ зыри къащымыщIу щIыпIэм нэсащ. Ахэр занщIэу щIагъэтIысхьащ «Националь» хьэщIэщ уардэм: Кремлыр иджыри хьэзыртэкъым.
Зы тхьэмахуэ зэхуаку дэкIыу Зиновьев Григорий къыщыпсэлъа иужькIэщ «Къалащхьэр Петроград дэхауэ Москва гъэIэпхъуэным» теухуа унафэ Советхэм я IУ Урысейпсо съездым къыщищтар. Абы къыщыгъэлъэгъуат: «Урыс революцэр зыхэхуа гугъуехьхэм къыхэкIыу къалащхьэ Петроград зэрыт щытыкIэм зихъуэжащ. А щхьэусыгъуэм тещIыхьауэ съездым унафэ ещI а щытыкIэм зихъуэжыхукIэ Урысей Социалист Федеративнэ Совет Республикэм и щыхьэрыр Москва пIалъэкIэ ягъэIэпхъуэну». Зэрытлъагъущи, «пIалъэкIэ» щыIэну ягъэIэпхъуауэ арат. Ауэ белджылыщ «пIалъэр» пIалъэншэ зэрыхъуар…
Мис детектив хъыбарым нэхъ ещхь Iуэхуу I9I8 гъэм гъатхэпэм ди къэралым къыщыхъуар. ИкIи абы зыри хущIегъуэжакъым.