Зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыж дэтхэнэри, ар цIыху щхьэхуэу, лъэпкъыу е къэралу щрет, йогугъу икIи гулъытэшхуэ хуещI къыщIэхъуэ щIэблэм гъэсэныгъэ тэмэм етыным, цIыкIухэм я псэр къабзагъэм, щIэныгъэм хуэгъэушыным, а анэдэлъхубзэр яIурылъу, зыщыщ лъэпкъым и хабзэхэмрэ щэнхабзэмрэ щыгъуазэу, ахэр зыхуэбгъадэ хъун щымыIэ фIыгъуэу зэрыщытыр хьэкъыу япхыкIауэ къэгъэтэджыным. Сабий къыщыхъу унагъуэм, шэч хэмылъу, мыхьэнэшхуэ иIэщ а IуэхухэмкIэ, аращ цIыхум хэлъынкIэ хъуну хьэлхэми щэнхэми я къежьапIэр, лъабжьэр. АдэкIэ цIыхупсэм и зыужьыныгъэр нэхъыбэу я IэмыщIэ йохуэ сабий гъэсакIуэхэмрэ курыт школхэмрэ я IэщIагъэлIхэм.
- Сабийр цIыху хэтыкIэм и хабзэхэм, гъащIэм и зэхэлъыкIэм, щIэныгъэ гъуэгум япэу щытеувэр гъэсапIэращ. Абы къекIуалIэ цIыкIухэм ядэбгъэзащIэ лэжьыгъэ псоми я нэхъыщхьэщ яхууиIахъэ лъагъуныгъэ къабзэр, уазэрепсэлъапхъэ анэбзэ гуапэм и IэфIыр сабиипсэм зыхебгъэщIэныр, цIыкIур апхуэдэу къыдэпхьэхыныр. Абыхэм къакIэлъокIуэ жэуаплыныгъэ ин зыпылъ, гъунапкъэ куэд къызэщIэзыубыдэ икIи хьэлэмэт защIэу зэхэухуэна гъэсэныгъэ лэжьыгъэшхуэр, - жеIэ Лэскэн щIыналъэм хыхьэ Хьэтуей къуажэм Дол Хьэсэнбий и цIэр зэрихьэу дэт курыт школым (унафэщIыр Гупсешэ Залинэщ) къепха гъэсапIэм и унафэщI Тохъу (Слъон) Замирэ. - Мыхьэнэшхуэ зиIэ а Iуэхур къызыхуэтыншэу щызэфIэпхыфынур уи IэнатIэм гурэ псэкIэ убгъэдэтмэщ, дзыхь къыпхуащIамкIэ жэуаплыныгъэ зыхэпщIэрэ адрейхэм щапхъэ уахуэхъун хуэдэу лэжьыгъэр епхьэкIмэщ.
Апхуэдэущ и IэнатIэр зэрырихьэкIыр езы Замирэ. И щIалэгъуэм гу зыхуищIа IэщIагъэмкIэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ, зэфIэкI лъагэхэр зыбгъэдэлъ бзылъхугъэр илъэс 30-м щIигъуащ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэм хьэлэлу, щапхъэ игъэлъагъуэу зэрыпэрытрэ. Апхуэдэ и лэжьыгъэфIым папщIи мызэ-мытIэу къыхуагъэфэщащ щытхъу, фIыщIэ тхылъ бжыгъэншэхэр. Абыхэм яхэлъщ КъБР-м и Iэтащхьэм, республикэм Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм, нэгъуэщI IэнатIэхэми къабгъэдэкIахэр.
Аушыджэр дэт курыт школыр ехъулIэныгъэкIэ къиухри, Замирэ и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и тхыдэ-филологие къудамэм. 1993 гъэм абы еджэныр хъарзынэу зэфIихащ икIи «филолог, урысыбзэмрэ литературэмкIэ, адыгэбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэ» IэщIагъэр иIэу лэжьэн щыщIидзащ Налшык дэт гимназие №13-м, лъэпкъыбзэмрэ литературэмрэ щIэблэм яригъэджу. ЕгъэджакIуэ ныбжьыщIэр зэман кIэщIым къриубыдэу хуэIэижь хъуащ и IэщIагъэм. ЩIэм и лъыхъуакIуэу, методикэ пэрытхэр дерсхэм къыщигъэсэбэпу, анэдэлъхубзэм и дахагъыр, IэфIагъыр сабиипсэм зыхригъащIэу лажьэу, Замирэ цIыкIухэми зыхэт гупми фIыуэ къалъэгъуащ, адэ-анэхэри къыхуэарэзы хъуащ. ИлъэситIкIэ абы щыIауэ, егъэджакIуэм и лэжьыгъэм щыпищащ Хьэтуей дэт курыт школым. Иджы, илъэси 10-м нэсауэ, Тохъур еджапIэм и нэIэм щIэту лажьэ сабий садым и унафэщIщ, и къалэнхэри къызыхуэтыншэу зэфIех, егъэджэныгъэмкIэ щIыпIэ IэнатIэм и унафэщIхэри, и нэIэм щIэтхэри, адэ-анэхэри къыхуэарэзыуэ.
Ди анэдэлъхубзэм иIэ иджырей щытыкIэр къапщтэмэ, а унэтIыныгъэмкIэ сабийхэм ядэлажьэ гъэсакIуэу, егъэджакIуэу, щIэблэм я унэтIакIуэу мы лъэхъэнэм ущытыныр къызэрыгуэкI Iуэхукъым. Зэманым зихъуэжащ, абы хэпсэукI балигъхэми сабийхэми я дуней еплъыкIэри гупсысэкIэри нэгъуэщIщ. Сабийхэм хэкупсэ гъэсэныгъэ ябгъэдэплъхьэныр, анэдэлъхубзэр яIурылърэ лъэпкъ хабзэхэм щыгъуазэу къэбгъэхъун папщIэ, лэжьыгъэщIэмрэ гупсысэщIэмрэ гупыр хуэзыгъэуш, дэтхэнэми бзэ щхьэхуэ къахуэзыгъуэтыф пашэу ущытын хуейщ. Апхуэдэущ зэрылажьэр Замири абы и нэIэм щIэтхэри.
- Зызыхъуэжа дунейм и нэщэнэхэр къыдгуроIуэри, ди лэжьыгъэм щыдогъэнэхъапэ лъэпкъ хабзэмрэ хьэл-щэнымрэ ди сабийхэр щIэтпIыкIыныр, ди анэдэлъхубзэр яIурылъу, ар ягъэшэрыуэу къэдгъэтэджыныр. Ди гъэсакIуэхэм абыхэм ятеухуа зэхыхьэхэр гупжьейхэм къыщызэрагъэпэщ. Абы щыгъуэм деж тхьэлъэIу зэхуэмыдэхэм, адыгэ хьэгъуэлIыгъуэм щыщ хабзэ щхьэхуэхэр сабийхэм ягъэзащIэ, а махуэ лъапIэхэм ятеухуауэ усэ, уэрэд жаIэ, къофэ. Апхуэдэу цIыкIухэм зрагъащIэ къызыхэкIа лъэпкъым къыдекIуэкI хабзэхэм щыщхэр: нэхъыжьымрэ нэхъыщIэмрэ, адэ-анэмрэ бынымрэ, цIыхухъухэмрэ бзылъхугъэхэмрэ яку илъын хуей пщIэр, нэмысыр, гулъытэр, н.къ. Абыхэм йолIалIэ анэдэлъхубзэхэр ди деж щезыгъэдж IэщIагъэлIхэри, - къыхегъэщ Замирэ. - КъинэмыщIауэ, ди гъэсэн цIыкIухэр илъэс къэс хэтщ къалэпсо, республикэпсо, къэралпсо зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм, ехъулIэныгъэфIхэри зыIэрагъэхьэ. Жыджэру дыхэтащ «Си бзэ – си псэ, си дуней» республикэпсо зэпеуэми. Осетие Ищхъэрэм, нэгъуэщI щIыпIэхэми щекIуэкIа семинархэм я щIэныгъэм щыхагъэхъуащ ди гъэсакIуэхэм.
ГъэсапIэр хэтащ икIи текIуэныгъэ къыщихьащ «Урысей Федерацэм и гъэсапIэ нэхъыфIхэр» къэралпсо зэхьэзэхуэм, «ЦIыхумрэ щIыуэпсымрэ», «ЩIэныгъэм и дуней», «Усэ псэу» урысейпсо фестиваль-зэпеуэхэм, нэгъуэщIхэми.
Тохъур зытепсэлъыхьхэр лэжьакIуэ гупри адэ-анэхэри зэгъусэу зэрыгушхуэ Iуэхугъуэщ. ГъэсапIэм зыIэригъэхьэ дэтхэнэ ехъулIэныгъэри къыпокIуэ абыхэм я лэжьыгъэ хьэлэлым. Сабий садыр зэпэщщ зи IэщIагъэм хуэIэзэ IэщIагъэлIхэмкIэ. псоми я цIэр къримыIуэфми, Замирэ къыхегъэбелджылыкI IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ нэхъыжьыфIхэу «ЕгъэджакIуэм зэрихьа псэкупсэ лIыгъэм папщIэ» къэрал дамыгъэ лъапIэр нэгъабэ зыхуагъэфэща Тэрчокъуэ ФатIимэ, Бетрожь Любэ, Iэщнокъуэ Зое, Тэтэр Замирэ, Истепан Рае, БищIо Феня, Щхьэгуэш Мирэ сымэ. Абыхэм яхэлъ жэуаплыныгъэм, я къалэнхэр дагъуэншэу зэрагъэзащIэм кIэлъоплъ гупым къахыхьэ щIалэгъуалэр, щапхъи трах.
Лэжьыгъэ мытыншым, жэуаплыныгъэ ин зыпылъым, жылагъуэм мыхьэнэшхуэ щызиIэм пэрытщ Тохъу Замири абы и гупри. Ахэр хущIокъу, ябгъэдэлъ щIэныгъэ куумрэ зэфIэкI лъагэхэмрэ я тегъэщIапIэу, сабийр фIым, гуапагъым, пэжыгъэм, еджэным къыхуагъэушыну, щалъхуа щIыналъэр, я анэбзэр фIыуэ ялъагъуу къагъэхъуну, зэпыу ямыIэу йолIалIэ ди хэкум щIэблэ гъэса къитэджэным.
- Зи анэдэлъхубзэр зыIурылъ, анэбзэм и IэфIыр псэкIэ зыхэзыщIэ, лъэпкъ хабзэмрэ щэнхабзэмрэ пщIэ хуэзыщI щIэблэ къыпщIэувэныр фIыгъуэшхуэщ. А фIыгъуэхэр щалъытэ къэралри дапщэщи лъэщщ, - жеIэ Тохъу Замирэ. – Апхуэдэм къыпэхъуни къытекIуэни щыIэкъым.