Псалъэ Iущхэр Iэщэ жану

Ди эрэм и пэкIэ еплIанэ-ещанэ лIэщIыгъуэхэм ди щIыгум мэкъумэш щIэным зыщиужьат. Синдхэм я щIыналъэр къулейт, нэхъыбэу зэлэжьыр хьэцэпэцэрт, псом хуэмыдэу гуэдзым. Къэралым щыпсэухэр зрикъун къалэжьыж къудейм къыщымынэу, Синдикэм гъавэкIэ сату дищIырт Алыджым. Хьэцэпэцэхэм нэмыщI, мыбы щелэжьырт пхъэщхьэмыщхьэм, санэм. Абы теухуауэ тхыгъэ къигъэнащ алыдж географ цIэрыIуэ Страбон.

ИужькIэ Боспор къэралыгъуэм и IэмыщIэм ихуа Синдикэм Iэщ гъэхъунми зыщиубгъуат. Синдхэм зэрахуэрт жэм, хыв, мэл, бжэн. Зыужьыныгъэшхуэ игъуэтат IэпщIэлъапщIэнми. Хьэкъущыкъу зэмылIэужьыгъуэхэр ятIагъуэм къыхащIыкIырт, гъущIым, гъуаплъэм, жэзым елэжьырт. Iэщэ щIынми зыщиубгъуат Синдикэм. Адыгэ сэшхуэр, къамэр щIыпIэ куэдым щыцIэрыIуэт.

Ахъшэ жьгъей къыщIэгъэкIыныр IэщIагъэ хэхауэ ябжырт. Синдхэмрэ мэуэтхэмрэ я кхъащхьэхэм къыщагъуэтыжа хьэпшыпхэр дыщэхэкIт къызыхэщIыкIар икIи ахэр IэщIагъэшхуэ зиIэхэм зэраIэдакъэщIэкIыр нэрылъагъут.

Iуащхьэмахуэ ещIэж кIэсэгухэм я пелуан Ридадэрэ тмутэрэкъаныпщ Мстиславрэ утыкушхуэм къарукIэ зэрыщызэрыгъэунэхуар. А зэман жыжьэм лъандэрэ, епщIанэ лIэщIыгъуэм щыщIэдзауэ, урысхэмрэ адыгэхэмрэ я шыгъупIастэ зэIулъщ; Чернигов тмутэрэкъаныпщхэм я дзэм адыгэхэм къулыкъу щащIэрт, абыхэм ирагъэкIуэкI зауэхэм лIыгъэ щызэрахьэрт.

Езыхэм я щхьэхуитыныгъэр яхъумэжу, урысхэм ящIыгъуу адыгэхэр хамэщI къикIахэм мызэ-мытIэу ебэнащ. Абы и щыхьэтщ 964, 966 гъэхэр. А илъэсхэм урыс, шэрджэс шууейхэр зэщIыгъуу хъэзэрхэм езэуащ. Зэгъусэу ирагъэкIуэкIа бэнэныгъэхэм ахэр нэхъри зэгъунэгъу ищIащ я гупсысэкIэ, мурадкIэ; лъыкIэ яIэ зэпыщIэныгъэхэри нэхъ куу хъуащ.

XVI лIэщIыгъуэм къэбэрдеипщхэм Урысейм къулыкъу щащIэу щIадзэ икIи псоми цIэ лъапIэхэр, Черкес унэцIэхэр къыфIащ. «Черкесыпщхэр, Кавказ Iэлым къикIахэр, зэман зэхуэмыдэхэм Урысейм Iэпхъуащ: урысыпщхэм, боярхэм япхъухэр щхьэгъусэ яхуэхъут, абыхэм я диным ихьэрт, бояр дамыгъэхэр, нэгъуэщI цIэ лъапIэхэр зэрахьэу къулыкъу ящIэрт, щытхъурэ щIыхькIэ зыщIагъанэрт, я цIэхэм урыс тхыдэм увыпIэшхуэхэр щрагъэубыдырт…», - 1841 гъэм апхуэдэу щитхыгъащ Долгоруков П.В. и «Урысей лъэпкъ тхылъым».

1557 гъэм бадзэуэгъуэ мазэм Идар Темрыкъуэпщым ипхъу Гуащэнэ, чыристан диным щихьэм Марие цIэуэ зыфIащыжар, Урысей пащтыхь Иван ЕплIанэм докIуэ. А Iуэхум нэхъри игъэбыдащ адыгэхэмрэ урысхэмрэ куэд щIауэ къадэгъуэгурыкIуэ я зэныбжьэгъугъэр.

ХVIII лIэщIыгъуэм и 20 - 30-нэ гъэхэр мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ IэджэкIэ гъэнщIат. 1720 гъэм и гъатхэм кърым хъан СэIэдэт-Джэрий цIыху мин плIыщIым щIигъу хъу и дзэм Къэбэрдейм и гъунапкъэхэр къиувыхьащ икIи псалъэмакъ къыхамыгъэкIыу Уэсмэн пащтыхьыгъуэм и унафэм щIэтыну, 1708 гъэм Къэнжалыщхьэ деж хьэбэсабэу щызэхакъута Къаплъэн-Джэрий хъаным ираха лейм папщIэ щIалэ, пщащэ миниплI ятын хуейуэ унафэ ещI. Шу мин 15 – 20 нэхъыбэ зымыгъэшэсыфыну лъэпкъым и дежкIэ ар къалэн хьэлъэт. Лъэпкъым и къуэ нэхъ Iущхэм ящыщ зым – Къэзанокъуэ Жэбагъы – и чэнджэщкIэ Къэбэрдейр шынагъуэм къыIэщIэкIащ.

Кърым хъанхэм я бийуэ бэнэныгъэ езыгъэкIуэкIа, адыгэхэм я Iэтащхьэ Къетыкъуэ Аслъэнбэчщ Къэзанокъуэм и псалъэ Iущхэр Iэщэ жану зыгъэбзар. ЗауэлI мин бжыгъэхэр хигъэкIуадэри, СэIэдэт-Джэрий щIэпхъуэжащ.

Къэбэрдейм кърым хъанхэр, тыркухэр аргуэру къытемыуэн папщIэ, 1722 гъэм фокIадэ мазэм и 3-м, Хъэзэр тенджызым и Iуфэхэр урыс пащтыхьым къыщызэхикIухьам, Къетыкъуэпщыр езым и чэнджэщэгъу Къэзанокъуэр щIыгъуу Петр Езанэм Дагъыстаным, Сулак деж, щыхуэзащ. ЗэрызэгурыIуам и щыхьэту, къэбэрдей шу гупыр щежьэж махуэм, фокIадэм и 23-м, Аслъэнбэчыпщым кърат Урысейр Къэбэрдейм къызэрыщхьэщыжынур игъэбыдэу щыхьэт тхылъитI.

КъыкIэлъыкIуэ Iуэхухэм адыгэхэр ирахулIат 1723 гъэм и гъатхэпэ мазэм Петр Езанэм деж Бытырбыху лIыкIуэ ягъэкIуэну. Ежьахэм яхэтт Къэзанокъуэ Жэбагъы, Тамбий Жанмэмэт, Къундет Кургъуокъуэ сымэ. Абыхэм я пщэм къалэнышхуэ дэлът: зэхагъэкIын хуейт Сулак щызэращIылIа зэгурыIуэныгъэм Урысейр зэрыхуэпэжыр, къатеуэIамэ, ар къазэрыщхьэщыжыну щIыкIэр. ЛIыкIуэхэм хъыбарыфI къахьащ. АбыкIэ фIыщIэ лей зыбгъэдэлъар Къэзанокъуэ Жэбагъыт.

Iуащхьэмахуэ ещIэж нэгъуэщI адыгэлIи – ХьэтIохъущокъуэ Исмел-псыгъуэ, урысыдзэм полковникыу хэтар, Измаил быдапIэр къыщащтэм Очаков и лIыхъужь хъуар, Суворовым и гъусар, Георгий жорым и IV нагъыщэр зезыхьар. 1787 – 1791 гъэхэм екIуэкIа Урыс-Тырку зауэм абы лIыгъэ щызэрихьащ, Днестр дэкIуэу Тыркумрэ Урысеймрэ я гъунапкъэхэр убзыхуным теухуа зэгурыIуэныгъэм хэтащ.

Екатеринэ ЕтIуанэр щIэкъуащ Кавказым щригъэкIуэкI IуэхухэмкIэ ХьэтIохъущокъуэр щIэгъэкъуэн къищIыну. Ауэ абы и хьэгъэщагъэхэр Исмел-псыгъуэ диIыгъакъым, урыс пащтыхьым иригъэкIуэкI лъэпкъ дэкъузэныгъэм и бийт ар, экономикэ, сату, политикэ я лъэныкъуэкIэ Урысеймрэ Кавказымрэ я зэпыщIэныгъэхэр, урыс лъэпкъышхуэм хуаIэ ныбжьэгъугъэр нэхъри гъэбыдэн хуейуэ къилъытэрт.

Исмел-псыгъуэ, Къэбэрдейм и лIы щэджащэр, Кавказым хуэуса Лермонтов Михаил и поэмэ цIэрыIуэ «Измаил-бейр» зытриухуа адыгэлIыр, диным итхьэкъуа гъэпцIакIуэхэм 1812 гъэм гъуанэдэууэ яукIащ.

Европэми Азиеми я гъуэгухэр Кавказым щызэхыхьэжырт. Мыбы щызэхэпхырт бзэ зэмылIэужьыгъуэхэр, мыбы щыплъагъунут дин зэхуэмыдэхэм ятхьэкъуахэр, хабзэкIэ, хьэл-щэнкIэ зэмыщхьхэр – Польшэмрэ Шотландиемрэ къикIа миссионерхэр, Византиемрэ Алыджымрэ я сатуущIхэр, Тыркумрэ Кърымымрэ къикIа дин хэпщакIуэхэр, Аравием, Генуем, Франджым, Инджылызым щыщ зыплъыхьакIуэхэр.

ХамэщI къикIахэм я нэхъ цIэрыIуэхэм ящыщт франджы тхакIуэшхуэ Александр Дюма-адэр, 1858 – 1859 гъэхэм Кавказым къыщызыкIухьар. Пушкиным, Лермонтовым, Толстой, Горький сымэ хуэдэу, мы хэкур зэрытелъыджащэр абы егъэлеяуэ гъэщIэгъуэн щыхъуауэ щытащ.

ПхузэфIэмыкIыу уи гум къокIыж Дюма и псалъэхэр: «Дыгъэр аргуэру къыкъуэкIыжащ, иужьрей пшагъуэ гуэрэнхэр кIуэдыжащ. Къазбэч къыщыщIэдзауэ Iуащхьэмахуэ нэс зызыукъуэдий Кавказыбгхэм я дахагъэ псори къыщIэщыжащ.

А хьэлэмэтыщэм дызыIэпишэри, зы заулкIэ дэ сыным хуэдэу дызэфIэтащ; тлъагъур ещхьтэкъым Альпхэми, Пиринеи, нэгъуэщI гурхэми; къыпфIэщIырт ар зыхуэдэ дыдэр зи нэгу къыщIэзыгъэувэфын щымыIэу.

Ар Кавказырт…».

Iуащхьэмахуэ куэдрэ пэплъащ и щыгу цIыхулъэ щыувыным. А зэманыр къыщысар 1829 гъэрщ. Абы и щыгум япэу дэкIащ Урысей Академием и экспедицэм и гъуэгугъэлъагъуэу щыта адыгэлI Хьэшыр Чылар, Iуащхьэмахуэ и къуэ нэхъ лъэрызехьэхэм ящыщ зыр. Ди бгыжьхэм игъащIэкIэ ар ящыгъупщэнкъым: бадзэуэгъуэм и 22-м сыхьэтыр 11-м бгыхэм я тхьэмадэм и ищхъэрэ лъагапIэм Чылар щыхитIащ и Iэхъуэ башыр икIи мывэкIэ къигъэтIылъыхьыжри къехыжащ. Бгым дэкIыным абы тригъэкIуэдар сыхьэтийт.

1829 гъэм япэ дыдэу Iуащхьэмахуэ зэрыдэкIам папщIэ гъущI IыхьэшхуитIым къыхагъэжыкIащ мыпхуэдэ псалъэхэр: «Фут 16.330-рэ зи лъагагъ щыгум япэу дэкIыфар адыгэ Чыларщ. Мы гъущI къызэрыгуэкIым щIэблэм я деж нрырехьэсыж зи щыгур къамыгъэIурыщIэфыну къалъытэу щыта Iуащхьэмахуэ япэу гъуэгу пхызышам и цIэр».

Зыгъэхьэзырар Дохъушокъуэ Синэщ.

 

Поделиться: