Анэдэлъхубзэмрэ щIэблэмрэАдыгэ тхыбзэм и махуэшхуэр ягъэлъапIэу ди республикэм тхьэмахуэ блэкIам къыщапщытэжащ екIуэкIа мазэ лэжьыгъэм кърикIуахэр. ДэнэкIи хуэдэу, Iуэхугъуэ дахэ куэд щрагъэкIуэкIащ Аруан щIыналъэми. Жылагъуэм мыхьэнэшхуэ щызиIэ а махуэщI лъапIэм щIыпIэ унафэщIхэми гулъытэ хэха хуащIащ. Аруан щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэ ЛIыжьыкъуэ Хьэзрит махуэшхуэм ирихьэлIэу яхуэзащ районым лъэпкъыбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэдж лэжьакIуэ пэрытхэм. Ар къызэхуэсахэм гуапэу ехъуэхъури, зи пашэ къэрал IэнатIэм къыбгъэдэкI щIыхь тхылъхэмрэ удз гъэгъа Iэрамэ дахэхэмрэ яритащ. Апхуэдэ къэрал гулъытэ зыхуагъэфэщахэм ящыщщ Нарткъалэ дэт курыт школ №6-м илъэс куэд лъандэрэ адыгэбзэр щезыгъэдж Къущхьэ Ритэ. Лъэпкъым и гупсэ ди анэдэлъхубзэр хъумэным, абы зегъэужьыным, а фIыгъуэр къытщIэхъуэ щIэблэм яIурылъу, фIыуэ ялъагъуу къэгъэтэджыным хуэунэтIауэ Къущхьэм зэфIих лэжьыгъэхэр куэд мэхъу. Ритэ зи IэщIагъэм хуэIэижь, Iуэху зехьэкIэ пэрыт зиIэ лэжьакIуэщ. ЩIэблэм щIэныгъэ куу яриту, сабийхэр фIым, дахагъэм хуиущийуэ и IэнатIэр ныкъусаныгъэншэу ирехьэкI абы. «Акъылыр ящэркъым, къащэхуркъым - зрагъэгъуэт» адыгэ псалъэжьыр и гъуэгугъэлъагъуэу сабийхэм ядэлажьэ егъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэм зэхэдз имыщIу зэхуэдэу егугъуу ядолажьэ нэхъыфIу еджэ сабийхэми нэхъ къыкIэрыхухэми. Аращ абы и еджакIуэхэм ящыщ куэд анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъ литературэмрэ хуабжьу щIыдихьэхыр. А ныбжьыщIэхэр езым хуэдэу жыджэрщ, щIэныгъэщIэхэм я лъыхъуакIуэщ, къэхутакIуэ ныбжьыщIэхэщ. ЕгъэджакIуэ Iэзэм сабийхэр къызэрыдихьэхыр бгъэдэлъ щIэныгъэ куум и закъуэкъым, атIэ и хьэл-щэн зэпIэзэрытымкIи, Iурылъ адыгэбзэ къабзэмкIи еджакIуэ цIыкIухэр етхьэкъу. И гъэсэнхэр и гъусэу Ритэ щIэх-щIэхыурэ хэтщ школпсо, куейпсо, республикэ зэпеуэхэм, увыпIэфIхэри къыщехь. Абы зэрыжиIэмкIэ, адыгэбзэм, литературэм хуэнэхъуеиншэ еджакIуэ цIыкIухэр и мащIэкъым. Ахэр яфIэфIу хэтщ а щIыпIэми щIыналъэми анэдэлъхубзэмкIэ къыщызэрагъэпэщ зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм. Хэтым и мызакъуэу, увыпIэфIхэри къыщахь. - Апхуэдэу, илъэс блэкIа зытIущыр къэсщтэнщи, ехъулIэныгъэ яIэу зэхьэзэхуэ зэхуэмыдэхэм хэтащ си гъэсэнхэм ящыщ куэд. Сабийхэм я зэфIэкIхэр щагъэлъэгъуащ «ФIыщэу узолъагъу, си Хэку дыщэ!» республикэпсо зэпеуэм, Адыгэхэм я дунейпсо махуэм хуэгъэпса «Адыгэхэр я щIыгум щопсэуж» республикэпсо фестивалым, япэ увыпIэхэр къыщахьу, лауреат хъухэри къахэкIыу. Си гъэсэнхэм я лэжьыгъэхэр лъагэу къыщалъытащ школ, район зэпеуэхэм, республикэпсо хэкурыдж конференцым, - жеIэ Къущхьэм. ИригъэкIуэкI дерс купщIафIэхэм къадэкIуэу Ритэ школым къыщызэригъэпэщащ икIи щрегъэкIуэкI «Адыгэ хабзэр», «Удэзыхьэх грамматикэр» гупжьейхэр. Абыхэм йокIуалIэ егъэджакIуэм и гъэсэнхэм я процент 35-м нэсыр. А бжыгъэхэри щыхьэт тохъуэ Къущхьэм и Iуэху зехьэкIэ пэрытым. Къущхьэ Ритэ и лэжьыгъэфIым мызэ-мытIэу гу лъитащ Аруан щIыналъэм хиубыдэ курыт школхэм адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэджхэм я методикэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Тхъуэст ФатIимэ. - Лъэныкъуэ куэдкIэ щапхъэ зытрах егъэджакIуэщ Ритэ, - жеIэ Тхъуэстым. - Абы и дерсхэр дапщэщи къызыхуэтыншэу зэхэгъэуващ, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэм и мардэ псори къыщылъытауэ, егъэджэныгъэм и Iэмал пэрытхэр лэжьыгъэм къыщигъэсэбэпу. ЩIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ егъэджакIуэр сытым дежи хущIокъу и Iэзагъым зэрыхигъэхъуэным. ФатIимэ зэрыжиIэмкIэ, Къущхьэр бгъэдэлъ зэфIэкIхэмкIэ, и Iуэху зехьэкIэ пэрытымкIэ ядогуашэ къыдэлажьэхэм, адрей егъэджакIуэхэм яхуэщхьэпэн чэнджэщхэр яретыф. А Iуэхугъуэхэм къадэкIуэу, егъэджакIуэ пашэр щIэх-щIэхыурэ ирагъэблагъэ ныбжьыщIэхэм я олимпиадэ, зэпеуэ лэжьыгъэхэр къэзыпщытэ гупым. Апхуэдэу Ритэ хэтщ адыгэ литературэмкIэ къыдэкI зэреджэ тхылъхэм я рецензентхэм. Интернетым и Iэмалхэр къигъэсэбэпурэ, Ритэ ирегъэкIуэкI щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм ящыщ сабийхэр зэпызыщIэ дерсхэр. Апхуэдэ лэжьэкIэ мардэри хохьэ сабийхэр анэдэлъхубзэм нэхъри дезыгъэхьэх Iэмалхэм. Абы фIыуэ къыгуроIуэ ныбжьыщIэхэр уи дерсым дебгъэхьэхын папщIэ, уэ ар фIыуэ пщIэуэ абыхэм я пащхьэ укъиувэныр зэрымащIэр. - ЕгъэджакIуэм бгъэдэлъ щIэныгъэ куум щIыгъун хуейщ иджырей зэрырагъаджэ Iэмалхэр. Апхуэдэу еджакIуэхэм дазэрыдэлажьэ щIыкIэхэри зэмылIэужьыгъуэ зэрытщIыным дапщэщи дыхущIокъу, - пещэ и псалъэм Ритэ. - Урок къызэрыгуэкIхэм хыдоухуанэ джэгукIэ-къэхутэныгъэхэр, зэпеуэхэр, гупу зы Iуэху къииным елэжьыныр, абы къытхуигъэув къалэнхэр зэфIэтхыныр, нэгъуэщIхэри. Ритэ дапщэщи жыджэру хэтщ илъэс 20-м щIигъуауэ ди республикэм щекIуэкI «Си бзэ - си псэ, си дуней» фестиваль-зэпеуэм. «АдыгэбзэмкIэ иджырей дерс» унэтIыныгъэм, «Методикэ лэжьыгъэ нэхъыфI» зэпеуэм пашэ зэрыщыхъуам къапэкIуэу, зэфIэкI лъагэ зыбгъэдэлъ егъэджакIуэм къыхуагъэфэщащ КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм, Аруан щIыналъэм егъэджэныгъэмкIэ и IэнатIэм къабгъэдэкI щытхъу, фIыщIэ тхылъхэр. ЩIэм и лъыхъуакIуэ нэсу зи лэжьыгъэм гурэ псэкIэ бгъэдэт Къущхьэ Ритэ дохъуэхъу иджыблагъэ къыхуагъэфэща щытхъу тхылъымкIэ. Ди гуапэщ дяпэкIи и хъуэпсапIэхэр къехъулIэну, мурадыщIэхэм ялъэIэсыну. Апхуэдэ егъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэхэм я нэIэм щIэту балигъ гъащIэм хыхьэ ди щIэблэри зэфIэкI лъагэ зиIэ, мурадыфIхэр зи плъапIэ цIыху зэрыхъунуми шэч хэлъкъым. Къущхьэ Ритэ хуэдэхэращ зи фIыгъэр лъэпкъым и нэщэнэ нэхъыщхьэ анэдэлъхубзэм и Iуэхур дэхуэха мыхъуу, абы зиужьу, щIэблэм яIурылъу зэрыщытыр, адыгэ псалъэжьми зэрыщыжыIауэ, «лъэпкъ ипкъ мыкIуэду» къэзыгъанэр.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




