Бэракъ Плъыжь орденыр зыхуагъэфэща адыгэ щIалэ

ЛIыхъужьыгъэ зэрахьэу Хэкур яхъумащ Къэхъун къуажэм щалъхуа куэдым. Абыхэм ящыщщ зи гъащIэр щапхъэу щIэблэ куэдым хуагъэлъагъуэ зауэлI хахуэ Жамборэ Щэуал Къасым и къуэр.
И ныбжьыр ирикъури, I939 гъэм и мазаем  ар къулыкъу ищIэну дзэм ираджащ. ИкIи Хэку зауэшхуэм и япэ махуэхэм щегъэжьауэ бийм пэщIэтахэм яхэтащ. Сыт хуэдэ гугъуехьрэ псэзэпылъхьэпIэрэ имыхуами, къыщыхъу щыIакъым абы и щIыб къыщигъэза е си щхьэр нэхъыфIщ жиIэу къыщыдзыха.
Зауэ IэнатIэм тынш щыIэкъым, ауэ снайперхэм яйр адрейхэм къащхьэщокI. Абы шыIэныгъэшхуэрэ Iэрыхуагъ инрэ хэлъын хуейщ. Апхуэдэхэр, дауи, куэд хъуркъым икIи ахэр зырыз-тIурытIурэ адэ-мыдэкIэ дзэм къыщыхащыпыкI. ТегъэщIапIэ нэхъыщхьэ ящIырт, и шэрыуагъэм нэмыщI, и хьэл-щэныр, цIыхугъэр, зэфIэкIыр. А псом ищIыIужкIэ снайперу къащтэнум езым и фIэфIыныгъэ абы хэлъын хуейт. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, апхуэдизу «кхъузанэм щIагъэкI» IэнатIэм пэрыувэну щIэхъуэпсхэр, ар зыхузэфIэкIынухэр мащIэт.
Зыхэхуа батальоным щыщу снайпер хъуну хуейуэ къахэкIар Жамборэ Щэуал и закъуэт. Абы шэрыуэу фоч игъауэрт, абы къыхэкIыуи зауэм щIимыдзэ щIыкIэ «Ворошилов фочгъауэ» цIэр къыфIащат. Къыдэзауэхэм я гугъэт армэм ипэкIэ Щэуал щакIуэ Iэзэу щытауэ, зытригъапсэр хигъащIэ зэпыту къызэрекIуэкIым папщIэ.
Зауэ Бэракъ Плъыжь орденыр абы къыхуагъэфэщауэ щытащ бий 25-рэ зэрыхигъэщIам папщIэ. Зэман дэкIри, апхуэдэ дыдэ орден етIуанэуи къратащ. Абы щыгъуэм Жамборэм фашист 75-рэ зэтриукIат.
Мыгувэу Щэуал и сурэтымрэ и лIыгъэм теухуа тхыгъэмрэ совет лъэхъэнэм нэхъ мыхьэнэшхуэ дыдэ зиIэу щыта «Правда» газетым къытехуащ. Апхуэдэу къэралми щалъхуа щIыналъэми щызэлъащIысащ снайпер Iэзэ адыгэ щIалэм и лIыхъужьыгъэм теухуа хъыбарыр. Абы иригушхуар къызыхэкIа Жамборэхэ я закъуэкъым. 
Щэуал зэрихьэ лIыгъэмрэ къигъэлъагъуэ хахуагъэмрэ ятеухуауэ I943 гъэм Къэхъун пэкIушхуэ щекIуэкIащ. Абы хэтахэм я лъахэгъум хуагъэхьа письмом итт: «Иджыри къэс хуэдэу лIыгъэ пхэлъу адэкIи зауэ. Уащымысхь, ди Щэуал, нэмыцэ фашистхэм, букIахэм я бжыгъэм махуэ къэс хэгъахъуэ! Ар пхуэтщI унафэщ. Дэри укъыдогъэгугъэ, ди зауэлI хахуэ, Дзэ Плъыжьымрэ совет цIыхубэмрэ я пащхьэм щыдиIэ къалэнхэр щIигъуу икIи фIагъ ин иIэу дгъэзэщIэну». КъызыдэкIа жылэм и унафэр и псэр пытыху Жамборэ Щэуал игъэзэщIащ.
… Хэку зауэшхуэр иухыным зы илъэс къэнэжауэ, I944 гъэм накъыгъэм и 8-м, Заполярьем щызауэ ди сэлэтхэм посылкэхэр яIэрыхьащ. А махуэм Щэуал и отделенэр и гъусэу и ныбжьэгъу икIи и лъахэгъу псыгуэнсудэс Мыз ТIутIэ зи унафэщI взводым и хэщIапIэм щыIэт. ЗауэлIхэр хуабжьу щыгуфIыкIащ посылкэхэм Къэхъун жылэм икIаи зэрыхэтым. Абы илъыр IэфIу зэдашхащ, щалъхуа адыгэ щIыналъэр ягу къагъэкIыжащ. Зауэр иухмэ ящIэну я мурадхэмкIэ зэдэгуэшащ.
Шэджагъуэ нэужь хъуауэ Жамборэр и гупыр и гъусэу къежьэжыну зыщигъэхьэзырым ТIутIэ абы елъэIуащ:
- Щэуал, кхъыIэ, пшапэр зэхэуэхукIэ умыпIащIэ. Жэщ хъумэ, нэмыцэхэм нэхъ укъамылъагъуу укIуэжыфынщ.
- Умыгузавэ, - жэуап къитащ абы, - закъедгъэлъагъункъым. Пшапэр зэхэуэхукIэ иджыри фашист Iэджи хьэдрыхэ дгъэкIуэну къытпоплъэ.
Мыз ТIутIэ щIэгузавэм щхьэусыгъуэ иIэт. Жамборэр и гупыр дэщIыгъуу здыкIуэцIрыкIыжын хуей щIыпIэр нэмыцэхэм я Iэгум илъым хуэдэу нэщIт икIи зыри щызэрагъакIуэртэкъым.
Гу лъамытэу къэнакъым махуэ шэджагъуэм губгъуэм зэпрыкI совет сэлэтхэми икIи абыхэм къахэуэу хуежьащ. Къэуа лагъымхэм ящыщ зым и къутахуэм лIыхъужьым и гур къигъэувыIащ. Абы щыгъуэм Щэуал и ныбжьыр илъэс 25-рэ хъуа къудейуэ арат икIи а зэманым ирихьэлIэу фашисти 125-м я псэр игъэнат.
Ныбжьэгъу пэжым и кIуэдыкIар гущIыхьэ ящыхъуащ къыдэзэуахэм. Абыхэм тхьэ яIуащ фашисти I00-кIэ ялъ ящIэжыну. Щыхьэдагъэшхуэт Къэхъун къуажэми. 
Лъэпкъми, жылэми, Хэкуми ящыгъупщакъым я щIыхьыр къэзыIэта, ар бий гущIэгъуншэм щызыхъума Жамборэ Щэуал. Абы и цIэр нобэ Къэхъуни Нарткъали я уэрамхэм зэрахьэ, псэууэ зи лIыгъэм уэрэд хуауса лIыхъужьым и щапхъэм щIэблэщIэр щIапIыкI.
 

ТАМБИЙ Линэ.
Поделиться:

Читать также: