IэщIагъэм сыхуэзышар си анэшхуэрщДи республикэм щыщ щIалэгъуалэ куэд ди къэралым и къалэшхуэхэм ехъулIэныгъэхэр яIэу щолажьэ. Абыхэм ящыщ зыщ Лэскэн районым хыхьэ Урыху къуажэм щыщ Жамбей Азэмэт. 2012 гъэм абы КъБКъУ-м и медицинэ къудамэр къиухащ, интернатурэри абы щрихьэкIащ. АдэкIэ и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ УФ-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм КардиологиемкIэ и щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и ординатурэмрэ аспирантурэмрэ. И лэжьыгъэр абы медбрату къыщыщIидзауэ щытащ Налшык къалэ и «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэм». Дипломыр къыIэрыхьэжа нэужь ар щылэжьащ УФ-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм КардиологиемкIэ и щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым гу узыфэхэм еIэзэ дохутыру. 2015 гъэ лъандэрэ ар щыIэщ Европэ медицинэ центрым, абы и терапие, стационар къудамэхэм я унафэщIу щытащ, 2023 гъэ лъандэрэ псэукIэр егъэфIэкIуэныр къэзыхутэ проектыр и нэIэм щIэтщ. Жамбейр медицинэ щIэныгъэхэмкIэ кандидатщ. - Азэмэт, дохутыр IэщIагъэр къыхэпхыным сыт щхьэусыгъуэ хуэхъуар? - А IэщIагъэм сыхуэзышар си анэмкIэ си анэшхуэ Къэжэр Нинэщ. Ар езыр сымаджэрилэт, абы япэу къызжиIауэ щытащ дохутырыфI къызэрысхэкIынур. Анэшхуэм и жыIэр си фIэщ хъури, сигури си щхьэри дохутыр сызэрыхъуным тезухуащ икIи абы иужькIэ нэгъуэщI IэщIагъэм зыщыслъагъужакъым. Си адэ-анэхэу Амурбийрэ Маритэрэ си жэрдэмыр къыщыздаIыгъым, тегушхуауэ си мурадыр зэрызэзгъэхъулIэным сыхущIэкъуащ. Дохутырхэр цIыхухэм зэрадэIэпыкъур слъагъуу IэщIагъэр къыхэсхауэ аракъым, пэжыр жысIэнщи, апхуэдэ си нэгу щIэкIатэкъым. АтIэ цIыхухэм я дзыхь зрагъэзыфын, абыхэм сэбэп яхуэхъуфын дохутыр къызэрысхалъагъукIыфаращ а IэщIагъэмрэ сэрэ дызэзышэлIар. Къапщтэмэ, нобэ ар къызэхъулIауэ, ахэр къызэрысщыгугъар згъэпэжауэ си гугъэщ. - Уи лэжьыгъэм щынэхъыщхьэу сыт къэплъытэр? - Си деж къакIуэ сымаджэхэм къысхуащI дзыхьыр згъэпэжыныр псом япэ изогъэщ. Дохутырыр и къалэным тэмэму пэлъэщынымкIэ ар мыхьэнэшхуэ зиIэщ. Сымаджэм сэбэп узэрыхуэхъуфынумкIэ гугъэ ебгъэщIыфмэ, уэ езым къыбгуроIуэж IэщIагъэр пэжу къызэрыхэпхар икIи нэхъ тегушхуауэ Iуэхум упэрытщ. Къытызогъэзэжри, сымаджэм къысхуищI дзыхьым си дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ. - Азэмэт, дохутырым и зы махуэр зэрекIуэкIым дыщыгъэгъуазэт. - Дохутырым и махуэхэр зэрызэщхьэщыкIышхуэ щыIэу пхужыIэнукъым. Узым къыхигъэзыхь цIыхур къокIуэри, и щытыкIэр къыпхуеIуатэ, адэкIэ сызэреIэзэнур соубзыху, зэрыхъукIэ и Iуэхур зыIутыр къыгурызогъаIуэри, и узыншагъэр зэрызэфIэдгъэувэжыным зэгъусэу иужь дохьэ. Махуэм къриубыдэу цIыху зыбжанэм я щытыкIэр къызопщытэ. Лэжьэгъуэ зэманыр и кIэм щынэблагъэм деж дэтхэнэми хуэсщIэну дэIэпыкъуныгъэр зыхуэдэр зэхузогъэкIуэж. НэгъуэщIуи хъунукъым, сэ абы и узыншагъэмкIэ жэуаплыныгъэр си пщэ дэслъхьэжащи. - Гу узыфэхэмкIэ нобэ сыт хуэдэ щытыкIэ щыIэ? Зи узыншагъэр зыхъумэну хуейхэм сыт хуэдэ чэнджэщ ептынт? - Бжыгъэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, гу узыфэхэр зиIэхэр нэхъ мащIэ хъуакъым, ауэ нобэ медицинэм Iэмал хъарзынэхэр къыдет ахэр хэмытIасэ щIыкIэ къэтхутэну, апхуэдэ щIыкIэкIи нэхъ псынщIэу тхуогъэхъуж. Уи узыншагъэр пхъумэн папщIэ, щIэх-щIэхыурэ дохутырхэм я деж укIуэн хуейуэ аракъым. Нэхъыщхьэр гъащIэ узыншэ зэрепхьэкIыным ухущIэкъунырщ: пшхым укIэлъыплъыпхъэщ, уи жейр бгъэныкъуэ хъунукъым, уи зыгъэпсэхугъуэри щхьэпагъ пылъу бубзыхун хуейщ. А псом къадэкIуэу уи узыншагъэм и щытыкIэр илъэсым зэ къебгъэпщытэмэ, тэмэмщ. Псоми зэрытщIэщи, жылагъуэм и лъабжьэ быдэр унагъуэ узыншэрщ. - Азэмэт, республикэм бгъэзэжу ущылэжьэн мурад уиIэ? - Пэжыр жысIэнщи, Москва пIалъэ кIыхькIэ зыщысIэжьэным си Iуэху теухуауэ щытакъым. Еджэныр къэзухмэ, республикэм згъэзэжыну си гугъащ. Ауэ мы IэщIагъэм нэхъ куууэ ухэгъуэзэхукIэ нэхъыфIщ. Си щIэныгъэм хэзгъэхъуа нэужь, лэжьыгъэ и пIалъэ нэхъыфIу къэсщIэну сыхуейт. Къалэшхуэм абы и лъэныкъуэкIэ Iэмал нэхъыбэ щызгъуэтынут. Си адэ-анэри си анэшхуэ Нини къызэрысщыгугъа дохутыр нэс къысхэкIынымкIэ мыбдеж щызэзгъэгъуэта лъабжьэм мыхьэнэшхуэ иIэщ. Шэч хэмылъу, республикэм згъэзэжыну си мурадщ. Къапщтэмэ, щIыналъэм и медицинэм зегъэужьыным зи гуащIэ хэзылъхьэфын IэщIагъэлIу сызэрыкIуэжынум гушхуэныгъэ къысхелъхьэ. - Уи лэжьыгъэкIэ узэрыгушхуэ ехъулIэныгъэр сыт хуэдэ? - Си лэжьэгъухэмрэ згъэхъужа цIыхухэмрэ я деж щызиIэ пщIэр, абыхэм си зэфIэкIыр къызэралъытэр си дежкIэ гухэхъуэщ, абы нэхъ ехъулIэныгъэшхуи къэслъыхъуэркъым.
Поделиться:
Читать также:
18.03.2025 - 15:21 →
ФифI фымыгъэпуд, фи Iей фымыгъэпщкIу
18.03.2025 - 14:30 →
НэхъыфIым и шэсыпIэхэр
17.03.2025 - 14:36 →
Ахъшэр зыужьыныгъэм къыхуагъэсэбэп
17.03.2025 - 13:33 →
Шэмрэ шатащхьэмрэ
17.03.2025 - 13:00 →
Шхыныгъуэ пщтырхэмкIэ къызэрагъэпэщ
|