ЛIыхъужьхэм я фэеплъыр уахътыншэщКъэбэрдей-Балъкъэрым и школхэм гулъытэшхуэ щыхуащI щIалэгъуалэм ди блэкIар ирагъэщIэным, Хэкум хуэпэжу икIи фIыуэ ялъагъуу къагъэхъуным. Апхуэдэ лэжьыгъэм къытхутопсэлъыхь Налшык къалэм и курыт еджапIэ № 5-м и унафэщIым гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и чэнджэщэгъу Гъут Iэсият: - ТекIуэныгъэ Иным и махуэшхуэм зыщыхуэдгъэхьэзыркIэ, псом япэу гулъытэ зыхуэтщIхэм ящыщщ фэеплъхэр, зэхэуэхэр щекIуэкIа щIыпIэхэм щыIэ ухуэныгъэхэр зэгъэпэщыжынымрэ зыхуей хуэгъэзэнымрэ. Сыт хуэдиз хэщIыныгъэ нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм ди щIыналъэм къыхуахьат 1942 гъэм шыщхьэуIум и 12-м щегъэжьауэ 1943 гъэм щIышылэм и 11 пщIондэ! Ди курыт школыр илъэсипщI и пэ хэтауэ щытащ «Хэку зауэшхуэм и фэеплъхэр уахътыншэщ» Iуэхум. АбыкIэ я мурадар республикэм ит фэеплъхэмрэ Хэку зауэшхуэм ехьэлIа ухуэныгъэхэмрэ ятеухуа тхыгъэ зэхуэхьэсынырт. 2015 гъэм ар зэфIэдгъэкIри, а Iуэхум кърикIуахэр щызэхуэхьэсыжа тхылъи къыдэдгъэкIыжат. Абы итщ республикэм и щIыналъэ 60-м щIигъум щыIэ фэеплъ 87-м ятеухуа тхыгъэ. ЩIэблэр хэкупсэу, щыпсэу къэралым ирипагэу, тхыдэм пщIэ хуащIу гъэсэным и мыхьэнэм тедгъащIэри, 2024 гъэм и щэкIуэгъуэм зи гугъу сщIа «Хэку зауэшхуэм и фэеплъхэр уахътыншэщ» Iуэхум щIэрыщIэу делэжьыжыну унафэ тщIащ. АдэкIи ди гугъэщ 1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа зауэм теухуауэ ди еджакIуэхэм ящIэм хедгъэгъэхъуэну, я къэухьым зедгъэужьыну. Къалэн зыхуэдгъэувыжхэм я гугъу пщIымэ, псом япэр ныбжьыщIэхэм фэеплъхэм я мыхьэнэр зэрыиныр къагурыдгъэIуэн, дэфтэрхэм елэжьыфу, хъыбархэр, псом хуэмыдэу Интернетым къащыIэрыхьэхэр, зэхагъэкIыфу едгъэсэн зэрыхуейрщ. ЕджакIуэхэр жыджэру къэхутэныгъэхэм къыхохьэ, Хэку зауэшхуэм теухуа фэеплъ мывэхэм я сурэтхэмрэ тхыгъэхэмрэ езыхэм къагъуэтыж. Ди мурадхэр къыдэхъулIэн папщIэ, лэжьыгъэр Iыхьэ зыбжанэу зэпыдудащ. Иджыпсту лэжьакIуэ гупыр къызэдгъэпэщащ, ди курыт школым и унафэщI Емуз Светланэ и пашэу. Абы хэдгъэхьащ Iуэхур зэщIэзыгъэуIуэну егъэджакIуэхэр. КъищынэмыщIауэ, ди лэжьыгъэм жыджэру хэтщ ныбжьыщIэхэм я адэ-анэхэри. ДэIэпыкъуэгъу къытхуохъу Тхыдэ, щэнхабзэ фэеплъхэр хъумэнымкIэ урысейпсо зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэр, Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ библиотекэр, КъБР-м и Лъэпкъ музейр, нэгъуэщIхэри. «Сферум» платформэр къэдгъэсэбэпри, ди школым и 8 - 11-нэ классхэм щIэсхэм анкетэ едгъэтхащ, тхыдэр зэращIэр дгъэунэхуну. Ди упщIэхэм кърата жэуапхэм наIуэ къащIаращи, еджакIуэхэм нэхъыбэу ящIэр фэеплъ нэхъ инхэмрэ цIэрыIуэхэмрэщ, абы щыгъуэми республикэми нэхъ цIыкIууи нэхъ инуи щэ бжыгъэ щыIэщ. Ар къэтлъытэщ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и район 13-р ныбжьыщIэхэм ятедгуашэри, къалэн ящытщIащ сыт хуэдэ къуажэхэм сыт хуэдэ фэеплъхэр дэтми зэрагъэщIэну. НыбжьыщIэхэм езыхэм я къарукIэ къызэрахутамкIэ, Бахъсэн районым фэеплъи 9 къыщагъуэтащ, Дзэлыкъуэ районым - 11, Лэскэн щIыналъэм - 4, Майм - 8, Прохладнэм - 9, Тэрчым - 6, Аруаным - 8, Шэджэмым - 7, Шэрэджым - 4, Iуащхьэмахуэм - 5. «Сферум»-м и фIыгъэкIэ, нэгъуэщI зы щIэупщIэныгъи едгъэкIуэкIащ ныбжьыщIэхэм я адэ-анэхэр лъэпкъкIэ зыщыщымрэ я къуэпсхэр къыщежьэр ящIэрэ-ямыщIэрэ къэтщIэну. Зыщыщ лъэпкъыр дэтхэнэми, дауи, ищIэрт, ауэ я адэшхуэ-анэшхуэхэм я деж Iуэхур щынэсым, нэхъ гугъу ехьащ. Ди лэжьыгъэм и иужьрей Iыхьэм къэхутэныгъэ едгъэкIуэкIхэр къыщызэщIэткъуэжынущ, утыку къитхьэжынущ. Абы мы гъэм накъыгъэ пщIондэ делэжьынущ, икIи ТекIуэныгъэ Иным и илъэс 80-м ирихьэлIэу зэхэдгъэувэжыну альбомыр, гуэдзэн иIэу, дгъэхьэзырынущ. Къыхэзгъэщыну сыхуейт республикэм и адрей школхэми дазэрыдэлажьэр. Псалъэм папщIэ, Лашынкъей, Хьэтуей, Малкэ къуажэхэм, нэгъуэщIхэми я лIыхъужьхэм я фэеплъхэм я сурэтхэр къытхуагъэхь. Дауи, абдеж къыщынэркъым ди дерсхэр. Ди ныбжьыщIэхэр мы Iуэхум яфIэфIу къыхохьэ, пэжыр жысIэнщи, баштекъузэ щыIэкъым. Гу зылъытапхъэ: телеграм-каналым «ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 80 ирокъу» напэкIуэцIыр къыщызэIуахащ. Абдеж цIыхухэм зыщыщагъэгъуэзэну Iэмал яIэщ ди зауэлIхэм ТекIуэныгъэр лъэбакъуэ-лъэбакъуэурэ къызэрахьам, абы зи гуащIэ хэзылъхьа цIыхубэм, лIыхъужьхэмрэ зэхэуэ нэхъ гуащIэхэмрэ ятеухуа хъыбархэм, зэуапIэм къратхыкIыу щыта письмохэм, махуэшхуэм иращIэкIыну Iуэхугъуэхэр зыхуэдэм, нэгъуэщI куэдми.
Поделиться:
Читать также:
12.11.2025 - 16:13 →
Хэку лъагъуныгъэр игъэнэхъапэу
11.11.2025 - 13:30 →
Фашизмэм и «напэр»
11.11.2025 - 13:10 →
Дахэ нэщэнэхэр къызытещхэр
11.11.2025 - 13:00 →
ЩIыуэпсым епха гъэщIэгъуэнхэр
11.11.2025 - 12:30 →
Кувейтым мэлъатэ
| ||



