Псалъэмакъ щхьэпэКъБР-м и Муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм и унафэщIым и дэIэпыкъуэгъу Амщыкъуэ Анджелэ дызэрыт Рэмэдан мазэ лъапIэм щыIащ Урысей ФСИН-м и управленэу КъБР-м щыIэм судкIэ тезыр зытралъхьахэр щаIыгъ и колоние №4-м икIи ягъэтIыса цIыхубзхэм псалъэмакъ щхьэпэ ядригъэкIуэкIащ. Анджелэ тезырыр зыпшыныжхэм яхутепсэлъыхьащ цIыхугъэм, Тхьэшхуэм къабыл ищI IуэхуфIхэр лэжьыным. Ягу къигъэкIыжащ нэщIыным имызакъуэу фIы и лъэныкъуэкIи зыхъуэжын зэрыхуейр, щигъэгъуэзащ нэщIыныр къызэрежьам, диныр зыIыгъхэм Рэмэданым къриубыдэу пщэрылъ яхуэхъухэр.
Поделиться:
Читать также:
16.12.2025 - 09:00 →
Iуащхьэмахуэ лъапэ зрагъуэжь
15.12.2025 - 11:37 →
Щыпсэу щIыналъэм къыщалъыхъуэ
15.12.2025 - 11:30 →
Хэкур зыхъумэхэм Iэрагъэхьэнущ
15.12.2025 - 11:21 →
«Адыгэ» фIэщыгъэ зиIэхэр
15.12.2025 - 11:15 →
Куэдым хунэс зэгухьэныгъэ
| ||




