IуэхущIапIэщIэу 251-рэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым хьэрычэт щIэн Iуэхум ехьэлIауэ щыIэ Iэмалхэр егъэфIэкIуэнымкIэ нэгъабэ зыхуагъэувэжа къалэнхэр ягъэзэщIащ.

КъБР-м и ШэсыпIэ фондыр хьэрычэтыщIэхэм ахъшэ къащтахэр и пIалъэм зэратыжынумкIэ 27-рэ щыхьэту яхуэуващ, псори зэхэту сом мелуан 295,7-кIэ. Фондым и шэсыпIэкIэ кредит зэгурыIуэныгъэу зэращIылIахэм псоми зэхэту сом мелуан 801,7-рэ я уасэщ. Дызэрыт илъэсым и щIышылэм ирихьэлIэу шэсыпIэхэмкIэ портфелыр сом мелард 1,3-рэ хъуащ, зэгурыIуэныгъэкIэ лажьэхэр - 275-рэ, кредитхэмрэ щIыхуэу къащта ахъшэмрэ псори зэхэту – сом меларди 4,1-рэ. ШэсыпIэ фондым езым и ахъшэр сом мелуан 835-рэ мэхъу.

Хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ курытымрэ кредит цIыкIухэр етынымкIэ фондым хьэрычэтыщIэхэмрэ я щхьэ хуэлэжьэж цIыхуи 110-м кредит цIыкIухэм хуэдэу 156-рэ яритащ, псори зэхэту сом мелуан 26,5-рэ я уасэ. 2025 гъэм щIышылэм и 1-м ирихьэлIэу кредит мыинхэмкIэ зэращIылIа зэгурыIуэныгъэхэр 434-рэ мэхъу, фондым езым и ахъшэр сом мелуан 90,3-рэ хъунущ.

Бизнес-инкубаторхэм, хьэрычэтыщIэхэм мылъкукIэ нэхъыбэу защIэзыгъакъуэхэм, Iуэхутхьэбзэхэр хуащIащ хьэрычэтыщIэ 78-м, абыхэм IэнатIэу 412-рэ къызэIуахащ. Хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ курытымрэ я IуэхущIапIэхэм пIалъэ кIыхькIэ къагъэсэбэпыну ират къэрал мылъкум щыщ ухуэныгъэу 21-рэ, щIыналъэ мылъкуу 187-рэ спискэм хагъэхьащ.

КъБР-м «Си хьэрычэт IэнатIэ» центрым Iуэхутхьэбзэу 6177-рэ яхуищIащ хьэрычэт МСП-м и IуэхущIапIэ 3226-м, я щхьэ хуэлэжьэжыну зезыгъэтха цIыху 719-м, физлицоуэ 1356-м. Апхуэдэ дэIэпыкъуныгъэхэм я фIыгъэкIэ, IуэхущIапIэщIэу 251-рэ къызэIуахащ.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: