ТекIуэныгъэ Иныр совет цIыхубэм къызэрахьрэ илъэс 80 щрикъу лъэхъэнэм куэдым дигу къыдогъэкIыж абы лIыхъужьу хэта ди лъахэгъухэр. Апхуэдэ адыгэлIхэм ящыщщ хэкупсэ нэсу зи гъащIэ кIэщIыр зыхьа АбытIэ Зулхьэчим Мурадин и къуэр (1917 - 1960). «Куэд къэзымыгъащIэу куэд зылэжьа» зыхужаIэхэм ящыщщ ди лъахэгъу щыпкъэр. Псэуну илъэс 43-рэ фIэкIа къызыхуимыуха адыгэ щIалэм а зэман кIэщIым къриубыдэу хузэфIэкIащ куэдым илъэси 100-кIи ялъэмыкI Iуэхугъуэхэр.
Илъэс 65-рэ мы гъэм ирокъу АбытIэр дунейм зэрехыжрэ. АтIэми зи дэтхэнэ махуэри IуэхуфIкIэ гъэнщIауэ псэуа Зулхьэчим, зауэлI хахуэм, лэжьакIуэшхуэм, хэкупсэ нэсу зи гъащIэр езыхьэкIам, и цIэр куэдым ящыгъупщакъым ноби.
Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Зеикъуэ адыгэ къуажэшхуэм къыщалъхуащ АбытIэ Зулхьэчим. Абы и адэ-анэхэу АбытIэхэ Мурадинрэ Чэбыхъанрэ (ар Ахъмэтхэ япхъут) бынитху яIащ: Башир, Нуралий, Зулхьэчим, Шэмхьун, хъыджэбз закъуэ Шамкъыз. Апхуэдэ бынунагъуэшхуэм къыхэкIа Зулхьэчим гуащIэдэкI лэжьыгъэм и гугъуагъыр, Iэпкълъэпкъым къекIуэ пщIэнтIэпсым и шыугъагъыр пасэу зыхищIащ. АтIэми ар къыпикIуэтакъым гъащIэм къыпигъэтIылъ лъэпощхьэпохэм, абы и гугъуехьхэми зэрыпхыкIыфын къарурэ акъылкIэ Тхьэшхуэр къыдэIэпыкъуащ.
Хэку зауэшхуэр къыщыхъеям щыгъуэ, щIалэщIэр щылажьэрт Тырныауз вольфрам-молибден комбинатым, ехъулIэныгъэфIхэр зыIэригъэхьэу, щытхъу, фIыщIэ тхылъхэр къыхуагъэфащэу. Къэралыр щытыкIэ гугъум щихуэм, АбытIэм и лэжьэкIэфIым нэхъри зригъэубгъуащ. «Псори фронтым папщIэ! Псори ТекIуэныгъэм папщIэ!» къыхуеджэныгъэхэм щIэту лажьэрт абы щыгъуэ зэрыкъэралу. АбытIэмрэ абы и ныбжьэгъухэмрэ махуэ къэс хагъахъуэрт рудауэ къыщIахым и куэдагъым. Абыхэм нэсу къагурыIуэрт езыхэм я лэжьэкIэм куэд зэрелъытар. Бийр ди щIыналъэм гъунэгъу къыщыхуэхъум, комбинатыр зэхуащIащ, и IэщIагъэлIхэр хуит ящIащ нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр здынэмыса, Кавказ адрыщIымкIэ щыIэ апхуэдэ заводхэм я лэжьыгъэм щыпащэну. Зауэм кIуэну хуейхэри мымащIэу къахэкIащ бгым щылажьэхэм. Абыхэм яхэтт АбытIэ Зулхьэчими.
Апхуэдэу, 1942 гъэм и жэпуэгъуэм АбытIэ Зулхьэчим зауэ IэнатIэ псэзэпылъхьэпIэм пэрыуващ. Зэрылажьэм хуэдэ дыдэу, и къаруи, и гъащIи щымысхьу, зэуащ ар. ЯпэщIыкIэ ар пулемётчикыу хэтащ Кавказ Ищхъэрэм бийхэм щапэщIэт 1250-нэ фочауэ полкым. Зэзауэ гуащIэхэм хэту уIэгъэ хъури, уIэгъэщым щIэхуащ. И узыншагъэр ефIэкIуэжа нэужь, сэлэт хахуэр Белорус, Прибалтикэ фронтхэм щызэуащ, лIыгъэ къигъэлъагъуэу. 1944 гъэм командованэм и унафэ хэхар игъэзащIэу, Зулхьэчим уIэгъэ хьэлъэ хъуащ, ауэ аргуэру (иджы етхуанэу) абы и псэр къихъумащ Тхьэшхуэм. СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и унафэкIэ 1944 гъэм и бадзэуэгъуэм абы къратауэ щытащ «И хахуагъэм папщIэ» медалыр. А дамыгъэр зыхуагъэфащэр лIыгъэшхуэ къызыкъуэкI зауэлIхэрат.
Мазитхум нэскIэ уIэгъэщым щIэлъа нэужь, езыр щIэлъэIуами, фронтым Iуамыгъэхьэжу, АбытIэр унэм къагъэкIуэжащ. И узыншагъэр нэхъ зэтеувэжа нэужь, Зулхьэчим лъэIуат зэуапIэм игъэзэжыну, арщхьэкIэ аргуэру къыхуадакъым ар. Бийм зэтрикъута жылэм гъащIэр щызэтезыгъэувэжхэм яхыхьащ ар занщIэу. Къуажэ советым счетоводу щылажьэ пэтми, абы игури и псэри ТырныаузкIэ еIэрт. I946 гъэм и гъатхэм Зулхьэчим пэрыувэжащ фIыуэ илъагъу и IэнатIэм. Лэжьэни щIидзэжащ, цIыхуитI-щым я планыр игъэзащIэу, и къаруи, и зэфIэкIи щымысхьу, и гъусэ адрей убрууакIуэхэри Iуэхум тригъэгушхуэу, хузэщIигъэуIуэу. 1949 гъэм АбытIэ Зулхьэчим ехъулIэныгъэкIэ къиухащ техникэ щIэныгъэ щрагъэгъуэт институту Свердловск дэтыр, «щIыщIагъ бгылъэ лэжьыгъэхэмкIэ мастер» цIэр иIэу рудникым къигъэзэжащ икIи щытхъушхуэхэр хуагъэфащэу лэжьащ.
Апхуэдэ лэжьыгъэфIым къыпэкIуа къэрал дамыгъэхэм ящыщщ «Металлургие щхъуэкIэплъыкIэм щекIуэкI социалист зэхьэзэхуэм и отличник» дамыгъэр, СССР-м металлургие щхъуэкIэплъыкIэмкIэ и министрым и Iэ зыщIэлъ щыхьэт тхылъыр, Ленин орденыр – къэралым и дамыгъэ нэхъ лъапIэ дыдэр. Ар ягъэлъэгъуат «Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь» цIэр къыфIащынуи. АбытIэ Зулхьэчим цIыхубэм я дзыхь кърагъэзри, хахауэ щытащ КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутату.
Жылагъуэм апхуэдэ пщIэшхуэ щызиIэ, цIыхугъэ инрэ зэфIэкIышхуэрэ зыбгъэдэлъ адыгэлIым унагъуэ дахи иухуат. Лэжьыгъэм щызыIэригъэхьа ехъулIэныгъэ лъагэхэм зыкIи япебдзых мыхъун хъугъуэфIыгъуэт ар зи нэхъыжь бынунагъуэшхуэр. Зулхьэчимрэ абы щхьэгъусэ Хъадижэтрэ (ар Унэжхэ япхъут) унагъуэ насыпыфIэ икIи быныфIэ хъуат. Абыхэм зэдагъуэтащ щIалихрэ зы хъыджэбзрэ: Заурбий, Аскэрбий, Ибрэхьим, Исмэхьил, Мухьэмэд (Исхьэкъ), Ахьмэд щIалэхэмрэ унагъуэм гулъытэшхуэ щызыгъуэту щыта, и анэкъилъхухэм ноби ягъафIэ Гуащэгъагърэ.
ГъащIэм, быным яхуиIэ мурадхэмрэ хъуэпсапIэхэмрэ ящыщу куэдым хунэмысу, I960 гъэм и щэкIуэгъуэм и 14-м гуузу дунейм ехыжащ АбытIэр. ЗауэлI хахуэм, лэжьакIуэ псэемыблэжым и бынхэр, абыхэм къащIэувэ щIэблэр мэпсэу, зыхэтым фIыкIэ къахэщу, куэдым щапхъэ яхуэхъуу, я адэм, адэшхуэм и фэеплъ нэхур сакъыу яхъумэу. Зулхьэчимрэ Хъадижэтрэ я щIэблэ дахэр гъэ къэс хэтщ ТекIуэныгъэ Иным и махуэшхуэм ирихьэлIэу иужьрей илъэсхэм къызэрагъэпэщ «Полк уахътыншэ» пэкIум, я адэшхуэ лIыхъужьым и сурэтыр лъагэу яIыгъыу, абы зэрихьа хахуагъэхэм, зэфIиха Iуэху инхэм иригушхуэу. ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 80 зэрырикъум и щIыхькIэ мы гъэм ирагъэкIуэкIыну Iуэхухэми Зулхьэчим и щIэблэр жыджэру хэтынущ, я адэшхуэм и щIыхьыр ину яIэту.