КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ иджыблагъэ иригъэкIуэкIа зи чэзу зэIущIэм Iуэхугъуэ 20-м щIигъум щыхэплъащ. Абыхэм ящыщщ «КъБР-м административнэ хабзэхэр къыщызэпемыгъэудынымкIэ и кодексым и Iыхьэ 8.5-м и 5-нэ частым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» республикэ законыр.
КъБР-м и Парламентым БюджетымкIэ, налогхэмрэ финанс IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI АфэщIагъуэ Михаил жиIащ законопроектым халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм зэрагъэбелджылыр муниципальнэ ахъшэм ехьэлIа кIэлъыплъыныгъэхэр щрагъэкIуэкIкIэ, административнэ хабзэхэр къызэрызэпаудам и протоколхэр зытхыну хуит къулыкъущIэхэр. Къэпсэлъам зэрыжиIамкIэ, зэхъуэкIыныгъэхэр сэбэп хуэхъунущ УФ-м и бюджет законодательствэр къызэрызэпаудым и бжыгъэр гъэмэщIэным.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ «КъБР-м и ЩIы кодексым и Iыхьэ 14, 17-хэм зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэнымрэ щIыналъэм псэупIэ щаухуэн папщIэ цIыху щхьэхуэхэм пщIэншэу щIы Iыхьэ зэрыратым и IуэхукIэ» законопроектым.
КъБР-м и Парламентым Мэкъумэш IэнатIэмкIэ, щIыуэпсыр къэгъэсэбэпынымкIэ, экологиемрэ дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэнымкIэ и комитетым и унафэщI ТекIушэ Артур къыхигъэщащ дэфтэрыр зэрыхуэунэтIар УФ-м и Президентым «УФ-м IэщэкIэ ЗэщIэузэда и къарухэм я пщэрылъ къалэнхэр ягъэзэщIэным хуэгъэзауэ зэгурыIуэныгъэм Iэ тезыдзахэм зэрызыщIагъакъуэ Iэмалхэм дэщIыгъуным ехьэлIауэ» и унафэм къыщыгъэлъэгъуахэр гъэзэщIэным.
АдэкIэ щыхэплъащ «КъБР-м административнэ хабзэхэр къыщызэпемыгъэудынымкIэ и кодексым и Iыхьэ 7-1.13-мрэ «Фадэрэ къару къыпхэзылъхьэу къалъытэ псыхэмрэ зэращэр гъэтэмэмыным теухуауэ» КъБР-м и Законымрэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» законопроектым.
КъБР-м и Парламентым ПромышленностымкIэ, транспортымкIэ, связымрэ гъуэгу IэнатIэмкIэ и комитетым и унафэщI Къалмыкъ Марат жиIащ зи гугъу ящIхэр щащэ щIыпIэхэр ягъэмэщIэнымрэ апхуэдэхэм зэман хэха яIэу щIынымрэ дэфтэрыр зэрытеухуар.
Депутатхэр тепсэлъыхьащ «Псапэ Iуэхухэр къызэрызэрагъэпэщым ехьэлIауэ» законопроектым. КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмкIэ, физическэ щэнхабзэмкIэ, спортымрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщIым и къуэдзэ Коротких Ольгэ жиIащ законопроектымкIэ республикэ унафэщIхэм я пщэрылъхэр зэрызыщхьэщахыр, апхуэдэуи Къэбэрдей-Балъкъэрым волонтёр лэжьыгъэм щытекIуадэм хухах ахъшэр зэрагъэбелджылыр.
ЗэIущIэм щыхэплъащ «УФ-м административнэ хабзэхэр къызэпемыгъэудынымкIэ и кодексым и Iыхьэ 125-м хэлъхьэн хуей зэхъуэкIыныгъэхэм ятеухуауэ» федеральнэ закон № 818393-8-м КъБР-м и Парламентым Жылагъуэ шынагъуэншагъэмрэ Iулъхьэм пэщIэтынымкIэ и комитетыр зэрыпэджэжым.
Къэрал, муниципальнэ мылъкур уней зэращIым, хьэрычэт Iуэху мащIэмрэ курытымрэ, егъэджэныгъэм, физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ зегъэужьыным теухуа федеральнэ законхэм я проектхэми тепсэлъыхьащ депутатхэр.
КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.