Совет Союзым и ЛIыхъужь и къуэшым теухуа гукъэкIыж

ТекIуэныгъэ-80
 
УФ-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм хэта, хъэтI дахэ зиIа Яхэгуауэ Берд и IэдакъэщIэкIхэм ящыщ зыщ и лъабжьэкIэ къыщытхьыр. Ар триухуащ езым и къуэш, Хэку зауэшхуэм хэта, Совет Союзым и ЛIыхъужь Яхэгуауэ Мышэ (Михаил). 
Хэку зауэшхуэм и гуащIэгъуэу, 1944 гъэр екIуэкIырт. Колхоз лэжьыгъэм хэт, япшынын хуейуэ ятелъ налогыр къыздрахынум жэщи махуи егупсыс псыгуэнсудэсхэм а лъэхъэнэм гурыфIыгъуэу яIар зауэм къратхыкIыу къахуэкIуэ письмо щимэ цIыкIухэрат!
Пэжщ, гуфIэгъуэ письмом и пIэкIэ гузэвэгъуэ хъыбар къащыIэрыхьи къэхъурт. Апхуэдэхэм деж хьэблэ фызхэм я гъы макъыр уи тхьэкIумэм къиIуэмэ, плъэмыкIыу уи гущIэм зыкъригъэгъазэрт!
А зэман хьэлъэм зауэм Iут си къуэш нэхъыжь Яхэгуауэ Мышэ и хъыбар илъэс хъуауэ щыIэтэкъыми, си адэ-анэм я псэм гузэвэгъуэ телът.
Зы пщыхьэщхьэ гуэрым, гъатхэпэм и кIэхэм, дызыхэт ебланэ бригадэм и унафэщI Жьанэ Темрокъуэрэ абы и учётчик КъардэнгъущI Хьэдисрэ, губгъуэм вакIуэ къикIыжауэ, ахъшэм нэужьым ди унэм къыщIыхьащ, «мы зы бжьэми дыбдефэну, пщэдей лэжьапIэ уздэкIуэнури бжетIэну аращ, Уэрдэщыкъуэ» жаIэри.
Гуапагъэр зи нэгум къищ ди адэм къэкIуахэм шэнтхэр яхуегъэкIуатэ. ДиIэр арати, ди анэм псынщIэ дыдэу бжьын лыбжьэ тIэкIур яхузэхегъажьэри, фIэIугъэ и гъусэу Iэнэм къытрегъэувэ. Бжьэ зырыз ирагъэхъуауэ ефэну къыщаIэтым, ди унэм щIалэ гуэр къыщIохьэри: «Уэрдэщыкъуэ, колхозым и тхьэмадэр къоджэ», - жеIэри, ди адэр щIеш (а зэманым Псыгуэнсу колхозым и унафэщIу щытар КъардэнгъущI Мурадщ, Зырамыку и къуэш нэхъыжьт).
ЩIашар къэтщи къэтщ, ди анэр мэгузавэ, «сыт мыгъуэу пIэрэ къэхъуар?! Алыхь, тобэ ирехъуи, налог тхуэмытыр арагъэнмэ щхьэусыгъуэр» жеIэ. ХьэщIэхэри, «унэм я нэхъыжьыр щIэмысу» гупсысэр къапкърыхьащи, Iэнэр лъэныкъуэкIэ ирагъэкIуэтэкIауэ, мэуэршэрхэр. 
Апхуэдэурэ зэманыфI дэкIауэ, ди анэм зыкъысхуегъазэ. «КIуэт, Берд, - жеIэ. - Хэт ищIэрэ, уэ зыгуэр къэпщIэнкIэ хъунщ. ХадэмкIэ икI. Сэ сынэплъэнщ, умышынэ!». ЛIитIым зэхахыу, «умышынэ» зэрыжиIар си гуапэ хъуакъым. А зэманым илъэс I3 сыхъурти, лIы сыхъуауэ зызбжыжырт. 
Колхоз правленэр здэщыIэр ди хадэр къызэрахухьа бжыхьым къыдэкIуэу гъунэгъу дыдэт. Къуажэ унафэщIыр зыщIэс пэшыр сэ фIыуэ сцIыхурт. ХадэмкIэ сикIри, абы и щхьэгъубжэм сыбгъэдыхьащ. 
КъардэнгъущI Мурадрэ парт организацэм и секретарь Темыркъан Жанхъуэтрэ Iэнэ кIыхьым бгъэдэсщ. НэгъуэщIхэри щысщ, хэти щытщ. Къулыкъушхуэ зэрызэрихьэр белджылыуэ, папкэ Iув зыIыгъ лIы гуэр ди адэм и гъунэгъуу шэнтжьейм исщ. 
Пэшым щIэсхэр сызыкIэлъагъэкIуам чэзууэ къыбгъэдыхьэурэ и Iэр къаубыд, къыщогуфIыкI. Езыри нэжэгужэщи, дуней гуфIэгъуэр зэрехьэ. СыкъыщIэпхъуэжу слъэгъуахэр, къанэ щIагъуэ щымыIэу, унэм щIэсхэм щахуэсIуэтэжым, ди анэр хъущIащ: «Уэ Iей, жьы хъури делэ хъужа мыр, хьэщIэ дызэриIэр щыгъупщэжа?» – жиIэри. 
Абы хэту, ди адэр езыджар аргуэру къэкIуащ. «Чэниуат, уэри къыпхуейщ» жиIэри, ди анэри щIишащ. Темрыкъуэрэ Хьэдисрэ мэпIейтей, щIэкIыжынрэ щIэсынрэ ящIэркъыми. Си къуэш нэхъыщIэ цIыкIури къэушауэ, «мамэ» псалъэм фIэкIа къыжьэдэмыкIыжыфу, магъ. 
Нэшхуэгушхуэу къыщIыхьэжа си адэ-анэм Темрыкъуэ ябгъэдэлъэдащ, «сыт къэхъуар, Уэрдэщыкъуэ?» жиIэри. «ГуфIэгъуэшхуэ къэхъуащ - Мышэ псэущ! Коммунистхэм я партым къытхуигъэкIуа лIым «фи щIалэм лажьи хъати иIэкъым, ди адэ, умыгузавэ, - къызжиIащ. - Мэзкуу къикIри телеграммэ къытIэрыхьащ, «Яхэгуауэ Мышэ, зэуапIэм щызэрихьа лIыгъэм папщIэ, Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр къыфIащащ» псалъэхэр иту». 
Ди адэм къиIуэтэжам и мыхьэнэр псом япэу къызыгурыIуар Хьэдисщ. «Уэлэхьи, Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр къыфIащауэ арамэ!» зэрыжиIэу къыщылъэтри, гуфIэщауэ долъей, къолъых, ди адэ-анэм бгъэдэлъэдауэ IэплIэ яхуещI, йохъуэхъу. 
Мышэ теухуа хъыбарыр етIуанэ махуэм къуажэ псом щызэлъащIысащ. Къыдэхъуэхъуну къытхуэкIуар щIэншэт. 
Ди къуэшым дамыгъэ лъапIэр къыщIратам теухуа зэIущIэ а пщыхьэщхьэм къуажэ клубым щызэхэтащ. Утыкум къыщыпсэлъащ партым и обкомым къикIа лIыр. 
Яхэгуауэ Мышэ Хэку зауэшхуэр къэмыхъей щIыкIэ КъуэкIыпIэ Жыжьэм къулыкъу щрихьэкIащ. ЗэрыщыIэну пIалъэр иухыу къыщалъхуа и щIыналъэм къигъэзэжыным махуитху фIэкIа имыIэжу, Хэку зауэшхуэр къэхъеящ. Ди къэралым къытепсыха гузэвэгъуэр Мышэ къыгуроIуэри, куэдрэ зимыIэжьэу лъэIу тхылъ етх, зауэм ягъэкIуэну. Ипэ махуэхэм къыщыщIэдзауэ, «си псэр нэхъыфIщ» жимыIэу, щIыпIэ куэдым лIыгъэ къыщигъэлъагъуэу щызэуащ Мышэ.
1943 гъэм Курск деж щекIуэкIа зэхэуэ гуащIэхэм хэтащ Мышэ. Биишэр ихъуреягъкIэ къыщыпIэнкIыу, зэми хэIубауэ пщыуэ, зэми къыщылъэтыжрэ жэуэ, кIапсэр щызэпыуда щIыпIэхэр къигъуэтурэ зэпищIэжащ связым хэта Яхэгуауэм!
Курск деж зауэр кIуэ пэтми щызэщIэплъэрт. Полкым и топгъауэ гупымрэ я щхьэ къит унафэщIхэмрэ зэпсэлъэфыртэкъым, связыр зэпаудати. Iуэхур зытетыр Яхэгуауэм къыщыгурагъаIуэм, куэдрэ зимыIэжьэу, кIапсэр Iэ лъэныкъуэкIэ иубыдри, зэуапIэ губгъуэм илъэдащ. Нэмыцэхэр гъунэгъуIуэщи, шэр нартыху пIэнкIым хуэдэу къытрагъэлъалъэ, Мышэ и щхьэр кърагъэIэтыркъым. КъуэгъэнапIэм зыкъуидзэурэ яIэщIокI, телефон кIапсэр зэпещIэж. ПщыхьэщхьэхуегъэзэкI хъуауэ ди дзэхэр Днепр бгъэдыхьащ. 
Украинэм и Полтавэ областым хыхьэ Оболонь къуажэм деж щекIуэкIа зауэм Мышэ лIыгъэ къыщигъэлъэгъуащ. Зэрыхъуар аращи, телефон кIапсэр зэрызэпыудар къехутэ. Ар щызэпищIэжын хуейр бийм иIыгъ щIыгурат. Яхэгуауэр абы щхьэкIи шынакъым. КIапсэр зэпищIэжыну здэкIуэм, нэмыцэ зыплIытхум яхуозэ. ЛъэныкъуэкIэ къыщыт къуацэ гуэрэным зыкъуедзэри, абы къыкъуэукIыурэ зыIууа псори еукI, связыр зэпещIэжри къегъэзэж. 
Днепр адрыщIкIэ япэу къыщыхута ди зауэлIхэм ящыщщ Мышэ. Езыр зэпрыкIа къудей мыхъуу, связым пыщIа Iэмэпсымэхэри зэпреш, зэуапIэ губгъуэм кIапсэхэр щеукъуэдий. Ауэ абыкIи зэфIэкIакъым. Псышхуэм зэприша кIапсэр щIыпIийм деж щызэпаудат! МащIэ гугъуехь дишэчакъым Мышэ абыхэм я зэпыщIэжыным. 
I943 гъэм жэпуэгъуэм и 16-м СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и унафэкIэ Яхэгуауэм Днепр деж щызэрихьа лIыгъэм папщIэ Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр къыфIащащ, езы Сталин дыдэм и фIыщIэ псалъэхэри зэхрагъэхащ. 
Псыгуэнсу дэт клубым абы теухуауэ пшыхь щекIуэкIати, «Яхэгуауэ Мышэ хуэдэ лIы хахуэ куэд фи къуажэм иджыри къыдэкIыну гукIи псэкIи сывохъухъу!» - щыжиIат обкомым къикIа хьэщIэм. А гуфIэгъуэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ колхозым и унафэщI КъардэнгъущI Мурид, парткомым и секретарь Темыркъан Жанхъуэт сымэ, нэгъуэщIхэри. Зэхыхьэр джэгу дахэкIэ яухащ. 
Дунейм и щIэрэщIэгъуэрэ мэкъуауэгъуэ мазэу, Мышэ къыщалъхуа и хэкум къаутIыпщыж, зы мазэкIэ зыщигъэпсэхуну. Къуажэ клубым пщыхьэщхьэ щIагъуэ къэмынэу пшыхь хьэлэмэтхэр щокIуэкI, джэгу щызэхашэ, художественнэ самодеятельностым уэрэдхэр щыжаIэ. Ауэрэ Мышэ и отпускыр еухри, дзэм егъэзэж, зыхэта полкым Корсунь-Шевченкэ къалэм деж щахохьэж. ЗыIущIэжахэм лIыхъужьыр IэплIэ ешэкIкIэ ирагъэблэгъэж. 
 Махуэ гуэрым Яхэгуауэр зыхэт полкыр нэмыцэхэм къаухъуреихьу щIадзэ. Полкым и Iэтащхьэ полковник Гизатуллиным Мышэ иреджэри къыжреIэ: «Миша, ди псэр пыту мы бэракъыр нэмыцэхэм яIэрыдгъэхьэ хъунукъыми, ар штабым нэгъэсынымкIэ полк псор зыщыгугъыр уэращ». 
Бэракъыр и ныбэм щIипхэри ежьащ Мышэ. МащIэ гугъуехь дишэчакъым ар штабым нихьэсыным. Зыбгъэдыхьахэм я унафэщIым Мышэ фIыщIэшхуэ къыхуищIащ. Абы щыгъуэ бэракъыр бийм зэраIэримыгъэхьам папщIэ, Яхэгуауэ Мышэ Дыщэ Вагъуэ къыхуагъэфэщауэ щытащ. 
Ди къуэшыр щызэуащ Венгриеми Румыниеми. Езым зэрыжиIэжымкIэ, Австрием и щыхьэр Венэ щыIэу, композитор Штраус и фэеплъым деж сурэт зыщытрагъэхыу здэщытым, радиом гуфIэгъуэ хъыбар къиIукIащ: «Хэку зауэшхуэр ТекIуэныгъэкIэ Совет Союзым иухащ», - жиIэу. 
Абдеж угуфIэнумэ къеблагъэ! Сэлэтхэр зэхэлъэдэжауэ IэплIэ зэхуащI, зыр адрейм йохъуэхъу! ТекIуэныгъэм и щIыхькIэ 1945 гъэм и мэкъуауэгъуэм Мэзкуу щекIуэкIа парадым ди Мыши хэтащ. 
Дунейр мамыр хъужу щалъхуа и хэкум къэзыгъэзэжа Яхэгуауэм къулыкъу зэмылIэужьыгъуэхэр къыхуагъэфащэ. А псори ирихьэкIащ абы, фIыщIэрэ щытхъурэ пылъу. Совет Союзым и ЛIыхъужь Яхэгуауэ Мышэ, и ныбжьыр илъэс 70-м иту, дунейм ехыжащ 1990 гъэм и мазаем.
Яхэгуауэ Мышэ хахуагъэ хэлъу Хэкум и хуитыныгъэм зэрыщIэзэуар гулъытэншэу къэнакъым! Езыр щеджа Псыгуэнсу къуажэм дэт курыт школым абы и цIэр зэрехьэ, Налшык и уэрамхэм ящыщ зым «Яхэгуауэм и уэрам» фIащащ. ЩIэблэ хъарзынэ къыщIэнащ.

 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться:

Читать также: