Гугъуехьхэмрэ гуауэмрэ я лъэхъэнэт

Ди къэралым ХХ лIэ­щIыгъуэм къикIуа гъуэгуанэм, игъэва бэлыхьхэмрэ игъуэта зыужьыныгъэмрэ ятеухуа тхыдэ дэфтэрхэм уащриплъэжкIэ, гу нэхъы­бэу зылъыптэр 1917 гъэм екIуэ­кIа Жэпуэгъуэ Революцэ Инымрэ 1941 - 1945 гъэхэм щыIа Хэку зауэшхуэмрэ ехьэ­лIахэрщ. Мы гъэм зи илъэс 80-р Iэтауэ дгъэлъэ­пIэну ди ТекIуэныгъэ инкIэ иухауэ щытащ а зэпэщIэувэныгъэ ткIийр. 

Къэралым ис лъэпкъхэм а илъэ­сищэ блэкIам къриу­бы­дэу яIа псэукIэмрэ ягъуэ­та зыу­жьыныгъэмрэ уатеп­сэ­лъыхь­­мэ, дауи, зэманым фIыгъуэ куэд къытхудэкIуащ, ­зыу­зэщIыныгъэ инхэри къытхуздихьащ. ИтIани, уигу ­ къыдримыдзеижынкIэ  Iэмал иIэкъым Хэку зауэшхуэм и илъэс пхъашэхэм къриубыда Iуэхугъуэ хьэлъэхэм ящыщыр - ди къэралым  щыпсэу лъэпкъ куэд щалъхуа щIыналъэхэм залымыгъэкIэ ира­шауэ зэры­щытар. 1944 гъэм и пэщIэдзэр уаеу къызыхущIэкIа лъэпкъ­хэт къалмыкъ­хэр, кърым тэтэрхэр, шэ­шэн­хэр, ингушхэр, къэрэшейхэр, нэгъуэщIхэри. 
Мазэ бжыгъэкIэ къэралым щекIуэкIа а Iуэху мыщхьэпэр, гуауэр зи щхьэ кърикIуа лъэпкъхэм ящыщащ ди ­къуэш балъкъэрхэр. 1944 гъэм гъатхэпэм и 8-м ахэр я щIыналъэм залымыгъэ­кIэ ирахуа-               уэ щытащ икIи Азие Курытмрэ ­Къэ­­захъстанымрэ я щIыпIи 120-м хагуэшат. Нэхъ Iеижыр арати, къэрал унафэ хэхаи къыдэкIауэ щытащ залымыгъэкIэ зи псэупIэр зрагъэбгына лъэпкъхэм къэралыгъуэ ямыIэжу къэ­лъытэныр и лъабжьэу. 
Егъэлеяуэ хьэлъэт нобэ хуэдэ гъатхэпэм и 8-р балъкъэрхэм я дежкIэ. Абыхэм ядэгузавэрт, ядэгуIэрт гъу­нэгъу пэжу, ныбжьэгъуфIу, благъагъэкIэ ябыдауэ къе­кIуэкI адыгэхэр. Ар зи нэгу щIэкIа куэд щымыIэжми, нэхъы­жьыIуэхэм яхэтщ а Iуэхугъуэм иджыри зи гур къы­хигъэузыкIхэр. Абыхэм ящIэж щысхьрабгъу ямыIэу, зи ­жьэгу пащхьэм псы ирагъэ­жы­хьыжауэ щыта лIыжьхэр, фызыжьхэр, сабийхэр. Зи цIы­хухъухэр зауэ IэнатIэм Iуту къэралым и щхьэхуитыныгъэм щIэбэн адэ-анэхэм, щхьэ­гъусэхэм, шыпхъухэм, сабийхэм къатехьа лейр я щхьэми ягуми къахуигъэ­тIа­сэртэкъым. Апхуэдэ махуэ жагъуэт а псоми я дежкIэ ­гъатхэпэм и 8-м и пщэдджыжь нэмэзыр... 
Илъэсхэр блэкIащ, лIэщIыгъуэхэми захъуэжащ. Зэма­ным псори и пIэ иригъэувэжащ, езым зэрихабзэу. Хамэ щIыналъэм гугъущэ щехьа  ди къуэш балъкъэрхэм яшэ­чыфащ зыхадза бэлыхьхэри щыщIэныгъэхэри. Уеблэмэ, я лъэпкъ зэхэщIыкIыр куут, лъэщти, хамэщI щыIэми, яхъу­мэжыфащ я анэдэлъхубзэри, хабзэри, щэнхабзэри. Нэхъыщхьэращи, я гумрэ я гугъэмрэ яфIэмыкIуэду, гъащIэр, цIыхур фIыуэ ялъагъуу къэнащ. Бэлыхь псори лIы­хъужьыгъэ хэлъу къызэ­ранэкIри, балъкъэрхэр зыу­жьыныгъэм и гъуэгу нэхум, хуитым теувэжащ, илъэс 13 дэкIри. Iуащхьэмахуэ Iуплъэжащ, я анэдэлъхубзэр къуршыжьхэм щыIужащ, усакIуэми зэрыжиIауэ. 
Ди республикэм ис лъэпкъ псори, балъкъэрхэри къытхэту, нобэ дызэдопсэу, дызэ­гу­рыIуэу, дызэдэIуэжу, къэрал уна­фэ дахэм дыщIэту, зэныбжьэгъугъэ ин ди зэхуаку дэлъу. А фIыгъуэхэр къапэ­кIуащ ди лъэпкъхэм яхэлъ зэхэщIыкIым, бэшэчагъым, шыIэныгъэм. АдэкIи ефIэ­кIуэныгъэ, ехъулIэныгъэ куэд диIэныр дэтхэнэми ди хъуэп­сапIэщ. 

ТАМБИЙ  Линэ. 

Поделиться:

Читать также: