Анэшхуэм и теплъэр нэгум щIэкIыркъым… Нэхэм нэпсыр къатолъадэ ар си гукъэкIыжхэм хьэщIэ къудейуэ къызэрыхэнар къыщызгурыIуэкIэ. Абы къыдэкIуэуи IутIыж Борис и усэ сатырхэр гум къредзэ:
ФIыкъым щымыIэжым куэдрэ утегъэныр, -
ГъащIэм фIэфIыр псоми ебэкъуэфхэращ.
Ауэ дауэ уи гум узэребэкъуэнур, -
Абы и блэкIари нобэри уэращ...
Илъэсибл… Апхуэдиз зэман дэкIыжащ Шэрэдж районым хыхьэ Аушыджэр жылэ цIыкIуми нэгъуэщI щIыпIэхэми фIыуэ къыщацIыхуу щыта, нобэми ящымыгъупщэжа, цIыхуфIу, гуапэу дунейм тета, фIыщэу слъагъу си анэшхуэ Джэдгуэш (Нырхэ япхъут) Хьэнифэ Багъэтыр и пхъур къызэрытхэмытыжрэ. Абы и гъащIэ гъуэгуанэм сриплъэжкIэрэ сэ схужыIэнущ а бзылъхугъэ псэ хьэлэлым зэфIэкIышхуэ зэрыбгъэдэлъар. Анэшхуэм и гъащIэ псор хуигъэпсат бынымрэ абы я щIэблэмрэ гъэсэным.
Гугъуехь куэд и нэгу щIэкIащ абы, «зауэм и бынхэр» зыхужаIэ щIэблэм ящыщщт. Хэку зауэшхуэр щIидзыным тхьэмахуэ иIэжу дунейм къытехьа си анэшхуэм зауэ, абы иужь лъэхъэнэхэм щыIа хьэзаб псори игъэващ. И ныбжьыр илъэс 11-м иту ар школым къыщIэкIри, балигъхэм я гъусэу губгъуэм лэжьэн щыщIидзащ, зауэм къулейсыз ищIа цIыхубэ хозяйствэр зэфIэгъэувэжыным и гуащIэ хилъхьэу. Гугъуехьымрэ хьэзабымрэ къызэфIагъэщIакъым анэшхуэр, и щхьэ мыгъуагъэ хуихьыжу щысынуи апхуэдэ зэман абы зэи иIакъым.
Къармэхьэблэ къыщалъхуа пщащэр Аушыджэр къуажэм дэс Джэдгуэш Мухьэмэд щхьэгъусэ хуэхъуащ, зэманыр кIуэурэ унагъуэм хъыджэбзиплI къихъуащ. Хуэмурэ я гъащIэр нэхъ зэтеувэ хъуат, мэжэщIалIэ сабиигъуэ лъэхъэнэр къызэранэкIат. АрщхьэкIэ узэрыгугъэу ухъурэ жыхуиIэракъэ… И ныбжьыр илъэс 42-м иту узыфэ хьэлъэм ихьащ и щхьэгъусэр. Аргуэру IэнатIэ гугъу пэрыувэжат анэшхуэр: абы къыхуэнат сабииплI, я нэхъыжьыр илъэс 15, я нэхъыщIэр илъэси 6 фIэкIа мыхъуу. И бгыр щIикъузэри, и бынхэр лъэ быдэкIэ гъащIэм хигъэуващ, псоми щIэныгъэ яригъэгъуэтащ. Абы къищынэмыщIауи, пасэу дунейм ехыжа ипхъу Iэсият и хъыджэбзитIми анэ папщIэ яхуэхъуащ. Сэри си шыпхъу нэхъыщIэми Хьэнифэ щIэгъэкъуэнышхуэ тхуэхъуащ. Езэш зымыщIэ бзылъхугъэ гуащIафIэт, быным, абы я щIэблэм къыттеубгъуауэ и гъащIэр ирихьэкIащ. Зэи мылажьэу щысакъым ар. Иужьрей илъэс 20-м ар къуажэм дэт курыт еджапIэм къабзагъэм кIэлъыплъу щыIащ, иджыпсту анэшхуэр зыпэрыта лэжьыгъэр сэ изохьэкI.
Дэнэ сыщыIэу сыкъемыкIуэлIэжами, анэшхуэр пщэфIапIэм къыщызэжьэрт, фIыуэ илъагъу радиом бгъэдэсу. Илъэс зыбжанэ хъуауэ ар зыщIэмысыж пэш нэщIым сыкъыщыщIыхьэжкIэ, къысщохъу бжэр Iусхмэ, гуапагъэр къызрих и нэгум сиплъэну, япэхэм хуэдэу къэзыцIыхухэр къызэрыщIэупщIэжари нэгъуэщI хъыбар куэди жесIэну къысфIыдрехьей… АрщхьэкIэ пщэфIапIэр нэщIщ икIи щымщ. Анэшхуэр зыщIэмысыж унэри зеиншафэщ.
ФIыщэу слъагъу бзылъхугъэм и фэеплъщ гъуэжьыфэ хъуа махуэгъэпсыр, илъэсибл мэхъури ар зыми къызэригъэзэкIакъым, анэшхуэм и иужьрей махуэм - щIышылэм и 16-м - къытенащ. Апхуэдэу иджыри блыным фIэлъщ илъэс куэд ипэкIэ къызэрысхуэупсауэ щыта открыткэр. Абыхэм нэр теплъызэмэ, анэшхуэм и жьауэм сыщIэту згъэкIуа зэман гукъеуэншэм сыхашэжри, теплъэгъуэ дахэ куэд нэгум къыщIохьэж.
Анэшхуэр фIыуэ къызыцIыхуу щытахэм, зыдэлэжьахэм, благъэ-Iыхьлыхэм куэдрэ гуапэу абы и гугъу ящIыж, апхуэдэхэм деж и фэеплъым игъуэт пщIэм си гур нэхъ егъэщабэ. ЗэрыжаIэу, цIыхур псэущ абы теухуа гукъэкIыжхэр щыIэхукIэ. Дэри, абы и унагъуэм, ар ди гъусэм хуэдэу, сыт щыгъуи дигухэм щыпсэунущ.