Гум и лъащIэм щахъумэ фIыгъуэЛъэпкъым и анэдэлъхубзэр дамыгъэ хэхахэмкIэ къэгъэлъэгъуауэ, ар къыдекIуэкIыу, зиужьу, къыщIэхъуэ щIэб-лэм Iурылъу къэтэджыныр - ар уасэ зимыIэ фIыгъуэшхуэщ. А лъапIэныгъэр зей лъэпкъым щыщ дэтхэнэми гу лъащIэм щехъумэ, хуэсакъыу, игъафIэу, ихъумэу, зригъэужьу. Аращ адыгэхэри. Дэ тхыбзэ диIэу къызэралъытэрэ илъэси 172-рэ дыгъуасэ ирикъуащ. Тхыдэ дэфтэрхэм къызэрыхэщыжымкIэ, 1853 гъэм гъатхэпэм (мартым) и 14-м дунейм къытехьауэ щытащ адыгэбзэкIэ тха япэ тхылъыр - «Адыгэбзэ псалъалъэр». Ар зи къалэмыпэм къыщIэкIар лъэпкъ щIэныгъэлI Бырсей Умарщ. А зэманым къыщыщIэдзауэ адыгэхэм ди тхыбзэ диIэжу, ар гъащIэм къыщыдгъэсэбэпу, Iуэху иризетхьэу дунейм дытетщ. Ди анэдэлъхубзэм хуэфэщэн пщIэрэ гулъытэрэ иIэн папщIэ, адыгэу дунейм тетым ди лъэпкъ зэгухьэныгъэ нэхъ ин дыдэм - Дунейпсо Адыгэ Хасэм - 2003 гъэм, абы теухуа унафэ щхьэхуэ къищтащ. Абы лъандэрэ илъэс къэс гъатхэпэм и 14-м Адыгэ тхыбзэм и махуэр догъэлъапIэ, Бырсейм и «Адыгэбзэ псалъалъэр» къыщыдэкIар и лъабжьэу. ЛIэщIыгъуэ блэкIам и пэщIэдзэм екIуэкIа Жэпуэгъуэ революцэшхуэм и ужькIэ адыгэбзэм и хьэрфхэр урысыбзэм и дамыгъэхэмкIэ къагъэлъагъуэ хъуащ. ИлъэситI-щы нэхъ дэмыкIыу бзэм и макъхэр хьэрып хьэрфылъэм хуагъэкIуэжащ. АбыкIэ къэбэрдей школхэм щрагъэджащ илъэс зыбжанэкIэ. ИужькIэ, 1923 гъэм и пэщIэдзэм, адыгэбзэм зегъэужьыным хуэунэтIа зэIущIэ ин Псыхуабэ щрагъэкIуэкIащ. Абы унафэ къыщащтащ адыгэбзэр латин графикэм тегъэувэн хуейуэ. Лъэпкъыбзэу дунейм тетхэм я нэхъыжьхэм хабжэ ди адыгэбзэр латин хьэрфхэмкIэ къэгъэлъэгъуэным яужь ихьауэ щытащ адыгэ щIэныгъэлI, еджагъэшхуэ, хэкупсэ нэс Хъуран Батий. Латин хьэрф тхыкIэм Хъураным иригъэзэгъа адыгэбзэм и алфавитым цIыхубэр щыгъэгъуэзэн мурад яIэу адыгэ щIэныгъэлIхэу Елбэд Хьэсэнрэ Къэшэж ТIалибрэ 1923 гъэм къыдагъэкIауэ щытащ «Адыгэбзэм и азбукэ» тхылъыр. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым, алыфбеищIэм зэман пыухыкIакIэ хэплъэжа нэужь, абы хэлъ ныкъусаныгъэхэр игъэзэкIуэжщ, зыхущыщIэхэр хилъхьэжри, Хъураным 1924 гъэм «Букварь» къыдигъэкIауэ щытащ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




