Гъуэгуанэ дахэ къикIуащ

Налшык къалэм дэт, Сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ я творчествэм зегъэужьынымкIэ Уардэунэм иджыблагъэ щекIуэкIащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iущхэмрэ и Iущыцэхэмрэ» хэгъэгупсо зэхьэзэхуэм и XI БжьыгъуэзэфIэхь ныкъуэр. Ар теухуат Урысей географие зэгухьэныгъэр илъэси 180-рэ зэрырикъум.

Гуманитар щIэныгъэхэм тегъэщIауэ ирагъэкIуэкI зэхьэзэхуэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт и IуэхущIапIэхэм я 10-нэ классхэм щеджэ ныбжьыщIэхэр. Iуэхугъуэр нэсу къызэгъэпэщынымкIэ жэуап зыхь ПщыукI Анютэ къызэрыхигъэщамкIэ, зэпеуэр щIыпIэ куэдым къыщащIэ Урысей географие зэгухьэныгъэр илъэси 180-рэ зэрырикъуам и закъуэкъым къэралым игъэлъапIэр, атIэ абы зи лэжьыгъэрэ зэфIэкIрэ къыхэщахэми лъапIэныгъэр ярет. Къэрал махуэгъэпсым плъыжьу къыщыхэгъэща махуэр лъахэмрэ Хэкумрэ джыным, абыхэм я дахэр цIыхубэм деж нэхьэсыным хэлъхьэныгъэ хуэзыщIахэм я лэжьыгъэм и дамыгъэщ.

«Къыхэтлъхьа жэрдэмыр ди ныбжьыщIэхэм гулъытэншэ зэрамыщIам хуабжьу дыщогуфIыкI. Зыбжанэ щIауэ дигу илът Урысей географие зэгухьэныгъэм и махуэщIыр мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэ гуэрхэмкIэ къыхэдгъэщыну. Ар къыдэхъулIауи къысщохъу. Сыт хуэдэ щIэныгъэри Хэкум хуиIэ щытыкIэмрэ лъагъуныгъэмрэ я дежщ къыщежьэр. ФIыуэ плъагъум апхуэдэ гузыхэщIэ щIыхуэпщIым и щхьэусыгъуэр къэплъыхъуэркъым. Адэ-анэмэ – укъалъхуащ, къуэш-шыпхъумэ – къыбдалъхуащ, уи цIыкIущхьэр щыкIуа хьэблэрамэ – къыбдэгъуэгурыкIуащ. ГъащIэм щыщщи, гурыIуэгъуэщ, фIыуэ щIэплъагъум ущIэупщIэнукъым. Ауэ адэжь лъахэ щыжыпIэм деж, ар адрей лъахэхэм къазэрыщхьэщыкIыр пщIэн, нэхъыфIу къыщIэплъытэм и щхьэусыгъуэри къэпIуэтэфын хуейщ. ИтIанэщ, а зэгъэпэщыныгъэм ипкъ иткIэ пщIа гупсысэхэм ущришэжьэнур, Хэкушхуэ жыхуэтIэми лъагъуныгъэ щыхуэпщIыфынур. Урысей географие зэгухьэныгъэм хэтахэми, нобэ хэтхэми аращ я гуращэр, ди зэхьэзэхуэми къалэн нэхъыщхьэ зыщищIыжари аращ», – жиIащ ПщыукI Анютэ.

Зэхьэзэхуэр джэгугъуищу зэхэтащ. Ахэр Урысейм и географием, картографием, тхыдэм теухуат. НыбжьыщIэхэм ирата упщIэхэр къызэрымыкIуэу гъэщIэгъуэнт, абыхэм я жэуапыр къэгъуэтыным хэлъа гугъуехьри арагъэнут узыIэпызышэри. Тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, Урысей географие зэгухьэныгъэм и щIыналъэ советым хэт Абазэ Алексей къызэрыхигъэщамкIэ, БжьыгъуэзэфIэхь ныкъуэр апхуэдизу гукъинэж хъуну къыщIэкIынтэкъым, абы хэта ныбжьыщIэхэм я щIэныгъэр езыхэм я Iуэху еплъыкIэхэм я шыбзэм щIэмыкIатэмэ. «НыбжьыщIэхэм ирата упщIэхэр тыншу щытауэ пхужыIэнукъым. Апхуэдэу щытми, абыхэм къат жэуапым къыщIигъэщар ди щIалэгъуалэм я зэхэщIыкIым и куууагъым и закъуэкъым, абыхэм яхузэфIэкIащ я пащхьэ къралъхьэ Iуэхугъуэхэм езыхэм я бгъэдыхьэкIэ къыхуагъуэтыжын, я еплъыкIэ ирахьэлIэн, щIэныгъэм щыжамыIауэ гупсысэщIэ къаIэту абы тегъэщIапIэ хуэхъун щапхъэхэр къахьын. Гулъытэ хэха игъуэтащ Урысей географие зэгухьэныгъэм Кавказыр, псом хуэмыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрыр, джыным хуищIа хэлъхьэныгъэм. Зэпеуэм къигъэлъэгъуащ ди щIалэгъуалэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэр, и лъэпкъ щIэныгъэр, и географиер зэрафIэгъэщIэгъуэныр», – жиIащ Абазэ Алексей.

«Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iущхэмрэ Iущыцэхэмрэ» пэхуэщIэр ди щIыналъэ егъэджэныгъэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэщ. Абы ди щIалэгъуалэм къарит Iэмалыр зытеухуар еджапIэ нэхъыщхьэ зэрыщIэтIысхьэфынум и закъуэкъым, атIэ я щIэжыр иIэту, къызыхэкIа лъэпкъым иригушхуэу, зыщыпсэу къэралым ирипагэу гузыхэщIэ лъапIэхэр къызэрызэщигъэурщ», – щхьэхуэу къыхигъэщащ Абазэм.

КъызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIамкIэ, къэхутэныгъэ лэжьыгъэшхуэ къызэзынэкIа зэгухьэныгъэм и щIыхькIэ зэIущIэхэр, щIэнIуатэхэр, Iэнэ хъурейхэр дяпэкIи екIуэкIынущ.

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться: