Зауэм хэмытами, куэд ягъэващ

Зауэм Iэщэ яIэщIэлъу хэмытами, тылым къыщына лIыжь-фызыжьхэм, бзылъхугъэхэм, сабийхэм я фэм дэкIар мащIэкъым. Псом хуэмыдэу гугъу ехьащ жьыкIэфэкIэхэмрэ сабийхэмрэ къызыхуэна фызабэхэр. Зауэжьым Джэрмэншык щыщу фызабэу 58-рэ къигъэнащ. А IэнатIэ гугъум Iутахэм ящыщщ Къумыкъу Гуащэ, МафIэдз Улэ, Иуан Сурэт, ЛIуп Бабынэ, Ажий Линэ, Къардэн Марусэ, Маркияновэ Антонинэ, Мэз Марусэ, Плесная Анастасие, Семэн ЖанцIыкIу, Скачковэ Еленэ, Соблыр Хьэцацэ, ЛIуп Аминат, Хъутатхэ ЛъапIэрэ Мурзиятрэ, Шыджынэхэ КIуэракIуэ, Жамилэ, КIунэ, Марусэ сымэ. Къардэн КIуат езыр ныкъуэдыкъуэу ипIащ къыхуэна и сабииплIри, и пщыкъуэм и бынитIри. Абыхэм щхьэгъусэ къаригъашэри, унагъуэуи игъэтIысыжауэ щытащ. Бын тIурытI къызыхуэнахэр фызабэу 8 хъурт, зырыз къызыхуэнахэр - 19, иджыри бын зымыгъуэта нысащIи 10. Абыхэм я гъащIэр къызэрекIуэкIар къытхуетхыж Джэрмэншык къуажэм Зауэмрэ лэжьыгъэмрэ я ветеранхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ ЛIуп Нурхьэлий.
Мы зи цIэ къисIуахэм гугъуехьышхуэ яшэчащ, ящыщ куэди бынхэм я хьэрычэт, я гуфIэгъуэ ямылъагъуу дунейм ехыжащ. Ди текIуэныгъэм папщIэ зи псэр зытахэм ящыщщ Ажий Мурадин, Иуан НаIиб, Къардэн Мухьэб, КIуж Хьэзешэ, ЛIуп Данил, МафIэдз Хьэжмусэ, МыгъуэлI Мухьэмэд, Семэн Бий, Соблыр ТIирэ сымэ. Ахэр ящыщщ зауэм хэкIуэда Джэрмэншык щIалэ 95-м. 
Ажий Мурадин къуажэ советым и тхьэмадэт, псом япэу зауэм кIуэн хуейуэ къилъытэри, дэкIащ. Мурадин и гугъакъым и адэ-анэр, и бынхэр, фIыуэ илъагъу и щхьэгъусэ Линэ, и Iыхьлыхэр, и пщIантIэр, и къуажэр иужь дыдэу илъагъужу. 
Лини ищIакъым а махуэм щыщIэдзауэ фызабэ гъуэгум зэрытеувар. Абы ищIакъым и пщыкъуэ Мухътари, и дэлъху Жыраслъэни, и адэ къуэш Данили зауэм зэрыхэкIуэдэнур. Хьэлъэ дыдэт Линэ къытепсыхар. Иджы абы и пщэм къыдэхуат и хъыджэбзищри и пщыпхъу нэхъыщIэ цIыкIури, жьы хъуа и гуащэ-тхьэмадэри игъэпсэуну. Абдежым Iуэхур къыщызэтеувыIакъым. Линэ дэIэпыкъуэгъукIэ зыщыгугъ и пщыкъуэ Хьэбаси иджыри илъэс 18 мыхъуауэ зауэм яфIокIуэ, «Си къуэшхэм лъы щIагъажэ Хэкум папщIэ сэри сызэуэнущ!», - жеIэри. Линэ къыхуэнэжыр и бгыр быдэу щIикъузэу унэм щIэсхэр зэригъэпсэунырт. Зауэм Iутхэри гъэшхэн хуейти, губгъуэ лэжьыгъэм жэщи-махуи пэрытт. Зэманыр апхуэдизкIэ ткIийти, нартыху кIэчан щхьэкIэ цIыхум суд тращIыхьырт. 
Япэ нэщхъеягъуэр Мурадин и Iуэхурт. Абы теухуауэ къахьа тхылъымпIэ кIапэм итыр псалъэ зытIущт: «Киев деж хъыбарыншэу щыкIуэдащ». Абы къыкIэлъыкIуащ Мухътар, итIанэ Хьэбас и щыгъуэ тхылъыр. Линэ сыт ищIэнт? Къыхуэна быныр, унагъуэр гъэшхэн хуейтэкъэ? И тхьэмадэмрэ и гуащэмрэ я бынхэм я гуауэм апхуэдизкIэ ириудыхати, гъащIэм гукъыдэж хуаIэжтэкъым. Фызыжьыр и къуэхэм щхьэкIэ нэпсу щIигъэкIам нэф ящIати, гугъуехьыр тIуащIэт. Линэ ар Псыхуабэ имышаи, и нэхэр операцэ иримыгъэщIаи. Абы ирихьэлIэу унагъуэр зыпэмыплъа гуфIэгъуэ хъыбар къыIэрыхьащ: Хьэбас уIэгъэ хьэлъэу Рыбинск уIэгъэщым зэрыщIэлъар, икIи фронтым зэрыкIуэжыр иту. Абы унагъуэм къаруущIэ къахилъхьэжащ. Линэхэ я гъунэгъуу псэуа тхакIуэ Къашыргъэ ХьэпащIэ и «Зы жэщ» рассказым хэт цIыхубзым и образыр зытрищIыкIар аращ. 
Линэ дунейм ехыжащ илъэс 60-м зэрыщхьэдэха щымыIэу. Сыт хуэдэ гугъуехь а цIыхубзыр пэщIэмытами, и хъыджэбзищми щIэныгъэ яригъэгъуэтащ. Лусэрэ Лонэрэ егъэджакIуэу лэжьащ, Лени сатум пыщIа IэщIагъэм хуеджэри, ирилэжьащ. Апхуэдэу и гъащIэр ихьащ фызабэныр зи натIэ хъуа Линэ. 
Колхоз тхьэмадэм и къуэдзэу лажьэ МафIэдз Хьэжмусэ зауэр зэрыщIидзэу мафIэ лыгъэм пэрыхьащ. Илъэс нэхъ дэмыкIыуи и щхьэгъусэ Улэ нэщхъеягъуэ тхылъ къыIэрыхьащ. Абыи къуищрэ пхъуищрэ къыхуэнат: нэхъыжь Тозыр илъэс пщыкIутIым нэсауэ, нэхъыщIэ дыдэ Розэ иджыри сабий цIынэу. Улэ махуэкIэрэ колхоз губгъуэм щылажьэрт, пщэдджыжьхэмрэ пщыхьэщхьэхэмрэ колхоз правленэр зэщIикъуэрт: къипхъэнкIырт, къилъэсырт, хьэкум мафIэ ирищIэрт. 
Зауэм ипэ илъэсхэм лэжьакIуэ пашэхэу, пщIэрэ щIыхьрэ яIэу, я быныр тэмэму зэрапIыным, зэрагъэсэным иужь итхэу колхозым хэтащ Иуан НэIибрэ КIуж Хьэзешэрэ. Ауэ тIури зауэм хэкIуэдащ. 
НэIиб и щхьэгъусэ Сурэт зы щIалэрэ хъыджэбзиплIрэ, зым нэхърэ адрейр нэхъ цIыкIужу къыхуэнат. Сурэт сыт хуэдэ лэжьыгъэри Iумпэм имыщIу и бын зэрипIын иужь итт. Колхоз губгъуэм уэшх, уэс имыIэу итащ, къуажэ школым пхъэнкIакIуэу, лъэсакIуэу илъэс куэдкIэ щылэжьащ. 
Улэрэ Сурэтрэ я гъащIэм ещхьщ КIуж Хьэзешэ и щхьэгъусэ Бабыху ейри. Зы щIалэрэ хъыджэбзиплIрэ къыхуэнэри, илъэс куэдкIэ ирихьэкIащ фызабэ гъащIэр. Хьэзешэ колхозым и механизатор пажэу, къыкIэлъыкIуэ ХьэмтIутI Iэщыхъуэ пашэу, нэхъыщIэ Хьэжсет шоферу лажьэхэу зауэм ираджэри, абы хэкIуэдащ. 
Зауэм ипэ илъэсхэм колхоз бригадиру лажьэхэу МыгъуэлI Мухьэмэдрэ Соблыр ТIитIэрэ псэгъу ящIат хъыджэбз екIухэу Жанусэрэ Нэкурэрэ. Мухьэмэд - щIалэ цIыкIу, ТIитIэ хъыджэбз цIыкIу къыхуалъхуа къудейуэ зауэр къэхъеящ. ИкIи зауэм и етIуанэ илъэсым иджыри зи ныбжьыр илъэс тIощIым зэрыщхьэдэха щымыIэ цIыхубзитIыр фызабэу къэнащ. Нэкурэ и нысэгъу Хьэцаци сабиищ къыхуэнэри и щхьэгъусэр зауэм хэкIуэдащ. Зауэм ихьащ зэкъуэшищри - ТIитIэ, Чэмал, Мусэ. Ахэр зы унагъуэу, зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу зэдэпсэурт. ЗэнысэгъуитIым я бынхэр зэгъусэу зэдапIащ. 
Си адэ ЛIуп Данил граждан зауэм хэтащ. 1932 гъэм бадзэуэгъуэм и 31-м Налшык районым и комиссэ зэхэтам и протокол №1-м итщ: «ЛIуп Данил 1918 гъэм езым фIэфIу Дзэ Плъыжьым хыхьащ. 1919 гъэм Дзэ Плъыжьыр пIалъэкIэ щикIуэтым, Гикало Николай зи унафэщI партизан отрядым хыхьащ икIи 1920 гъэм Къэбэрдейм Совет властыр щыщагъэувыжым лIыхъужьыгъэ къигъэлъагъуэу хэтащ. Комиссэм ЛIупыр партизан плъыжьу къелъытэ». 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шу дивизэм хыхьащ «къэззэуа властыр зыми естынукъым», - жиIэри. 
И псэм ищIа хуэдэт а зауэм и гъащIэр зэрыхилъхьэнур. Куэд дэмыкIыуи хъыбар гукъутэр унагъуэм къыIэрыхьащ. Ди анэ Бабыни дыкъыхуэнат сабиитху. Ди адэр зауэм кIуэуэ вагоным щитIысхьэм ди анэм къыжриIат: «ХъыджэбзитIым щхьэкIэ зыри жысIэркъым, ауэ щIалищыр йомыгъаджэмэ, сыпхуэарэзыкъым.». 
Сыт хуэдиз гугъехь темылъами, анэм игъэзэщIащ ди адэм и уэсятыр. ХъыджэбзитIыр къыдэкIуэтейри, унагъуэ ихьащ. ЩIалищыр анэм дыкъыхуэнэри, дригъэджащ. Сэрэ нэхъыщIэмрэ ди университетыр къэдухащ, курыт Мурадин Москва щеджащ, техникэ щIэныгъэхэм я кандидат хъуащ. Дэри тлъэкI къэдгъанэркъым ди адэр зыщIэхъуэпса гъащIэм, Хэкум пэжу хущытынымкIэ. Сэ илъэс 22-кIэ школым сыщылэжьащ. Илъэс 12-кIэ еджапIэм и унафэщI къулыкъум сыпэрытащ, илъэс 20-кIэ колхозым и парт организацэм и секретару, колхоз тхьэмадэм срикъуэдзэу сыщытащ. Пенсэм сызэрыкIуэри, жылагъуэ Iуэхухэм сыхэтщ. Мурадин илъэс куэдкIэ кафедрэм и унафэщIу лэжьащ, мэкъумэш факультетым и декану щытащ. И лэжьыгъэфIхэм папщIэ «КъБР-м мэкъумэш IэнатIэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэри къыфIащащ. Зи адэр сурэткIэ фIэкIа зымыцIыху Владимир илъэс 30-м щIигъукIэ зоотехник нэхъыжьу щылэжьащ ди республикэм IэщыфIхэр къыщагъэхъу и IуэхущIапIэм. Ди анэм гугъу зыщIригъэхьа и бынхэм я гуфIэгъуэ илъэгъуащ.
Я щхьэгъусэхэр пенсэм зэрыхэкIуэдам щхьэкIэ фызабэхэм пенсэшхуи къратакъым, е лы, шэ, цы, джэдыкIэ, тхъу ятын къалэнхэм, е куэду цIыхухэм къытралъхьэу щыта заемхэм щыщи щхьэщахакъым.
Ди жылэм щалъхуа, зи адэр зауэм хэкIуэда сабии 127-м щыщу щIэныгъэ нэхъыщхьэ зэзыгъэгъуэтыфар 4 къудейщ, училищэ, техникум къэзухар 8-щ, классипщIым щIэсар 13 къудейщ. Абыхэм ящыщу нобэ псэужыр цIыхуищщ. 
Ди жылэм фызабэу дэса 58-м щыщу зыщ псэужыр. Абыхэм я фэ дэкIар сэ си нэгу щIэкIащ, зыхэсщIащ фызабэм и быным и гъащIэ дыджри», - етхыж ЛIуп Нурхьэлий. 

 

Къэбарт Мирэ.
Поделиться: