Урысей гвардием и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и лэжьакIуэхэм яхуэгъэза хъуэхъу

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек я IэщIагъэм епха махуэмкIэ ехъуэхъуащ Урысей гвардием и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и лэжьакIуэхэм.
Урысей гвардием и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм къулыкъу щызыщIэхэ, абы и лэжьакIуэхэ, IэнатIэм и ветеранхэ!
Фи IэщIагъэм епха махуэмкIэ сынывохъуэхъу!
Мы махуэм дэ догъэлъапIэ цIыху къарууфIэхэр, лIыхъужьыгъэ къэзыгъэлъагъуэхэр, хабзэм и хъумакIуэхэр, къэралым и щхьэхуитыныгъэмрэ и шынагъуэншагъэмрэ зыхъумэхэр, Хэкум и пащхьэм щаIэ къалэныр хахуэу зыгъэзащIэхэр.
Мы зэманым фи пщэм жэуаплыныгъэ къыдохуэ мыхьэнэшхуэ зиIэ къалэнхэр гъэзэщIэнымкIэ.
Ахэр епхащ щIэпхъаджагъэхэм, терроризмэм, экстремизмэм япэщIэтыным, цIыхухэм я псэукIэм пыщIа, транспорт, нэгъуэщI IэнатIэхэм шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщыным, хабзэр хъумэным, нэгъуэщIхэми. 
Къэрал кIуэцIми, къэрал щIыбми шынагъуэхэр къыщыкъуэкI мы зэманым фэ жану икIи а Iуэхум фыхуэIэзэу фапэщIэтщ Урысейм и къарур къэзыгъэтIэсхъэну хущIэкъухэм.
Шэч хэмылъу, Урысей гвардием къулыкъур щезыхьэкIхэр дзэ Iуэху хэхам зэрыхэтым и мыхьэнэр къэлъытэгъуейщ, абдежми фи къалэнхэр фыкъимыкIуэту щывогъэзащIэ, шынэ зэрыфхэмылъыр, лIыхъужьу фызэрыщытыр къывогъэлъагъуэ.
ФIыщIэшхуэ фхузощI фи IэщIагъэм фIыуэ зэрыхэщIыкIым, Хэкум фызэрыхуэпэжым, фщIа тхьэрыIуэм фызэрытетым папщIэ.
Си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу фыузыншэну, фыкъэмылэнджэну, ди Хэкур хъумэным ехъулIэныгъэхэр щызыIэрывгъэхьэну.

Поделиться:

Читать также: