Зы лъабжьэ, зы бзэ
Пасэреибзэхэм елэжь щIэныгъэлIым едж къитIэщIыж хьэт псалъэхэм я зэхэлъыкIэр, ухуэкIэр, къызэрыхъу хабзэхэр. Тихоновэм иригъэкIуэкI къэхутэныгъэхэм лъабжьэ яхуэхъуар хетхэм, хьэтхэм, кавказ лъэпкъхэм я бзэрщ. Ауэ жыпIэ хъунукъым хьэтыбзэм и щэху псори къатIэщIауэ. Сыту жыпIэмэ, а пасэрей лъэпкъыжьым и тхыдэр зытхыжар иужьыIуэкIэ къэунэхуа хетхэрщ. Ар щатхыжым хьэтыбзэм щыщ псалъэ зыбжанэ хет гъущIынэтхым хагъэхьащ, зэрызэхахым хуэдэу ятхыурэ. А зрадзэкIа хет тхыгъэхэм къеджэф щIэныгъэлIхэр щыIэмэ, хьэтыбзэ къабзэмкIэ щIэныгъэлI щыIэххэкъым. ИкIи, дэнэ къипхыну хьэтыбзэр, абыхэм тхыбзэ ямыIамэ?! Iуэхур нэхъри гугъу къещI блэкIа илъэс мин бжыгъэхэм бзэр зэрахъуэжам. Ауэ, пэжыр пэжщ - хьэтыбзэм хэтщ нобэрей адыгэхэми абхъазхэми яцIыху псалъэхэр. Ауэ щыхъукIэ, нобэрей адыгэ-абхъазыбзэхэр зэхэпщарэ, ар пасэрей лъэпкъыжьхэм я зэхуэдэу ирипсалъэу къызэщыбгъэхъумэ къыбгурыIуэнущ хьэтыбзэр зищIысыр. Адыгэм къимыгъэсэбэпыж, зызыхъуэжа, имыцIыхуж псалъэхэр абхъазым къыгурыIуэнкIи мэхъу, псалъэм папщIэ, е абхъазым зыхимыщIыкIыр адыгэбзэм ноби хэту къыщыщIэкI щыIэщ. Языныкъуэ щIэныгъэлIхэм (Браун Я., Дунаевская И.М., Дьяконов И. М.; Иванов Вяч. Вс., КIэрашэ З. И.) хьэтыбзэмрэ адыгэ-абхъазыбзэхэмрэ зэщхьу жаIэ, нэгъуэщIхэм (Камменхубер А., Ларошэ Е.) къызэралъытэмкIэ, «илъэс мини 3 дэкIыжауэ тхыгъэ зэпыщIэныгъэ улъыхъуэну тэмэмкъым». Ауэ, сыт хуэдэ тхыгъэ зэпыщIэныгъэ дызытепсэлъыхьыр, хьэтхэм тхыбзэ ямыIауэ щыжаIэкIэ?! ГурыIуэгъуэщ хьэтыбзэр IуэрыIуатэу зэрыщытар, абыхэм зыгуэр къащIэныххами, хет гъущIынэтхым зэрихъумар. Къапщтэмэ, 20-нэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэ хъуху адыгэм тхыбзэ имыIэу къэгъуэгурыкIуащ. Ауэ, гъэщIэгъуэнракъэ, бзэр нобэм къэсыным зыкIи зэран хуэхъуакъым адыгэм тхыбзэ зэримыIар. ИкIи, Тихоновэм къызэрилъытэмкIэ, «нобэрей адыгэ-абхъазыбзэхэр хьэтыбзэм къазэрытехъукIам и щыхьэт лей умылъыхъуэми хъунущ абыхэм я зэхэлъыкIэкIэ, ухуэкIэкIэ зы хабзэм зэрытетыр къэплъытэмэ». Лингвист Раск Расмус (1787-1832 гъ.) итхыгъащ: «Зы лIэщIыгъуэ закъуэм къриубыдэу цIыхухэм я фIэщхъуныгъэми, хабзэхэми, щэнхабзэми захъуэжынкIэ хъунущ. ЩIэныгъэ зрагъэгъуэту, а щIэныгъэм къыпыкIынур къыпакъузыкIыу, тхьэмыщкIагъэм къыщыхуэкIуэжри мащIэкъым. Ауэ, илъэс мин бжыгъэ дэкIами, бзэр къыпхуэмыцIыхужын хуэдэу зэи зихъуэжынукъым». Ауэ щыхъукIэ, тебгъэчыныхьыфынущ санскритым индоевропеибзэхэм ехьэлIауэ игъэзэщIа лэжьыгъэм (къызэрахутамкIэ, индоевропеибзэхэм я процент 80-р санскритым къыхэкIащ) хуэдэ хьэтыбзэм адыгэбзэм къыхуищIауэ. Арами, лэжьыгъэр нэхъри елъахъэ хьэт псалъэхэр латин алыфбейкIэ транскрипцэ зэращIам, адыгэбзэр кириллицэм зэрытетым. Абы макъхэр гурыIуэгъуей ещI. Арами, щыIэщ я тхыкIэри, къэпсэлъыкIэри, мыхьэнэри тынш дыдэу щагъэнахуэ. Дьяконовэ И. М. зэритхымкIэ, аккад гъущIынэтхми ущрохьэлIэ хьэтыбзэм. А унэтIыныгъэм дегъэцIыхуж пасэрей хьэтхэм m, p, n, t, љ, c, k, h, l, r, w, f, j, a, i, u, e макъхэр къызэрапсэлъу щыта дыдэм хуэдэу. Ауэ, абыхэми языхэзыр зыхэт псалъэм елъытащ зэрыIур. Ауэ щыхъукIэ, аккадхэми къахуэгъэлъэгъуакъым макъ зыбжанэ. Псалъэм папщIэ, латин алыфбейкIэ къэгъэлъэгъуа хьэт «t»-м щхьэкIэ адыгэм т, тI; «p»-м - п, пI; «k»-м - к, къ, кI; «l»-м - л, лъ; «h»-м - х, хъ, хь; «z»-м - ц, цI; «љ»-м - ш, щ, щI щыжиIэ щыIэщ. Ахэр латинкIэ къэгъэлъэгъуа хъуакъыми, укъыщеджэкIэ гугъу удохь. Арами, хьэтыбзэмрэ абы къыхэкIа нобэрей адыгэбзэмрэ хэлъщ псалъэ зыбжанэ: унэ, уэ (уафэ, космос), ябгэ, ин, уадэ, пэ, щхьэ, нэ, адэ, анэ, уэтэрыпс, бын, гъущI, мывэ, къан, Iэпэ, нэгъуэщIхэри. ГъэщIэгъуэнракъэ, адыгэбзэм и зы къудамэм щумыгъуэт мыхьэнэр нэгъуэщI диалектым хэтщ. Апхуэдэу, «pala a-an-zal-ma urel huzzal-ili» (И она позвала к себе всемогущего кузнеца) псалъэухам теухуауэ пасэрей анадолэбзэхэр зыджа лингвист Камменхубер Аннелиз (1922-1995 гъэхэм псэуам) итхащ: «Urel»-рэ «huzzal-ili»-рэ языхэзым гъукIэ псалъэр къокI, ауэ а тIум ящыщу дэтхэнэрами къытхуэщIакъым». Тихоновэ Азэ зэрыжиIэмкIэ, а псалъитIым я мыхьэнэр къыбгурыIуэн папщIэ, абхъазыбзэри кIахэ псэлъэкIэри сэбэп хъунукъым, атIэ къэбэрдеибзэмкIэ уегупсысын хуейщ. ИтIанэ гурыIуэгъуэ мэхъу huzzal-ili жиIэмэ, гъукIэлI къызэрикIыр. КъищынэмыщIауэ, a-ta-niual жиIэмэ, нывэлI/мывэлI жиIэу къыбгуроIуэ, «каменщик» къикIыу. Псалъэм папщIэ, «Lulinkatti a-ta-niual» псалъэм «ЛулIынкъэти адэ-нывэлI» жиIэу укъоджэ. Хьэтыбзэм къеджэхэм дызэрыщагъэгъуазэмкIэ, «лу» приставкэм пщы къокI, ЛIынкъэтир и цIэщ, адэ-нывэлIым щхьэкIэ «гъукIэтхьэ», гъукIэ псоми ефIэкI жыпIэ хъунущ. Гулъытэншэ пщIы хъунукъым «kantil» псалъэу хьэтыбзэм къыхэнари. Абы укъеджэ хъунущ къантылI жиIэу, къикIри «къан зрат лIыщ». Хетхэм яIащ «tuh-kanti» псалъэ, хьэтыбзэм къыхахауэ. Апхуэдэу еджэрт къулыкъу нэхъыщхьэ дыдэу хетхэм яIам икIи «къану ята» жыхуиIэ хьэт псалъэмкIэ къагъэлъагъуэр пщым и къуэрт, къану ятауэ атэлыкъым деж щыIэр. «Hatussili» топонимым къигъэлъагъуэрт хьэтхэр щыпсэу щIыналъэр икIи абы адыгэбзэкIэ укъызэреджэнур ХьэтущIылъэщ. ЩыIэщ хьэт псалъэ - «ua-zari-el», «ua-zar» псалъэм къытехъукIыжауэ уасэ жыхуэтIэр. Хьэтхэм зыгуэрым щIатыр уасэкIэ къабжу щытащ. Нобэ «уасэ» жыхуэтIэу, хьэпшыпым и пщIэр къызэрыпщ ахъшэм ипIэкIэ нэхъапэм мэл щIату щытащ. Мэлым хьэтхэр зэреджэри уасэт. Хьэтыбзэм куэдрэ ущрохьэлIэ ili, il, еl суффиксхэм. Адыгэбзэм ар къокIуэ «ылъэ» суффиксу, икIи хьэпшып гуэр зэрызрахьэ кумбыгъэ къигъэлъагъуэу. Псалъэм папщIэ, ныртыхулъэ (ду), ХьэтущIылъэ, шыгъулъэ. Ауэ щыIэщ il суффиксыр псалъэ лъабжьэм къыщыпыувэм деж IэщIагъэ къыщигъэлъагъуэ: haggazuel хьэтыбзэм «хьэгъэжылI» жыпIэу укъеджэ мэхъу, икIи фадэ, псы къизыкIэ цIыху къокI - хьэ (цIыху) + гъэж+ылI. Хьэт фIэщхъуныгъэм дигъэцIыхуж тхьэцIэхэри пхузэпкърыхынущ пычыгъуэ-пычыгъуэу. Апхуэдэщ Telipinu тхьэ адэм и цIэр. «Тэ» пычыгъуэм къикIыр адэщ, li-р лIыуи лъыуи щытынкIэ хъунущ, pinu жыхуиIэр бынщ. Ауэ щыхъукIэ, АдэлIыбынщ укъызэреджэр. Нэрылъагъущ хьэтыбзэр адыгэм диалекту иIэмрэ абхъазыбзэмрэ я лъабжьэу зэрыщытыр, адыгэбзэм ирипсалъэ, иригупсысэм а пасэрей бзэм и транскрипцэм тыншу къызэреджэфыр. Дыщыгугъынщ ди щIэныгъэлIхэм мы унэтIыныгъэмкIэ къэхутэныгъэхэм дяпэкIи къыхагъэхъуэну. Фырэ Анфисэ.
Поделиться:
Читать также:
18.03.2025 - 15:21 →
ФифI фымыгъэпуд, фи Iей фымыгъэпщкIу
18.03.2025 - 14:30 →
НэхъыфIым и шэсыпIэхэр
17.03.2025 - 14:36 →
Ахъшэр зыужьыныгъэм къыхуагъэсэбэп
17.03.2025 - 13:33 →
Шэмрэ шатащхьэмрэ
17.03.2025 - 13:00 →
Шхыныгъуэ пщтырхэмкIэ къызэрагъэпэщ
|