Офицер хахуэДи къэралым и Президентым и унафэкIэ Украинэм илъэс еплIанэ хъуауэ щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам ди лъэпкъэгъухэм ящыщ куэд хахуагъэрэ лIыхъужьыгъэрэ къыщагъэлъагъуэ. Щхьэмыгъазэу бийм пэщIэт зауэлIхэм захуагъэм папщIэ я псэр ят, хэкум и къыщхьэщыжакIуэ нэсу щыту. Ди тхыгъэ кIэщIыр зытеухуа адыгэ щIалэщIэр апхуэдэт. Гъуэтыж Азэмэт Мурат и къуэр, лIыгъэр зи гъуазэу зэуапIэ губгъуэм ита офицер хахуэр, биишэм ихьауэ щытащ илъэситI ипэкIэ… Гъуэтыжыр ящыщщ зи гъащIэ кIэщIыр щIэблэ куэдым щапхъэ яхуэхъуа щIалэхэм. Абы хэлъа лIыгъэм, къигъэлъэгъуа хахуагъэм и цIэр уахътыншэ ящIащ. А щIалэм и гъащIэр щIитащ Донбассым, ди къэралым и цIыхухэм я щхьэхуитыныгъэм, къэкIуэну щIэблэхэм мамыр псэукIэ яIэн папщIэ. Азэмэт Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Кыщпэк къуажэм 1999 гъэм къыщалъхуащ. Жылэм дэт курыт школым еджэн щыщIэзыдза щIалэ цIыкIум япэщIыкIэ Налшык дэт «Солнышко» школ-сабий садым, иужькIэ курыт школ №4-м еджэным щыпищащ. ЩIэныгъэ зэгъэгъуэтынми ихъуреягъкIэ щекIуэкI жылагъуэ лэжьыгъэхэми хуэжыджэр ныбжьыщIэм хъарзынэу къехъулIэрт предмет зэмылIэужьыгъуэхэр, техникэми, спортми дихьэхырт. БалигъыпIэ иува нэужь, Азэмэт мурад ищIащ дзэ къулыкъум епха IэщIагъэ зригъэгъуэтыну икIи 2014 гъэм щIэтIысхьащ Сухой Павел и цIэр зэрихьэу Актюбинск къалэм кадетхэр щагъэхьэзыру дэт школ-интернатым. 2016 - 2021 гъэхэм Гъуэтыжыр щеджащ командирхэр щагъэхьэзыр, Совет Союзым и ЛIыхъужь Маргелов Василий и цIэр зэрихьэу Рязань къалэм дэт Дзэ-десант училищэ нэхъыщхьэм. Зэрихабзэу, зыхэтым фIыкIэ къахэщу студент илъэсхэр ирихьэкIащ адыгэ щIалэм. ПщIэ хуащIу ар 2020 гъэм хэтащ Москва Утыку Плъыжьым накъыгъэм и 9-м щызэхаша ТекIуэныгъэм и пэкIу иным. Къэралпсо мыхьэнэ зиIэ апхуэдэ Iуэхугъуэхэм, зэрытщIэщи, хэтыну дзыхь зыхуащIыр фIым я фIыжхэрат. Апхуэдэт Гъуэтыж Азэмэт. Дзэ Iуэху хэхар яубла нэужь, лейтенант Гъуэтыжыр 2022 гъэм и мазаем езым и фIэфIыныгъэкIэ Украинэм кIуащ, ди къэралым абы щригъэкIуэкI дзэ Iуэхугъуэ хэхам хэтыну. Куэд дэмыкIыу абы къыфIащащ Гвардием и лейтенант нэхъыжь цIэ лъагэр икIи ягъэуващ 108-нэ десант-ебгъэрыкIуэныгъэ Кубань полкым и 3-нэ парашют-десант ротэм и унафэщIым и къуэдзэу. Зауэ IэнатIэм къыщигъэлъэгъуа лIыгъэм папщIэ Гъуэтыж Азэмэт полкым и командованием и унафэкIэ къратауэ щытащ «Хахуагъэм папщIэ», «Зауэ зэфIэкIхэм папщIэ» медалхэр. УIэгъэ хъуами, сымаджэщым куэдрэ щIэмылъу зауэ IэнатIэм пэрыхьэжат. 2023 гъэм и щIышылэм и 19-м Гъуэтыж Азэмэт зэуапIэм икIуэдащ, бийм къытридза уIэгъэ хьэлъэм къемылу. Хэкум и пащхьэм щиIэ къалэнхэр пэжу, къикIуэт зымыщIэу зыгъэзэщIа Гъуэтыж Азэмэт Мурат и къуэм къигъэлъэгъуа хахуагъэм папщIэ, УФ-м и Президентым ищIа Унафэм ипкъ иткIэ хуагъэфэщащ «ЛIыхъужьыгъэм и орден» лъапIэр. Ар иратыжащ щIалэм и Iыхьлыхэм, апхуэдэ цIыху пэж, хахуэ, ди щIыналъэри Кыщпэк жылэри зэрыгушхуэ зауэлI-лIыхъужь зэрагъэсам папщIэ фIыщIэ ин хуащIу. Кыщпэкдэсхэр ирогушхуэ Гъуэтыжхэ я щIалэм. Жылэм дэт еджапIэм и тхыдэ-хэкурыдж музейм къыщызэрагъэпэща «ГъащIэмрэ лIыгъэмрэ» плIанэпэщIэм щыфадзащ дзэ Iуэхугъуэ хэхам хэту къэралым и хуитыныгъэм папщIэ зи псэр зыта къуажэ щIалэхэм я фэеплъ пхъэбгъухэр. Апхуэдэ щIалэ хахуэхэм я фэеплъхэр хъумэным траухуа плIанэпэм фIэлъщ Гъуэтыж Азэмэт и сурэтри. ЩIалэ хахуэр зыфIэкIуэда зэщхьэгъусэхэу Гъуэтыжхэ Муратрэ Марьянэрэ ягъэуващ Гъуэтыж Азэмэт и цIэкIэ саугъэти. Хабзэ хъуауэ, ар ират еджэным, жылагъуэ Iуэхухэм къыхэжаныкI еджакIуэхэм. Сом мин тхурытху хъу апхуэдэ ахъшэ саугъэтхэр иджыблагъэ етIуанэрейуэ хуагъэфэщащ нэхъыфIу къалъыта ныбжьыщIищым. Зи фэеплъ нэхур къуажэдэсхэм Iэтауэ ягъэлъапIэ Гъуэтыж Азэмэт къигъэлъэгъуа хахуагъэр, быдагъэр, зэпIэзэрытыгъэр щапхъэ яхурырехъу жылэ махуэм къыдэхъуэ щIэблэхэм.
Поделиться:
Читать также:
27.04.2025 - 12:36 →
ХадэхэкIым йогугъу
27.04.2025 - 11:34 →
ЦIыхубз щыпкъэ
27.04.2025 - 11:18 →
Лъэпкъыр зэкъуэзыгъэувэ
27.04.2025 - 11:00 →
IэнатIэу щыIэр минитIым щIегъу
26.04.2025 - 12:26 →
НыбжьыщIэхэм я къэралпсо зэпеуэм
|