Куэдым уезыгъэгупсыс зэIущIэХэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщахьрэ илъэс 80 зэрырикъум ирихьэлIэу иджыблагъэ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей драмэ театрым зэхуэс щIагъуэ щекIуэкIащ. «I94I–I945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм къыщахьа ТекIуэныгъэ Иныр: лIэужьхэм я еплъыкIэр» фIэщыгъэр зыгъуэта зэхуэсым кърихьэлIащ совет цIыхубэм зэрихьа лIыгъэмрэ къихьа ТекIуэныгъэ Инымрэ яхуэфащэ пщIэр ирату тхыдэр зэблэзыхъуну хущIэкъухэм зэрапэщIэувэну Iэмалхэм епха гупсысэхэмкIэ зэдэгуэшэн папщIэ. Зэхуэсым кърихьэлIа нэхъыжьхэри нэхъыщIэхэри зы Iуэхугъуэм гъунэгъу зэхуищIырт – блэкIар зэрыщыта дыдэм хуэдэу утыку къыумылъхьэмэ, къаугъэ къызэрыхэкIыр, абы иджырей цIыхухэри къэкIуэну щIэблэхэри щыхъумэн зэрыхуейр. Зэхуэсыр къызэрагъэпэщащ Урысейм и тхыдэ-зауэ зэгухьэныгъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ щIыналъэ къудамэмрэ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министерствэмрэ. Iуэхугъуэр хуэунэтIат дунейм къыщекIуэкIхэм я шыбзэм Хэку зауэшхуэм и тхыдэр зэрыщIэкIым бгъэдыхьэкIэ пыухыкIахэр ягъуэтын, ахэр гурыIуэгъуэ хъун папщIэ, лъэныкъуэ зыбжанэм а тхыдэ къэхъугъэр зэрызэпалъытым хэплъэн, илъэс пщIы бжыгъэ хъуауэ зи пэжым шэч къытрамыхьэу къекIуэкIа тхыдэ щысэхэм пцIы хэзылъхьэну хуеIэхэм япэщIэтын зэрыхуейм. Зэхуэсым хэтащ щIэныгъэ икIи егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэр, къэрал къулыкъущIапIэхэм я IэщIагъэлIхэр, щIалэгъуалэ икIи жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр. ЗэIущIэр къыщызэIуихым, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин къыхигъэщащ къыхалъхьа щIэнIуатэр къызэрыгуэкI зэIущIэу къызэримылъытэр, атIэ ар ветеранхэм, тхыдэтххэм, щэнхабзэ лэжьакIуэхэм, щIалэгъуалэм я зэгухьэныгъэ лъапIэу зэригъэувыр. «Зи блэкIар зымыщIэм къэкIуэн иIэкъым. Зэхуэсым хэтхэм псоми фIы дыдэу къыдгуроIуэ кIытщIэувэ щIэблэмкIэ жэуап зэрытхьыр, ахэр зыхэувэну гъащIэр нэсу къызэгъэпэща хъун папщIэ, хьэкъ зиIэхэм яхузэфIэкI къагъанэ зэрымыхъунур. Апхуэдэ дыдэщ тхыдэм и Iуэхури. Адэ-анэм бынымкIэ пщэрылъ пыухыкIахэр зэрихьым хуэдэу, лъэпкъми жылэми щIэблэмкIэ жэуап яхь блэкIа къэхъугъэхэр нэсу зэрырагъэщIэнумкIэ, тхыдэ щIэж яIэу къызэрагъэтэджынумкIэ. Илъэсыр къызэрихьэрэ дымыгъэувыIэу ТекIуэныгъэ Иным дыщIытепсэлъыхьыр абы пылъ лъапIэныгъэр къыхэдгъэщын къудей щхьэкIэкъым, атIэ ар къэралым щыпсэухэм я цIыхугъэр къэзыIэт Iуэхугъуэу щытщи аращ – зэгуэр хэгъэгум щыпсэухэр зэкъуэувэу бийм пэщIэувамэ, Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм апхуэдэ къэхъуащ, совет цIыхубэми дуней псом яригъэлъэгъуащ мамырыгъэмрэ Хэку хуитыныгъэмрэ яхъумэн папщIэ я псэ зэремыблэжынур. КъытхукъуэкI шынагъуэхэм дапэщIэтыфын щхьэкIэ, тхыдэ зэхэщIыкI диIэн хуейщ», – жиIащ Къумахуэм. Министрым жиIэмкIэ арэзы хъуащ КъБР-м и Парламентым ЩэнхабзэмкIэ и комитетым и унафэщI Текуев Амур. «Совет зауэлIым зэрихьа лIыгъэм шэч къытезыхьэр щIэпхъаджэщ, апхуэдизкIэ цIыхуфэм имыгъэвын абы и фэм дэкIащи. Ди адэшхуэхэм я лIыгъэщIагъэм и пэжыр ди псалъэхэм я закъуэкъым къызыхэщыр, атIэ абы щыхьэт тохъуэ архивхэмрэ дэфтэр хъумапIэхэмрэ къыхахыж тхылъымпIэхэр, дзэпщхэмрэ дзэзешэхэмрэ я гукъэкIыжхэр, ди адэшхуэ-анэшхуэхэм я деж зауэлIхэм къагъэхьу щыта письмо щимэхэмрэ щыхьэкIуэ тхыгъэхэмрэ. Ди зэIущIэм и къалэн нэхъыщхьэри аращ – зэгуэр ди цIыхубэр зы фронту бийм зэрыпэщIэувам ещхьу, пцIыр къыдэзыхьэлIэхэм дазэрыпэщIэтын Iэмалхэр дызэгъусэу зэхэтлъхьэнырщ. Iэмалу щыIэм и нэхъыщхьэр ди щIэблэм щIэныгъэу ябгъэдэлъхьэнырщ», – жиIащ Текуев Амур. Апхуэдэу зэхуэсым кърихьэлIахэм захуигъэзащ КъБР-м Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым курыт лIэщIыгъуэхэмрэ лъэхъэнэщIэмкIэ тхыдэм и къудамэм и щIэныгъэ лэжьакIуэ пашэ, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Абазэ Алексей. «Хэку зауэшхуэм и тхыдэр дымыщIэнкIэ Iэмал иIэкъым. Дэ къыдгурыIуэни зыхэтщIэни хуейщ зауае илъэсхэм бийм къихьа гузэвэгъуэм игъэгуха нэхъыжьхэр, фочышэм пэщIэту зэуапIэм ита ди щIалэхэр, ди хуитыныгъэр къытхуэзызэуа цIыхубэр. Жылэм игъуэта зыужьыныгъэр и тхыдэм зэрыхущыт щIыкIэмкIэщ къызэралъытэри, ди щIэблэм ябгъэдэтлъхьэ щIэныгъэращ дунейм пщIэ къызэрытхуищIынур. Абы ди нэIэ тетын хуейщ», – жиIащ щIэныгъэлIым. ЗэIущIэм къриубыдэу къызэхуэсахэр «Кавказыр хуит къызэращIыжар: бийм хуимыгъэкIуэта къуршыщхьэхэр» («Битва за Кавказ: непокоренный хребет») фильмым еплъащ. Ар теухуат зэрыпхъуакIуэхэр Кавказ щIыналъэм къызэрихьам, арщхьэкIэ кIуапIэ ирамыту щIыдэлъху лъэпкъхэр зэрапэщIэувам икIи къызэрагъэувыIам. Фильмыр щыхьэт техъуэрт совет цIыхубэм мамырыгъэр къызэрилъэща къару мыкIуэщIымрэ зэрихьа хахуагъэмрэ. Зэхуэсым хэтахэр тепсэлъыхьащ ныбжьыщIэхэм я гупэр тхыдэм хуэгъэза хъун папщIэ, щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэми я лэжьэкIэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр. Нэхъыжьхэм зэдэарэзыуэ къыхагъэщащ иджырей щIэблэм я акъылыр интернетым зэригъэпсыр, абы уебгъэрыкIуэкIэ зыри къызэримыкIынур, нэхъыщхьэр технологие Iэмалхэр къагъэсэбэпурэ ахэр къыдэхьэхын зэрыхуейр зэрыарар. Зэхьэзэхуэхэм, дауи, ныбжьыщIэхэр дехьэх икIи зыIэпешэ, ауэ сыт хуэдэ джэгу зэныкъуэкъури, икIэм-икIэжым, акъыл зыужьыпIэ, гупсысэхэхыпIэ, щIэжIэт хъун хуейщ. Армырмэ, сыт хуэдэ гукъэкIри гукъэкI къудейуэ къэнэжыну аращ. ЩIэнIуатэм хэтхэм къагурыIуэрт зи щхьэр къэзыIэту хуежьа, цIыхум лъагъумыхъуныгъэ хуэзыщI гупсысэкIэхэм япэщIэмытмэ, пщэдейрей махуэхэм шынагъэ бзаджэхэр къызэрыхэкIынур, Хэкур бэлыхь зэрыхидзэнур. Мис ахэр къэмыгъэхъун щхьэкIэ зэлэжьыпхъэхэм акъыл зэхэдзэкIэ зэхуэсым щрипсэлъащ.
Поделиться:
Читать также:
27.04.2025 - 11:34 →
ЦIыхубз щыпкъэ
27.04.2025 - 11:18 →
Лъэпкъыр зэкъуэзыгъэувэ
27.04.2025 - 11:00 →
IэнатIэу щыIэр минитIым щIегъу
26.04.2025 - 12:26 →
НыбжьыщIэхэм я къэралпсо зэпеуэм
26.04.2025 - 10:01 →
ТекIуэныгъэм и махуэшхуэм зыхуагъэхьэзыр
|