ЗэхъуэкIыныгъэшхуэхэр къыпоплъэ

КъБР-м и Iэтащхьэр щыIащ КIуэкIуэ В. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъумэш университетымрэ абы и къудамэу Налшык ­къалэм Толстойм и цIэр зезыхьэ уэрамым тетымрэ.

Республикэм и УнафэщIыр еджапIэ нэхъыщхьэм и егъэджакIуэхэм яIущIащ икIи мэкъу­мэш IэнатIэм къыпэщыт зи чэзу къалэнхэм абы­хэм я гъусэу тепсэлъыхьащ. IэнатIэм Къэбэрдей-Балъкъэрым дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ, сыту жыпIэмэ къэралым и ерыскъыпхъэ шынагъуэншагъэр къы­зэгъэпэщыным хэлъхьэныгъэшхуэ ­хуещI абы.
КIуэкIуэ Казбек къытеувыIащ Урысейм и Пре­зидент Путин Владимир илъэс кIуам Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъэзам къыщыхигъэщхьэхукIа псалъэхэм: «Мэкъумэш-промышленнэ комп­лексыр - ар ехъулIэныгъэшхуэхэр зиIэ IэнатIэщ, къэралыр игъашхэм къыдэкIуэу, дунейпсо ­сату щIыпIэхэми увыпIэ хэха щеубыд», аращи, абы зегъэужьыныр къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщ зыуэ ­къоув.
«ЖысIэн хуейщ, ди мэкъумэшыщIэхэм ехъу­лIэныгъэхэр яIэми, къэрал псом хуэдэуи, дэри лэ­жьакIуэхэр къызэрыдэмэщIэкIыр. Дэ дахуэны­къуэщ зи IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкI агроном­хэм, хадэхэкIгъэкIхэм, механизаторхэм, инженерхэм, Iэщ дохутырхэм, зоотехникхэм, нэгъуэщI IэщIагъэлIхэм. Президентым къигъэува къалэнхэр гъэзэщIэным ипкъ иткIэ, 2030 гъэ пщIондэ ­мэкъумэшхэкIыу къэдлэжьым, хамэ къэралхэм едгъашэхэм хэдгъэхъуэн папщIэ, дэ къалэну къыт­пэщытщ мэкъумэш щIэныгъэм нэхъри зедгъэужьыну. Ди мурадхэм ящыщщ мэкъумэш университетым зэхъуэкIыныгъэшхуэ щедгъэкIуэ­кIыну, абы и унэр зэдгъэпэщыжыну, и лэжьыгъэ­ри едгъэфIэкIуэну», - жиIащ Къэбэрдей-Балъкъэ­рым и Iэтащхьэм, еджапIэм зыщиплъыхьа, псом япэу гулъытэ зыхуэщIыпхъэхэм ятеухуауэ абы и студентхэм епсэлъылIа нэужь.
КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщхьэхукIащ студентхэм ират щIэныгъэм и фIагъри къызэраIэтынур, абы папщIи профессорхэмкIэ, егъэджакIуэхэмкIэ зэрагъэлъэщынур, щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэр Iуэхум къызэрыхашэнур.
«Мэкъумэш IэнатIэм унэтIыныгъэщIэхэр къы­зэрыхыхьэр къэлъытауэ, республикэм а и IэнатIэм бжыгъэр зи лъабжьэ зэхъуэкIыныгъэхэр Iэмал зэриIэкIэ хэлъхьэн хуейщ. Ди деж, Къэбэрдей-­Балъкъэрым, зыщедгъэужьын хуейщ ерыскъыпхъэ къыщIэгъэкIыным, абы елэжьыным хуэгъэза технологиещIэхэр зэхэлъхьэным, мэкъумэш­хэкIхэм я къабзагъми гулъытэ хэха хуэщIыпхъэщ. Мэкъумэш щIэныгъэмрэ мэкъумэшхэкIхэр гъэ­кIыным елэжь IэнатIэмрэ нэхъ быдэу зэпыщIэн ­хуейщ, АПК-м и IэнатIэм пыщIа псори щIэгъэхуэбжьауэ зэдэлэжьэн хуэдэу», - республикэм и Iэтащхьэм къигъэнэIуащ къалэн нэхъыщхьэхэр. Абы апхуэдэуи Урысейм Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм, инвесторхэм фIыщIэ яхуищIащ республикэм и мэкъумэш еджапIэ закъуэм и ­инфраструктурэр егъэфIэкIуэным теухуауэ къыхалъхьа жэрдэмхэр къызэрыдаIыгъым папщIэ.

Поделиться: