Лъэпкъ мащIэ псоми я зэхуэдэ гуныкъуэгъуэщ нобэкIэ анэдэлъхубзэр хъумэн хуейуэ дызэрыува щытыкIэр. Глобализацэм дэкIуэд бзэмрэ щэнхабзэмрэ зыIэщIэдмыгъэкIыпэн папщIэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэми къэрал унафэщIхэми лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкI. Абыхэм ящыщщ анэдэлъхубзэр хъумэнымрэ зегъэужьынымрэ теухуауэ къэрал куэдым я лыкIуэ хэту иджыблагъэ Мейкъуапэ къалэм щрагъэкIуэкIа зэIущIэр.
ЗэIущIэм къыщаIэтащ дэ, адыгэ лъэпкъым, тхуэщхьэпэн Iуэхугъуэ куэд. Абыхэм ящыщщ хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм анэдэлъхубзэр яхъумэным къаруушхуэ хуэунэтIын зэрыхуейр. Бзэхэр щызэрагъащIэ еджапIэу Эскишехир къалэм (Тырку) дэт «Академие» IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ Гъуэгунокъуэ Елизаветэ зи гъугъу тщIа зэIущIэм щытепсэлъы-хьащ езымрэ филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат Тэнащ Тамарэрэ зэдатха «Бзэрабзэ» тхылъыр и щапхъэу хэхэс адыгэхэм адыгэбзэр зэрырагъэдж щIыкIэм.
Тыркум адыгэр мелуан бжыгъэкIэ зэрыщыпсэур къэплъытэмэ, абыхэм защIэжынымрэ, я анэдэлъхубзэр ямыгъэкIуэдыжыным теухуауэ лэжьыгъэшхуэщ мы бзылъхугъэхэр зыбгъэдэтыр. Гъуэгунокъуэмрэ Тэнащымрэ ирагъэкIуэкI къэпщытэныгъэм нэхъ куууэ зыщыдгъэгъуэзэну депсэлъылIащ Елизаветэ.
- ЦIыхур къызыхэкIа лъэпкъыр къэзыгъэлъагъуэр къыщалъхуа щIыпIэракъым, атIэ къэзылъхуа адэ-анэр зэрыпсалъэ бзэмрэ, зэрахьэ хабзэмрэщ. Дунейм укъызэрытехьэрэ зэхыумыха дэтхэнэ зы бзэри балигъ ухъуа иужь зэбгъэщIэну тыншкъым, ар уи анэбзэ е хамэбзэ ирехъу. Хэхэс адыгэхэм я дежкIэ адыгэбзэм и зэгъэщIэныр гугъу щIэхъури аращ. Илъэс 60 хуэдизкIэ узэIэбэкIыжрэ адыгэ хэхэсхэм уахэплъэжмэ, жып телефони, интернети къыщемы-жьэм, къуажэхэм телевизорыр щынэмысам, цIыхухэр нэхъ зэкIэлъыкIуэу, зэрылъагъуу, щызэхыхьэкIи адыгэбзэр нэхъ къагъэсэбэпу щытащ, уеблэмэ а лъэхъэнэм тыркубзэр фIыуэ зымыщIэ нэхъыжь куэд щыбгъуэтынут. Еджэн, лэжьэн папщIэ къалэшхуэхэм Iэпхъуэ щIалэгъуалэр унагъуэм, лъэпкъым, къуажэм пэIэщIэ щыхъум, здэIэпхъуа щIыпIэм къыщекIуэкI бзэм нэхъ ирипсалъэурэ, адыгэбзэр IэщIыб яфIэхъуащ икIи зыхэс лъэпкъхэм яхэшыпсыхьу хуежьащ. Адыгэхэр щыхэхэс къэрал псоми а Iуэхур нобэр къыздэсым щокIуэкI. Аращи, хэхэсхэм я адыгэбзэр яхъумэныр мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхущ икIи къалэн гугъущ.
- Адыгэбзэр хэкурысми IэщIоху, ди жагъуэ зэрыхъунщи. Ауэ хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм анэдэлъхубзэр егъэджыныр куэдкIэ нэхъ гугъущ. Сыт щIэн хуейр, дауэ зэрыбгъэдыхьапхъэр мы Iуэхум?
- Дауи, хэхэсым адыгэбзэр егъэджыным методикэ щхьэхуэ иIэжын хуейщ икIи а методикэр адыгэр зэ-рыс щIыпIэм, абы зэрыщыпсалъэ бзэм тещIыхьауэ щытыпхъэщ. Ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу щIыналъэхэм я къэралыбзэр пщIэуэ, а бзэхэм я гъэпсыкIэр адыгэбзэм къызэрыщхьэщыкIым ипкъ иткIэ, зыIущIэну гугъуехьхэр къыбгурыIуэу, къэплъытэу ебгъэджын хуейщ. Псалъэм папщIэ, тыркубзэкIэ псалъэуха псокIэ къэпIуатэ хъуныр, адыгэбзэм зы псалъэ-кIэ къыжыпIэ мэхъу: сыноплъ - вen sana bakiyorum; сыкъыбдофэ - вen senInle dans edIyorum. Мы щапхъэ-хэм къагъэлъагъуэ адыгэбзэм зы хьэрф фIэкIа мыхъу аффиксхэр тыркубзэм псалъэ псо зэрыщыхъур. Адыгэбзэр зэрадж тхылъ куэд хэкум къыщагъэсэбэп, ауэ абыхэмкIэ хэхэс-хэм адыгэбзэр ебгъэщIэну тыншкъым. А тхылъхэр адыгэбзэр зыIурылъ еджакIуэхэм хуатхащ, зэрытхари зыщыгъуазэ кириллицэ алфавитым тетущ. Хэхэсхэм я нэхъыбэм къагъэсэбэпыр латин тхыпкъылъэращи, кириллицэ алфавитыр щызэрагъащIэкIэ зэман куэд токIуадэ. ЕтIуанэрауэ, хэкурысым адыгэбзэр и унагъуэми, еджапIэми, уэрамми щызэхех, къыщигъэсэбэпын утыку йохуэри, Iэмалыншэу зэригъэщIэн, ирипсэлъэн хуей мэхъу. Хэхэс адыгэм уеплъмэ, гугъу ехьу зэригъэщIа адыгэбзэр щымыгъупщэжыным елIэлIэн хуейщ, уеблэмэ къыщигъэсэбэпын утыкури езым къелъыхъуэж.
- Дэтхэнэ зы Iуэхури щаублэкIэ зы лъабжьэ гуэрым зэрытращIыхьым ещхьу, апхуэдэ программэ бгъэхьэзырын ипэ, адыгэбзэм и грамматикэр зэрыщыту тыркубзэкIэ тхыжауэ, ар лъабжьэ хуэщIын хуейщ…
- Пэжщ. АбыкIэ сэбэп къытхуэхъунущ бзэм елэжь щIэныгъэлIхэм хамэбзэр (етIуанэ бзэр) зэрыбджыным хуатха методикэ зэмылIэужьыгъуэхэр. Абы нэмыщIкIэ, диаспорэм бзэр джынымкIэ ехьэлIа дэтхэнэ зы тхылъри щызэхалъхьэкIэ, ди щIэблэм адыгэбзэр етIуанэ бзэуэ зэраджынур зыщыбгъэгъупщэ хъунукъым. Зи гугъу сщIы Iуэхушхуэм и къегъэжьапIэу, ди лъэпкъэгъухэм папщIэ адыгэбзэм и грамматикэр тыркубзэкIэ къэзыгъэлъагъуэ тхылъ дгъэхьэзыращ. Ди IэдакъэщIэкIыр псом япэу зыхуэгъэзар Тыркум ис адыгэхэр арами, тыркубзэр зыщIэу адыгэбзэр зыджыну мурад зиIэ дэтхэнэ зы цIыхуми хуэщхьэпэнущ. «Бзэрабзэ» тхылъыр щIэныгъэр и лъабжьэу зэхэлъхьа зэрыхъуам и фIыгъэкIэ, еджапIэхэми егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр университетхэми къыщыбгъэсэбэп хъунущ.
- Сыт хуэдэ щIэныгъэлIхэм я Iуэху еплъыкIэрэ тхылърэ тегъэщIапIэ фщIа «Бзэрабзэ» тхылъыр Тэнащымрэ уэрэ щыфтхым?
- Тыркубзэмрэ хамэбзэмрэ джынымрэ къегъэщтэнымкIэ и къэпщытакIуэ центр TIMER-м къыдагъэкIа тхылъхэр, Эюб Гениш урысыбзэ зыщIэу тыркубзэ зыджынухэм яхуэгъэзауэ игъэхьэзыра «Тыркубзэм и грамматикэ» тхылъыр, къищынэмыщIауэ, урысыбзэр хамэбзэу егъэджынымкIэ къагъэсэбэп методикэхэм дахэплъэурэ ттхащ. Адыгэбзэм и грамматикэм телэжьыхьа щIэныгъэлIхэу Урыс Хьэталий, Джаурджий Хьэтыкъэ сымэ я IэдакъэщIэкIхэри, хэкум адыгэбзэр зэрыщадж тхылъхэри, псалъалъэхэри тегъэщIапIэ тщIащ.
- «Бзэрабзэ» тхылъым и зэхэлъыкIэм утезгъэпсэлъыхьынут, ар зищIысыр «Адыгэ псалъэм» и щIэджыкIакIуэхэм я нэгу къыщIэувэн хуэдэу.
- Тхылъым и япэ Iыхьэр хьэрфхэм я тхыкIэм, я къеджэкIэм, я къэпсэлъыкIэм теухуащ. ЕджакIуэхэм нэхъ къагурыIуэн щхьэкIэ, хьэрф къэс укъызэреджэнур латин хьэрфкIэ къыщыдгъэлъэгъуащ и щIэдзапIэм. Хьэрфхэм я тхыкIэ, къеджэкIэ, къэпсэлъыкIэм Iэмал зэриIэкIэ гулъытэшхуэ хуэтщIу делэжьащ. Тхылъым епхауэ къыхузэIутхащ «Сэр-сэру адыгэбзэ зызогъащIэ» ютуб каналыр. Хьэрф къэс хуэдгъэхьэзыра видеохэм яхуэдгъэфэщащ QR-код. Мы бгъэдыхьэкIэм и фIыгъэкIэ, еджакIуэм и телефоныр QR-кодым триубыдэмэ, хьэрфхэмрэ псалъэхэмрэ къабзэу я къэпсэлъыкIэм едаIуэурэ езым къипсэлъыжыфу зригъэсэфынущ. ИужькIэ, хуеймэ, къытригъэзэжурэ, хуеймэ, къигъэувыIэурэ, псалъэхэм я тхыкIэмрэ я мыхьэнэхэмрэ мыпIащIэу зэригъэщIэфынущ. ТхэкIэ-еджэкIэм и мызакъуэу, псалъэщIэхэм я мыхьэнэр яхузэгъэщIэнущ. Щхьэхуэу макъ зэщхьхэм видео яхутетхащ. А макъхэр IупщIу къамыпсэлъмэ, псалъэхэм къарыкIыр зэрихъуэжыр тыркубзэкIэ къэдгъэлъэгъуащ. «Хьэрфылъэ» Iыхьэр зэфIэкIа иужь, грамматикэм хохьэри щыIэцIэхэм, плъыфэцIэхэм, бжыгъэцIэхэм, цIэпапщIэхэм я закъуэ, куэд бжыгъэхэм, псалъэзешэхэм, лэжьыгъэцIэхэм, нэгъуэщIхэми куууэ тыркубзэкIэ щытопсэлъыхь. Псалъэхэм фонемэхэр щхьэж и фэкIэ къыхэгъэщауэ щытщ. Апхуэдабзэу тыркубзэми и фонемэхэр къыхэгъэщхьэхукIауэ щытщи, еджакIуэм нэхъ тыншу псалъэм и лъабжьэмрэ къыпыувэ аффиксхэм я мыхьэнэмрэ нэхъ къагурыIуэнущ. Темэ къэс щапхъэхэр, псалъэуха къудей мыхъуу, адыгэ псалъэжьхэмкIэ, усэхэмкIэ, псысэхэмкIэ, уэрэдхэмкIэ къыщыдгъэлъэгъуащ. Псоми я мыхьэнэр якIэщIэттхэжащ тыркубзэкIэ. Абы нэмыщIкIэ, еджакIуэр теорием къеджэ къудей мы-хъуу, зэригъэщIар занщIэу къипщытэн папщIэ дэщIыгъущ зэлэжьын хуей упщIэхэр, зэридзэкIын хуей псалъэухахэр, псалъэзэблэдзхэр. Пэжу ищIарэ имыщIарэ зыкъипщытэжын папщIэ лэжьыгъэхэм я жэуапхэри я гъусэжщ.
- А зи гугъу пщIым, «Бзэрабзэ» тхылъымкIэ тыркубзэр зыщIэ дэтхэнэ зы цIыхуми, и унэм щIэмыкIыу, адыгэбзэр езыр-езыру зригъэщIэфынущ.
- Пэжщ, Тыркум щыпсэу адыгэр еджапIэ мыкIуэми, мы тхылъыр иIэмэ, хузэгъэщIэнущ адыгэбзэр, илъэс 17 и ныбжьмэ. А ныбжьым итхэм курыт еджапIэр къаухауэ, тыркубзэм нэмыщI хамэбзэу зы-тIу ящIэ. Абы къыхэкIкIэ нэгъуэщI бзэм и джыкIэм щыгъуазэхэщ, хамэбзэм иропсалъэ, иротхэ, ироджэ. КъищынэмыщIауэ, а ныбжьым къызэщIиубыдэ щIалэгъуалэр илъэс зыбжанэ дэкIмэ, езыхэм унагъуэ яухуэнурэ адэ-анэ хъужынущи, къащIэхъуэну щIэблэм бзэр ирагъэщIэжыфынущ. Я бынхэм еджапIэм, курсхэм къыщрата щIэныгъэр унэми къыщагъэсэбэпурэ, адыгэбзэр зэрахьэнущ. Иужьрейуи мыбы гу лъыстэнут… Ди лъэпкъэгъу хэхэсхэр нэхъыбэу здэщыIэр Тыркурщ. Адыгэхэм анэдэлъхубзэр зэрамыгъэкIуэдыжынымкIэ къалэнышхуэ къатохуэ абыхэм. Хэкур я дэIэпыкъуэгъуу, тхылъ, курс, интернет платформэ ирехъу, сыт хуэдэ Iэмалри къызэрыгъэсэбэпын хуейр наIуэщ. Лъэпкъыу укъызэтенэн щхьэкIэ, уи бзэм урипсэлъэжын хуейщ. Дэ бзэр тхъумэху, бзэм дэ дыкъихъумэжынущ!