Мэлыжьыхьым и 1-р Ауанымрэ гушыIэмрэ я дунейпсо махуэщ
Iыхьлыхэм, благъэхэм, ныбжьэгъухэм мы махуэм дэгушыIэ хабзэщ. Ар япэ дыдэу къыщыунэхуар дэтхэнэ къэралрами иджы ящIэжыркъым. Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, мэлыжьыхьым и I-р нэхъапэм ягъэлъапIэу щытащ гъэрэ щIырэ щызэхэкI махуэу. МафIэщхьэтыхьыр, нэгъуэщIу жыпIэмэ ИлъэсыщIэр, сыт щыгъуи гушыIэрэ ауанкIэ гъэнщIат. А махуэшхуэм и хабзэхэр иджыри кIуэдыжакъым. Абы щхьэусыгъуэ хуэхъуауэ къалъытэр щIыуэпсым и щытыкIэрщ: гъатхэ уэлбанэрилэр, уэтIпсытIыр, махуэ нэщхъеифэхэр ауанрэ гушыIэкIэ ягъэдахэрт…
Аращи, языныкъуэхэр иджыри пщыхьэщхьэм йогупсыс я Iыхьлыхэр, благъэхэр, ныбжьэгъухэр «къызэрагъэпцIэнум». Адрейхэм пщыхьэщхьэм къалэн зыщащIыж къыкIэлъыкIуэну махуэр мэлыжьыхьым и 1-р зэрыарар зыщамыгъэгъупщэну, зым и жыIи я фIэщ ямыщIыну, зыкърамыгъэгъэпцIэну. Ауэ, а псоми емылъытауэ, а махуэм и пщэдджыжьым щыщIэдзауэ жаIэ псори зи фIэщ хъухэр мащIэкъым…
ЗэрытщIэщи, мэлыжьыхьым и 1-м гушыIэхэми, зыдэгушыIэхэми куэду дарохьэлIэ. А махуэм къэунэхуа гушыIэхэм ящыщу дуней псом нэхъ цIэрыIуэ щыхъуауэ 100 къагъэлъэгъуащ. Апхуэдэхэщ, Пизанскэ чэщанэр «къызэрыуам», вымпIу «къэзылъэтыхьхэм» ятеухуауэ телевиденэм къита репортажхэр, нэгъуэщIхэри.
Урысейм гушыIэмрэ ауанымрэ я махуэм и къыхуеджэныгъэ нэхъыщхьэр «Мэлыжьыхьым и I-м зым жиIи уи фIэщ умыщI!» псалъэхэращ. Аращ а махуэм Iэмал имыIэу зыгуэр гуапэу къэбгъэпцIэн хуейуэ къыщIалъытэр. Армыхъумэ, махуэр пщIэншэу кIуащ…
Ди лъэпкъ литературэм и мащIэкъым ауан, гушыIэ рассказхэр, миниатюрэхэр, усэхэр. Абыхэм ящыщ зыбжанэ фи пащхьэ идолъхьэ.
Хьэх Сэфарбий
Си хъуреягъкIэ
* * *
Лэжьэгъуэ махуэр зэтхъуэкIри, си лэжьэгъу гуэр сэрэ тIэкIу дытеуну мурад тщIат. АрщхьэкIэ тIэщIэлъ щыIэтэкъым, дыгузавэрт. Щымыхъум, си гъусэр къэпсэлъащ, и гум къыщIитхъыу:
- Сэ сIыгът ахъшэ…
- НтIэ, сыт?
- Си щхьэгъусэм ещIэ!
Щхьэгъусэм ищIэу сом мин нэхърэ, абы имыщIэу пкъуэлъ зы сомыжь!
* * *
Зы щIалэ зыщIыпIэ IуэхутхьэбзащIэ яутIыпщат. А здэкIуэм зэраIущIэну, зэрахыхьэну, зэрахэтыну сытхэм егупсысу щIидзэри, пщэрылъ къыщащIу къыщIаутIыпща и къалэныр – щIэкIуэр – щыгъупщэжащ. Куэдрэ егупсысащ ар къищIэжыну, «итIыхьащ» и щхьэм. АрщхьэкIэ къикIаIакъым. Щымыхъум, сыт ищIэнт, къигъэзэжащ.
Мыбы къыщыщIам сэ хэслъэгъуащ зи блэкIар зыщIэну хуэмей, абы пщIэ хуэзымыщIхэм дерс зыхахыпхъэ гупсысэ хьэлэмэт: уздэкIуэм уегупсысурэ, укъыздикIар зыщыбгъэгъупщамэ, укъэсыжауэ аращ!
* * *
Губжьымрэ гушыIэмрэ. Сыту зэпэIэщIэ, зэпэжыжьэIуэ-тIэ а тIур! Зэтеплъи хъуркъым – хьэрэ джэдурэщ, зэрыжаIэщи. Губжьыр къолъ, гушыIэр щимыгъэIэну, щIым ирихужыну. Мыдрейр мэгушыIэ, абыкIэ губжьыр щхьэщихуну.
Зыми зыри зыщIыпIи ихуни щимыгъэIэни хузэфIэкIыркъым – губжьри гушыIэри зэдытетщ дунейм.
- Музэчыр щIэныгъэхэм я доктор хъуа уи гугъэкъэ!
- Дауэ?!
- Абы илъэс куэдкIэ иригъэкIуэкIа и къэхутэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, уэсу къес псор щIым къэсыркъым, атIэ и ныкъуэр унэхэм, псэуалъэхэм, нэгъуэщIхэм я щхьэм къытонэ.
Къэрмокъуэ Мухьэмэд
ХъуэжэщIэ
Бэзэрым къытехьэщ Хъуэжэи, Iэщ щапIэмкIэ екIуэкIащ, жи. Бжэн зыщэу щыт лIым бгъэдыхьауэ йоупщI: «СлIо, къуэш, мы жыггъэкIым и уасэр»? – жеIэри. ЛIыр занщIэу къэгуфIащ: «Уэр хуэдэу мыбы хуэфащэ цIэ фIэзыща сэ нобэм къэсыху срихьэлIакъым. Апхуэдэу ущыуэршэркIэ, тхьэ соIуэ, уэ пфIэзмыхын мы си жыггъэкIыр. МобыкIэ кIуэцIрыкI пыIэщхъуэм тумэниплIкIэ къызэт жери нобэ лъандэм сигъэпсэуркъым. Ауэ, къащтэ, тхьэ соIуэ, уэ тумэнищкIэ уэстынкIэ, зы бжьи уезгъэфэжу».
Хъуэжэ бжэн къэщэхун муради иIэтэкъым, зы бжьэ ефэну къежьауэ гъусэт къилъыхъуэр. Ауэ апхуэдэ блигъэкIынт. Абы Iэмал къыхуигъуэтынтэкъэ Хъуэжэ?! «Уэ жыпIэр пэжмэ, сеупщIынкъэ мобы», - жиIэри, бжэным тумэниплI къезыту жыхуиIа пыIэщхъуэм Хъуэжэ лъэщIыхьэри къигъэувыIащ.
- Мо бжэным тумэниплI ептыр пэж?
- Тхьэ сыгъыIэ, изоткIэ, идэркъым армыхъумэ.
- АтIэ сэ къуезгъэтынщ ар тумэниплIкIэ.
- Тхьэ сыгъыIэ, зы бжьи уезгъэфэнкIэ къызебгъэтмэ.
- Къащтэ атIэ уи тумэниплIыр, уэри модэкIэ лъэныкъуэ зынегъэз.
Арати, Хъуэжэ бжэныр тумэнищкIэ къищэхуащ. «Зы бжьэ себгъэфэныр пэжмэ, зумыгъэгувэу мо шей ефапIэм накIуэ», - жриIэщ къыздищэхуа лIыми, бжэныр бэзэрым къытрилъэфащ.
Тумэн къыдигъэхуар и гуфIакIэ жыпым иригъэзагъэри, Хъуэжэ бжэныр пыIэщхъуэм иритащ. «Зы бжьэ себгъэфэныр пэжмэ, зумыгъэгувэу, мо шей ефапIэмкIэ накIуэ», жриIэщ абыи, езыр ежьащ.
Куэд мыщIэу щыри зэхуэзэжащ. АдэкIэ къэхъуам сыткIэ ухуей?! Ари апхуэдэхэм деж къэхъухэм ещхьыркъабзэщ. Сыту хъуми, Хъуэжэ хэкIуэдакъым. Я хьэблэ щIалэхэр къыхуэзэри я унэ яхьыжащ. Ауэ пщэдджыжьым тумэнри игъуэтыжакъым. ЗыгуэркIэ кIэрыхуу кIуэда и гугъэри хуабжьу гузэват, ауэ пщыхьэщхьэм зэрырифар къыщыжраIэжым, и гур тыншыжащ.