IэнатIэ 450-рэ къызэрагъэпэщынущ

2024 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым ехъулIэныгъэхэр иIащ бжыгъэ Iэмалхэм зэрызрагъэужьым епхауэ. 
ЩIыналъэм щыпащащ хъыбарегъащIэ Iэмалхэр, связыр, Интернетыр цIыхухэм зэраIэрыхьэр егъэфIэкIуэным, къэрал, муниципальнэ Iуэхутхьэбзэхэр зэпэIэщIэу (электроннэу) къызэгъэпэщыным ехьэлIа лэжьыгъэм. Иджыпсту республикэр 29-нэ увыпIэм щытщ УФ-м Бжыгъэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ, связымрэ цIыхубэ коммуникацэхэмкIэ и министерствэм гъэ къэс къызэщIикъуэж къэпщытэныгъэм къызэригъэлъэгъуамкIэ (2023 гъэм елъытауэ увыпIэ 22-кIэ къэIэбащ). 
КъБР-м бжыгъэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ, связымрэ цIыхубэ коммуникацэхэмкIэ и министр Бозий Аскер Iуэхухэр зэрызрагъэхъулIэм иджыблагъэ тепсэлъыхьащ, икIи къыхигъэщащ нэгъабэ телефон связым и станцыщIэ 62-рэ оптикэ порт мин 17-рэ зэрагъэувар, робототехникэмкIэ «Кубок РТК: Налшык» зэпеуэхэм я кIэух Iыхьэр иджы япэу КИФЩI-м зэрыщекIуэкIар, нэгъуэщIхэри.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм гулъытэ хэха хуещI зыгъэпсэхуакIуэхэр республикэм нэхъыбэу къэкIуэнымрэ щIыналъэм и зыужьыныгъэм мылъку хэзылъхьэнухэр къешэлIэнымрэ. Абы и лъэныкъуэкIэ министерствэм мы гъэм и мурадхэм щыщщ зыгъэпсэхупIэхэм, псалъэм папщIэ, Джилы-Су щыIэ «Нарзанхэм я хуей» эко-паркым, связым зыщегъэужыныр. Мы зэманым апхуэдэ лэжьыгъэхэр щокIуэкI Шэджэм аузым, - жеIэ Бозийм. - 2030 гъэм и кIэ пщIондэ ди мурадщ къэрал-уней зэдэлэжьэныгъэкIэ Налшык япэ IT паркыр щыдухуэну. Ар иджырей Iэмэпсымэхэмрэ программэхэмрэ зэхэзыгъэувэхэм (щIэныгъэ институтхэр яхэту) яхуэгъэзауэ щытынущ, хъыбарегъащIэ технологиехэмкIэ IэщIагъэлI пажэхэм папщIэ IэнатIэ 450-м нэблагъэ къызэрагъэпэщынущ. Мы зэманым республикэм и школакIуэ мин 53-м щIигъу хуоджэ информатикэмрэ компьютер дерсхэмрэ. Зэпымыууэ лекцэ щхьэхуэхэр къызэрагъэпэщ IT IэщIагъэм ныбжьыщIэхэр дегъэхьэхынымрэ я къэухьым хэгъэхъуэнымрэ хуэгъэзауэ. «ITV Group» IуэхущIапIэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр щIыгъуу, «Я программист» еджапIэр къызэрагъэпэщащ, абдеж бжыгъэр зи лъабжьэ экономикэм IэщIагъэлIхэр щыхуагъэхьэзыр (зы илъэсым и кIуэцIкIэ цIыху 200 ирагъаджэ). Апхуэдэуи КъБКъУ-м хэтщ акъыл IэрыщIымрэ иджырей технологиехэмкIэ институтыр. Къэбгъэлъагъуэмэ, бакалавриатымрэ магистратурэмрэ зэхэту щIэсщ цIыху 811-рэ. 
2024 гъэм, КъБР-м и Iэтащхьэм и пщэрылъкIэ, министерствэр елэжьащ «Чистое небо» Iуэхур гъэзэщIэным - Налшык къалэм зэгъэпэщыжыныгъэхэр щрагъэкIуэкI, транспортыр щызэтрихьэ и уэрамиблым связым и кIапсэхэр щIым щIэлъу щащIащ. Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм къалэр теплъэгъуафIэ зэрищIым къыдэкIуэу, коммуникацэхэр дунейм и щытыкIэхэми нэхъ щехъумэ, нэхъыбэрэ зрегъакIуэ.
КъБР-м Бжыгъэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ, связымрэ цIыхубэ коммуникацэхэмкIэ и министерствэм 2024 гъэм и дыгъэгъазэм щегъэжьауэ и нэIэм щIэтщ телерадио IуэхущIапIэхэр, печатнэ къыдэкIыгъуэхэр, «Мои документы» IэнатIэр, Къэрал, муниципальнэ Iуэхутхьэбзэхэм я порталыр (ЕПГУ). Министрым зэрыжиIэмкIэ, нэгъабэ КъБР-м Къалэн куэд щагъэзащIэ и центрхэм зы мелуаным щIигъу IуэхукIэ зыхуагъэзати, къэрал, муниципальнэ, нэгъуэщI Iуэхутхьэбзэу мин 830-м щIигъу цIыхухэм хуащIащ. ЩIэупщIэ нэхъыбэу зиIэр Урысейм и Социальнэ фондым, Росреестрым, КъБР-м и МВД-м я Iуэхутхьэбзэхэрщ. ЦIыхухэр абыхэм яхуэарэзыщ кIыхьлIыхь ямыщIу я лъэIур зэрагъэзащIэмкIэ. КъищынэмыщIауэ, МФЦ-м IэмалыщIэ иIэ хъуащ СВО-м зэрыщыIэм щыхьэт зэрытехъуэ тхылъымпIэр абы къыщIэупщIэм етыным хуэгъэзауэ. 
Бозий Аскер дыщIигъуащ министерствэр, «Урысейм и пощт» АО-р и гъусэу, щIыналъэм щыпсэухэм Iуэхутхьэбзэхэр зэрыхузэфIах щIыкIэр егъэфIэкIуэным зэрелэжьыр. Къыхэгъэщыпхъэщ, мы зэманым пощтым и къудамэм Iуэхутхьэбзэ зэмылIэужьыгъуи 130-м щIигъу ц1ыхуэхэм зэрахуищIэр.
 

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:

Читать также: