ЦIыху гъащIэрщ нэхъапэр«ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэм ящыщу республикэм щрагъэкIуэкIынущ гъуэгум щызекIуэхэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным хуэунэтIа лэжьыгъэ щхьэхуэхэр.
Абыхэм хохьэ гъуэгухэр иджырей уэздыгъэхэмкIэ къызэщIэгъэнэхуныр. Псори зэхэту километр 50-м щIигъу зи кIыхьагъ автомобиль гъуэгухэм я Iуфэхэм деж щагъэува пкъохэм ахэр щыпадзэну я мурадщ мы гъэм. Иджыпсту щIыналъэм щрагъэкIуэкI гъуэгу лэжьыгъэхэм къадэкIуэу, абыхэм щыщу километр II-р къызэщIагъэблэнущ. Шэч хэлъкъым жэщым гъуэгум щызекIуэхэм я шынагъуэншагъэр апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм и фIыгъэкIэ къызэгъэпэща зэрыхъунум.
Мыдрейуэ «Т.7» жыхуаIэ светофорхэм хуэдэу 75-рэ щIыналъэм и гъуэгу зэхыхьэпIэ-зэхэкIыпIэхэм щагъэувынущ. Лъэсу зекIуэхэм папщIэ, псори зэхэту километр I9 зи кIыхьагъ лъэс лъагъуэхэр гъуэгубгъухэм бгъурыту яукъуэдиинущ. ЦIыхухэм я тыншыпIэ къызэрагъэпэщу республикэм и щIыналъэхэм ящыщу 6-м я щIыпIэ автомобиль гъуэгухэм автобус къэувыIэпIэу 7I-рэ щагъэувынущ.
А лэжьыгъэхэр хуэунэтIащ гъуэгум къыщыхъу насыпыншагъэхэр, автомобиль зэжьэхэуэхэр нэхъ мащIэ щIыным, щыжаIащ КъБР-м Транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэм.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




