Мыхьэнэшхуэ зиIэ IэнатIэ

ЕгъэджакIуэ IэнатIэр зэрыгугъур псоми дощIэ. Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэм зи гъащIэр тезыухуахэм я гъащIэ псом гуэхыпIэ имыIэу епхащ я лэжьыгъэр. Гурэ псэкIэ къыхэпхауэ щытмэщ абы ущрилэжьэфынури тыхь зыщыхуэпщIыфынури. Апхуэдэу, зэрыIыгъыу, щIэблэр фIым зэрыхуаущиинымрэ щIэныгъэ куу зэрыбгъэдалъхьэнымрэ хущIэкъуу, зэдолажьэ Аруан щIыналъэм хыхьэ Къэхъун жылэм дэт курыт школ №1-м и IэщIагъэлI гупыр. 
Гъуэгуанэ купщIафIэ къэзыкIуа IуэхущIапIэщ а школыр. Ар илъэсибл еджапIэу 1927 гъэм къызэIуахауэ щытащ. Абы лъандэрэ блэкIа илъэси 100-м нэсым зэи къэхъуакъым еджапIэр зыхуигъэувыж къалэнхэм щыпэмылъэща, жылагъуэм пщIэ щиIэу ахэр щызэфIимыха. Нэхъыжьхэм зэрыжаIэжымкIэ, абы япэу щылэжьахэм ящыщщ къэхъундэсхэу Берычэт Зырамыку, Такъ Джэрий, Къул МэчрэIил, Такъ Гуагуэ, Лъэпщокъуэ СулътIан, Гулэжын Хьэжкъасым сымэ, нэгъуэщIхэри. Ди щIыналъэм и адрей жылэхэми, къэралым и нэгъуэщI щIыпIэхэм къикIыурэ Къэхъуным и щIэблэм щIэныгъэ иратырт IэщIагъэлIхэм. 1937 гъэм къуажэм дащIыхьащ япэ курыт школыр икIи абы щеджэу хуежьащ къэхъундэсхэм я бынхэри, Псынабэ, Дохъушыкъуей (иджы Нарткъалэ) щыщ сабийхэри. 
Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм егъэджакIуэхэм ящыщ куэд фронтым Iухьащ, езы школри уIэгъэщ ящIат. Школым нэсу лэжьэн щыщIидзэжар зауэр иуха нэужьщ. 
 Нобэ къэхъундэс щIэблэм щIэныгъэ щызрагъэгъуэт 1987 гъэм яухуауэ щыта, къатищу зэтет, еджакIуэ 800-м нэсым ятещIыхьа унэшхуэм. Абы хэтщ актовэ, спорт пэшышхуэхэр, сабии 120-рэ зэуэ щыбгъэтIыс хъуну шхапIэ, библиотекэ, предмет зэмылIэужьыгъуэхэр нэхъ куууэ щаджын пэш хэха 11-рэ класс 19-рэ. ЕджапIэр зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ къызэгъэпэщыным дапщэщи я нэIэ тетщ абы и унафэщIхэм. ИлъэситI ипэкIэ курыт школыр зэпэщ ящIыжащ, иджырей мардэм тету зэрахъуэкIащ унащхьэр, бжэхэр, щхьэгъубжэхэр, лъэгухэр. Гулъытэ хуащIащ инженер коммуникацэхэм, псы зрикIуэ бжьамийхэм, нэгъуэщIхэми. Илъэс зэхуэмыдэхэм абы и лэжьыгъэр яунэтIащ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм фIыщIэ куэд къыщызыхьа IэщIагъэлI жанхэм. Мы зэманым школым и унафэщIщ лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ Iэзэ Понэж ФатIимэт. Абы и нэIэм щIэт гупыр, сыт хуэдэ лъэхъэнэми хуэдэу, адэкIи хущIокъу лъэпкъыр зэрыгушхуэн, абы хуэфэщэн щIэблэ зэрагъэсэным, ныбжьыщIэхэм щIэныгъэфI зэрыратыным. Абыхэм фIыуэ къагуроIуэ сабийр екIуу бгъэсэныр, абы и псэр щIэныгъэм хуэбгъэушыныр, къыдэпхьэхыныр икIи балигъ гъащIэм хуэбгъэхьэзырыныр жэуаплыныгъэ зыпылъ лэжьыгъэ гугъуу зэрыщытыр. 
Зи лэжьыгъэм гурэ псэкIэ пэрыт гупым 2024 - 2025 гъэ еджэгъуэри къызыхуэтыншэу къызэрырахьэлIэным хущIокъу. НыбжьыщIэхэм егугъуу зыхуагъэхьэзыр къапэщылъ къэрал къэпщытэныгъэхэм. КъытщIэхъуэ щIэблэм иIэ зэфIэкIым, бгъэдэлъ щIэныгъэм къэралым и къэкIуэнур зэрелъытар къызыгурыIуэ егъэджакIуэхэми лъэкI къагъанэркъым я пщэрылъ къалэнхэр и чэзум икIи фIагъ лъагэ яIэу зэфIахын папщIэ. Мыхьэнэшхуэ зиIэ апхуэдэ мурадхэр къайхъулIэну ди гуапэщ.  
 

ТАМБИЙ Линэ.
Поделиться:

Читать также: