Псэущхьэхэм я дунейм

Къаплъэнхэр

«Къаплъэнхэм я саммит» зыфIаща къэрал зэхуаку зэIущIэу 2010 гъэм Санкт-Петербург щызэхашам къыщащтат 2010-2023 гъэхэм тещIыхьа программэр, а пIалъэм къриубыдэу зи гугъу тщIы псэущхьэ телъыджэхэм ящыщу дэнэ лъэныкъуэкIи щыIэхэм я бжыгъэр тIукIэ гъэбэгъуэжын зэрыхуейм хуэгъэзар.

Къыхэгъэщыпхъэщ, къаплъэнхэр узэщакIуэ мыхъун хьэкIэкхъуэкIэу хабзэгъэув тхылъ зыбжанэм зэрыратхари. Псалъэм папщIэ, а Iуэхум теухуа сатырхэр ярытщ Псэущхьэхэр хъумэнымкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм и дэфтэрми УФ-м и Тхылъ Плъыжьми.

Мыдрейуэ, къаплъэнхэм ещэкIуэныр дэнэ щIыпIи щызэпыгъэуным ехьэлIа хабзэр 1947 гъэ лъандэрэ ЩIы Хъурейм тет къэрал псоми (ахэр щыпсэухэм) щызокIуэ.

Ди жагъуэ зэрыхъущи, ЩIы Хъурейм и щIыпIэ дэгухэмрэ цIыхухэр зэран зыхуэмыхъуфу къыщызэтена Iэхэлъахэ закъуэтIакъуэхэмрэ къаплъэнхэм ящыщу мы зэманым ирихьэлIэу къащыхуэбжар, псори зэхэту, мини 5 иримыкъущ. Абы щыгъуэми, я бжыгъэм зэрыщытыпхъэу зэрыхамыгъэхъуэфыр къэтлъытэмэ, зи гугъу тщIы псэущхьэ дахэхэм я къэкIуэнур дызыгъэгузавэщ. ЗэрыхуагъэфащэмкIи, ЩIы Хъурейм къаплъэну тетам я бжыгъэм иужьрей илъэсищэм къиубыдэу хуэдэ 25-кIэ хэщIащ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, а псэущхьэ дахэхэр нэхъыбэу зэтезыукIэр хабзэм ебакъуэу абыхэм ещакIуэхэрщ. 

Мыдрейуи, ди гуапэ зэрыхъунщи, Урысей Федерацэр хабжэ дызытепсэлъыхь хьэкIэкхъуэкIэр нэхъ щахъумэ икIи зыхуей нэхъ щыхуагъазэ къэрал закъуэтIакъуэхэм. Псалъэм къыдэкIуэу къыхэдгъэщынщи, дуней псом щынэхъ ин дыдэ «амур» лъэпкъыгъуэм щыщу дэнэ лъэныкъуэкIи къыщызэтенам я процент 95-м (къаплъэн 400 – 500-м) я зэхэзекIуапIэр ди къэралым КъухьэпIэ ЖыжьэмкIэ щыIэ и щIыналъэрщ.

                                          И лъэпкъыгъуэхэр

Къаплъэныр щIым къыщызыкIухь хьэкIэкхъуэкIэ нэхъ ин дыдэхэм хабжэ. Хъум и хьэлъагъыр килограмм 275-м нызэрохьэс (килограмм 320-м щынэблагъи къэхъуу), и пкъым и кIыхьагъыр метри 2,5-м къыщегъэжьауэ метри 2,8-м щынэси къохъу, и щхьэр здэщыIэмкIэ метрым щIигъу щилъэгагъщ.

И фэм хэплъагъуэ кусэхэм я зэхэлъыкIэр лъэпкъыгъуэ къэс зэщхькъым, иризэхагъэкIыуи апхуэдэщ.

Къаплъэн лъэпкъыгъуэхэм ящыщу мы зэманым къызэтенар 6 къудейщ (абы ипэкIэ зэхацIыхукIыу къекIуэкIа 9-м ящыщу).

                                      Къызэтенэжахэр

«Бенгалие» къаплъэныр и бжыгъэкIэ ди планетэм щынэхъыбэ дыдэщ, Индием, Бангладешым, Бутаным, Непалым щыхэгъэрейщ. 

Малайзием щыIэ лъэпкъыгъуэр а хэгъэгум хыхьэ Малаккэ хытIыгу ныкъуэм щызэхэзокIуэ.

Китайм узыщрихьэлIэр лIэужьыгъуэ щхьэхуэщи, а хэкум и цIэр зэрехьэ.

Таиланд, Лаос, Камбоджэ, Вьетнам, Мьянмэ къэралхэм узыщыхуэзэ лъэпкъыгъуэм «индокитай» цIэр зэрехьэ.

Къаплъэнхэм ящыщу я нэхъ цIыкIу дыдэм и хьэлъагъыр килограмми 150-м нызэрыхьэсщ, Индонезием хыхьэ Суматрэ хытIыгум ущрохьэлIэ, зэреджэри а щIыпIэр къызэрацIыхурщ.                   

      КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

Читать также: