КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек республикэм щыпсэухэм
ЗЭРЫЗАХУИГЪАЗЭР
ПщIэ зыхуэсщI си лъахэгъухэ!
Нобэ илъэс 81-рэ ирокъу балъкъэр лъэпкъыр залымыгъэкIэ хэкум зэрырашрэ. Текъузэныгъэмрэ хабзэншагъэмрэ я купщIэр къэзыгъэлъагъуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэм и напэкIуэцI нэхъ нэщхъеягъуэ дыдэхэм ящыщт а щIэпхъаджагъэр. ЦIыхухэм паубыдат я щIыналъэм щыпсэужыну, щылэжьэну яIэ хуитыныгъэр.
Нэгум къыщIэгъэхьэгъуейщ адэжь щIыналъэм пэIэщIэу абыхэм ирахьэкIа илъэсхэм я хьэлъагъыу щытар. Унагъуэ куэдым хамэ щIыпIэм щафIэкIуэдащ я Iыхьлыхэр, гугъуехь бжыгъэншэхэм пхыкIын хуей хъуащ.
Ауэ, сыт хуэдэу щытми, балъкъэр цIыхубэр къызэфIэщIакъым. Я Iущагъыр, яхэлъ бэшэчагъымрэ яхэлъ псэкупсэ къарумрэ, пэжыр зэгуэр наIуэ къэхъужу захуагъэр зэрытекIуэнур я фIэщ зэрыхъур лъэпкъым щыщхэм щIэгъэкъуэн яхуэхъуащ хьэзаб псори къызэранэкIынымкIэ, абы къыдэкIуэуи и бзэр, щэнхабзэр, псэкупсэ къулеигъэхэр, хабзэхэр ихъумэжауэ щIыналъэм къигъэзэжынымкIэ. Нобэ балъкъэрхэр гушхуэныгъэ яхэлъу хуоплъэ махуэщIэм, Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Урысей псомрэ лъэпкъ куэду зэхэт я цIыхубэм ящIыгъуу я къэкIуэну дахэр яухуэ.
Шэч къытесхьэркъым зэкъуэтыныгъэм, зым адрейм зыщIигъэкъуэным ди къару нэхъыщхьэр зэрыхэлъым икIи ар и лъабжьэу сыт хуэдэ гугъуехьми дызэрытекIуэнум, мурад тщIа псори зэрызэдгъэхъулIэфынум, ди республикэмрэ ди къэралышхуэмрэ ефIэкIуэным, нэхъри заужьыным хуэгъэза Iуэхухэр къызэрыддэхъунум.