Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек республикэм ис муслъымэнхэм НэщI мазэр зэриухам папщIэ зэрехъуэхъур

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ис муслъымэнхэм си гум къыбгъэдэкIыу сохъуэхъу НэщI мазэ лъапIэр щиуха махуэшхуэмкIэ!

 Ислъам диным пщIэшхуэ зыхуищI а махуэшхуэр щытщ къэщIэрэщIэжыныгъэм пыщIа гуфIэгъуэм, псэкIэ нэхъ къулей хъуным, гу къабзагъэмрэ Iуэху дахэхэмрэ я дамыгъэу икIи цIыхухэр IуэхуфIхэр лэжьыным, дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэхэм защIэгъэкъуэным къы­хуегъэуш.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэр мыхьэнэшхуэ ирату тетщ а хабзэ дахэхэм, абыхэм хуэсакъыу яхъумэ республикэмрэ къэралымрэ щыпсэу лъэпкъхэм я псэкупсэ-гъэсэныгъэ лъапIэныгъэхэр, ди Хэкум и зэкъуэтыныгъэм и лъабжьэ быдэу, и къару къы­хэкIыпIэу сыт щыгъуи щытхэр. НэгъуэщI динхэм итхэм я гъусэу муслъымэнхэр жылагъуэ гъа­щIэм, хэкупсэ, узэщIыныгъэ, псапащIэ Iуэхухэм жыджэру хэтщ.
ФIыщIэшхуэ, пщIэшхуэ яхуэфащэщ ди республикэм лъэпкъ куэду зэхэт и цIыхубэм яку дэлъ зэгурыIуэр, зэкъуэтыныгъэр гъэбыдэным абыхэм хуащI хэлъхьэныгъэм папщIэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу псоми мы махуэ дахэм сохъуэхъу узыншагъэ быдэ, зэIузэпэщыгъэ яIэну, сыт и лъэныкъуэкIэ я Iуэхухэр ефIэкIуэну.

Поделиться:

Читать также: