«ЩхьэкIуэ зышэч щхьэ щхыгъуэ йохуэ», - жеIэ адыгэ псалъэжьым. Ди лъэпкъэгъурэ бзэгъуу щымытми, илъэс куэд лъандэрэ зы лъахэм къыщыддэпсэу балъкъэрхэм я тхыдэ гъуэгуанэм уриплъэжмэ, дяпэ ита нэхъыжьхэм къагъэщIа а жыIэгъуэм и мыхьэнэр абыхэм я дежи зэрыщынэрылъагъур къыбгуроIуэ. Къатепсыха гуауэмрэ гугъуехьхэмрэ яшэчыфщ, щыщIэныгъэхэмрэ бэлыхьхэмрэ пхыкIыфри балъкъэр лъэпкъым зиужьыжащ, зиузэщIыжащ.
Зи гугъу фхуэсщIыну Холаевхэ балъкъэр унагъуэр ящыщащ 1944 гъэм залымыгъэкIэ я псэупIэхэр зрагъэбгынэу илъэс 13 хъу зэман хьэлъэр хамэ щIыналъэхэм щызыгъэкIуахэм. Къыргъыз щIыналъэ пхъашэм щагъэкIуа илъэсхэмрэ къызэрыкIуажауэ щытамрэ теухуа и гукъэкIыжхэмкIэ нобэ къыддогуашэ ди лэжьэгъу, «Заман» газетым и сурэттех, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Холаевэ Марзият (Любэ).
- 1944 гъэм ди къэралым къыщыдагъэкIа унафэ бзаджэм ипкъ иткIэ, ди унагъуэри, адрей балъкъэр минхэм ящыщу, мы щIыналъэм ирашауэ щытащ. Сабии 4-р якIэрыщIауэ, гугъуехьищэхэр ятелъу си адэ Дэлъхъэтрэ си анэ Шапийрэ ерагъкIэ нэсауэ щытащ псэупIэу къыхуагъэлъэгъуа Къыргъыз ССР-м. А республикэм и ипщэ щIыналъэм хиубыдэ Джалал-Абад областым хыхьэ Ленин-Джол жылэм къыргъызхэм яхэсу ди унагъуэр илъэс 13-кIэ щыпсэуащ, - а лъэхъэнэм щыщу и гъащIэм къриубыдахэм топсэлъыхьыж Марзият. - Иссык-Куль гуэл цIэрыIуэм хэхуэ псыхэм ящыщ зым дыпэгъунэгъуащ абы щыгъуэ. Адрей ди лъэпкъэгъухэми хуэдэу, ди унагъуэри хамэщIым щекIуэкI гъащIэм зэрыхэзэгъэным, я бзэрэ хабзэрэ, я щхьэрэ я бынрэ зэрахъумэжыным хуабжьу хущIэкъуащ. Си анэкъилъхухэм ящыщу плIыр: Зое, Борис, Володя, Лизэ сымэ яIэу ягъэIэпхъуащ ахэр Къыргъызым. Бын нэхъыщIэхэм ящыщу щыр: сэ, си тIолъхуэныкъуэ Алик, си шыпхъу нэхъыщIэ ФатIимэ сымэ хамэ щIыналъэм дыкъыщалъхуащ. Быным ди нэхъыщIэ Малик дунейм къыщытехьар 1958 гъэращ, ди щIыпIэм къэдгъэзэжа нэужь.
Марзият зэрыжиIэжымкIэ, и адэ-анэр щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ зиIэ цIыхуу зэрыщытам куэдкIэ нэхъ тынш ищIащ унагъуэм и гъащIэр. Налшык дэта ЛУГ-м щеджауэ щыта Дэлъхъэт Ленин-Джол къуажэм къыщызэIуаха школым и унафэщI ящIащ куэд дэмыкIыу. ЕгъэджакIуэ курсхэр нэхъапэIуэкIэ къызыухауэ щыта Шапий а школ дыдэм егъэджакIуэу щылэжьащ куэдрэ.
- 1957 гъэм и гъатхэр гуимыхужт. Ди лъэпкъыр хей зэращIыжам и хъыбарыр напIэзыпIэм дэнэкIи щызэлъыщIэсат. ГуфIэгъуэ нэпсу абы щыгъуэ унагъуэм щIэдгъэкIар сыт хуэдиз хъурэт!? ЩIэи гъуни имыIэм хуэдэт! АтIэми зэман дгъэкIуэд хъунукъым, жаIэри, деIэ-депхъуэу, щхьэж хузэфIэкIыр ищIэу, зыдгъэхьэзырыжауэ щытащ. «ДокIуэж!» псалъэр нэхъыжьхэм зэуэ хэIэтыкIауэ жаIэрти, ныбжьыщIэхэри зы фIыгъуэ гуэрым дыпэплъэрт, абы хуабжьу дыхуэпIащIэу. Илъэситху ныбжьым абы щыгъуэ ита сэ нобэ хуэдэу си нэгум къыщIоувэ а махуэр, - и гукъэкIыжхэм пещэ ди лэжьэгъум. - А илъэсхэм къриубыдэу унагъуэм мылъкуу зыхуэтхьэсам щыщу хамэщIым зы Iуданэ къыщыдмыгъэнэн ди гугъуэу псори зы жэщ-зы махуэм зэщIэткъуэжат. Дэ, сабий нэхъыщIэхэми, ди джэгуалъэ тIэкIур зэхуэтхьэсри къэлътмакъхэм итлъхьакIэт. БойнакъкIэ дызэджэ ди хьэ Iущ цIыкIури къыздэтщтэнути, къытхуадауэ щытакъым.
1957 гъэм и мэлыжьыхьым и пэщIэдзэ дыдэм Холаевхэ я унагъуэр гъуэгу къытеувэжащ. Я нэпс щIалъэщIыкIыу ахэр кърагъэжьэжащ гъунэгъуфIи ныбжьэгъуфIи къахуэхъуауэ щыта къыргъызхэм. Абыхэм къыхуагъэнащ я Iэщхэмрэ мэлхэмрэ. Анэмрэ быным я нэхъыщIэ ФатIимэрэ хьэпшыпхэр зэрылъ машинэшхуэм ипэмкIэ ирагъэтIысхьащ, адрей сабии 7-м яхэсу адэми машинэшхуэм и гупкIэм зригъэзэгъащ. ГуфIэжу, я гум дыгъэ къыщепсу къежьэжахэм я гукъыдэжыр зэуэ яIэщIихащ банэрэ къугъыу сабейм хэту къакIэлъыжэу хуежьа Бойнакъ хьэм. Сабийхэм я макъыр яутIыпщауэ гъырт, адэри арат. Хэт ищIэрэ, абы игъейр хьэм и закъуэ къыщIэкIынтэкъым. А дакъикъэм, дауи, Дэлъхъэт и тэмакъыщIэм куэд щызэхуэсат: 1944 гъэм и гъатхэпэм къащIэIуа гузэвэгъуэм деж щегъэжьауэ илъэс 13-м къриубыда гъащIэр зэрыщыту... ПсыIэрышэм хуэдэу къежэх а цIыхухъу нэпсым, шэч хэмылъу, хэлът унагъуэшхуэм и нэхъыжьым и гумрэ и псэмрэ щыщIа псори. Уеблэмэ, а нэпсхэмкIэ Дэлъхъэт къитхьэщIыжауэ къыщIэкIынщ а илъэс «фIыцIэхэм» и унагъуэм, и лъэпкъым трагъэлъа бэлыхь псори.
ЛIыгъэ зыхилъхьэу зызэтезыубыдэжа адэм, быныр тригъэун и гугъэу, IэфIыкIэ гуэрхэр яритырт, арщхьэкIэ цIыкIухэр а дакъикъэм зэгупсыс щыIэтэкъым, фIыуэ ялъэгъуа а псэущхьэ цIыкIум фIэкIа.
Гъуэгум гугъу щехьами, Холаевхэ мэлыжьыхьыр имыкIыу щIыналъэм я лъэ щытеувэжащ. Ахэр Хьэсэней жылэм дагъэтIысхьащ икIи хуэмурэ лъэ быдэкIэ гъащIэм хэувэжащ.
- Ди гъунэгъу адыгэхэр къэIэпхъуэжагъащIэ балъкъэрхэм икъукIэ къыддэIыпыкъуащ. Къыргъызым дыщыщыIам щыгъуэ дыщыпсэуар хуабжьу сабалъэ щIыпIэти, машинэ блэжа нэужь, цIыхуитI узэрылъагъужыртэкъым. Мыбдежым псэупIэщIэ тхуащIар жэнэт щIыналъэт. Къыдатар нэхъ тафэ телъу щытти, ди анэм «дэ дыбынунагъуэшхуэщ, зэран дыфхуэмыхъущэн щхьэкIэ нэхъ IукIуэтауэ дыщытIысынщ», жиIэри нэхъ лъагапIэм дытетIысхьауэ щытащ. ЯпэщIыкIэ ди адэмрэ си дэлъху нэхъыжьхэмрэ мэзыдэ жыгхэр къагъауэурэ абы къыхахымкIэ пхъэ унэшхуэ зэраIулъауэ, ди лъапсэр набжэкIэ къагъэувыхьауэ щытащ. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым яухуауэ щытащ ноби лъэщу зэфIэт ди унэшхуэр, абы къыщалъхуащ зэрыбынийм ди нэхъыщIэри. ГуфIэгъуэ, гузэвэгъуэ куэди илъэгъуащ а ди унэжьым, хьэгъуэлIыгъуэ куэд щекIуэкIащ, щIэблэ узынши къыщалъхуащ – гъащIэм сытми ущрохьэлIэ. АтIэми ди лъахэ зэрыдгъуэтыжам къаруущIэ къытхилъхьэрт, ди зэфIэкIхэми хигъахъуэрт, - жеIэ зи нэпсхэр мыгъущу хъыбарыр къысхуэзыIуэтэж си псэлъэгъу бзылъхугъэм. - Гъуэгум щIыIэ щысхыхьауэ, а зэманым сысымаджэ хьэлъэт сэ. Ди гъунэгъу адыгэ цIыхубзым и чэнджэщкIэ Налшыкыпсым и Iуфэм пщэдджыжь нэхущ куэдкIэ сыщагъэбэуащ, унагъуэм щыщу хэт и Iуэхур хуэкIуэми IэплIэкIэ сиIыгъыу. Ар сэбэп схуэхъури, зэман кIэщIым къриубыдэу сыхъужауэ щытащ.
Зи щIыгу зыгъуэтыжа адрей балъкъэр унагъуэ минхэми хуэдэу, Марзият сымэ я унагъуэми я лъэр щаукъуэдиижащ ди щIыналъэм. Адыгэ псалъэжьым зэрыщыжыIауи, «щхьэ шхыгъуи ихуэжащ»: бын япIу, хадэ ящIэу, Iэщ зэрахуэу, къэралым пэжу хуэлажьэу гъащIэм хэувэжащ. Холаевхэ я гуи я пси зэIухауэ дунейм тетщ, республикэм и ехъулIэныгъэм хуэлажьэу, цIыхур, гъащIэр фIыуэ ялъагъуу.