Псы къабзэр нэхъапэщШэджэм щIыналъэ администрацэм и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ цIыхухэр псы къабзэкIэ зэпымыууэ къызэгъэпэщыныр икIи лэжьыгъэ пыухыкIахэр иригъэкIуэкI зэпытщ, псом хуэмыдэу, жьы хъуа бжьамийхэр къэгъэщIэрэщIэжыным е зэхъуэкIыным ехьэлIауэ.
ЖыпIэнурамэ, «Коммунальнэ инфраструктурэр егъэфIэкIуэн» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ, Шэджэм къалэм Лениным и цIэр зезыхьэ, Советскэ уэрамхэм лэжьыгъэшхуэ щызэхаублэнущ, псы къабзэкIэ ахэр къызэзыгъэпэщ бжьамийхэр зэрахъуэкIынущ е къагъэщIэрэщIэжынущ. Псори зэхэту абыхэм километри 6-м щIигъу я кIыхьагъщ, лэжьыгъэхэри IыхьитI иращIыкIынущ.
Шакъхэ я уэрамым ирикIуэ, километр 1,5-рэ зи кIыхьагъ бжьамийри щIыналъэ мылъкум къыхэкIыу зыхуей хуагъэзэнущ. Апхуэдэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIынущ Щхьэлыкъуэ жылэм и «Щтауч» хьэблэми, Шэджэм ЕтIуанэ къуажэм КIыщым, Алом, Лениным я цIэкIэ щыIэ, Каменкэ и Революционнэ уэрамхэми. Эльтюбю къуажэми зы километр хуэдиз зи кIыхьагъ бжьамий нэхъыщхьэр щызэрахъуэкIынурэ унагъуэхэри абы пащIэжынущ.
Лэжьыгъэхэр пщэрылъ зыхуащIынум ехьэлIауэ къызэрыхах зэхьэзэхуэхэр иджыпсту ирагъэкIуэкI, зыхуэныкъуэну материалхэри къащэху.
Волейболым драгъэхьэх
«Егъэджэныгъэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэу Сэрмакъ къуажэм щаухуа школ №1-м епхауэ лажьэ «Арена» спорт еджапIэм волейболымкIэ секцэ къыщызэIуахащ.
Волейболым дихьэххэм я бжыгъэм илъэс къэс зэрыхэхъуэм и щыхьэту, а хъыбар гуапэр зэрызэхахыу, къуажэм дэс сабийхэр уэру школым къэкIуащ, а спорт лIэужьыгъуэм зыхуагъэсэну зрагъэтхын папщIэ. Дерсхэр тхьэмахуэм щэ ирагъэкIуэкIынущ, хъыджэбз цIыкIухэми щIалэхэми зэпэщхьэхуэу загъэсэнущ.
«Ди гуапэщ, волейболымкIэ секцэр ди школым къызэрыратар. Абы зыхуэзыгъэсэну хуейхэм я бжыгъэр куэд мэхъу икIи сабийхэри абыхэм я адэ-анэхэри а хъыбарым икъукIэ щыгуфIыкIащ. ЕджакIуэ цIыкIухэм Iэмал яIэщ я зэфIэкIхэм хагъэхъуэну, я узыншагъэм щхьэпэ хуэхъуу зэманри ягъэкIуэну. Абыхэм ядэлэжьэну егъэджакIуэми цIыкIухэм бгъэдыхьэкIэ къахуигъуэтащ», - жиIащ курыт еджапIэм и унафэщI Абазокъуэ Маринэ.
ВолейболымкIэ еджакIуэхэр зыгъэсэнур ЗэкIурей Заурщ, УФ-м спортымкIэ и мастерым и кандидатщ, Къармэхьэблэ щыщщ, республикэ, урысей зэхьэзэхуэхэм щытекIуащ, призер хъуащ.
Космонавтикэм и махуэр ягъэлъапIэ
Космонавтикэм и махуэр ягъэлъапIэу Бахъсэн къалэм спорт зэхьэзэхуэ зыбжанэ щрагъэкIуэкIащ. ЩIыпIэ администрацэм ФизкультурэмкIэ, спортымрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и жэрдэмкIэ курыт еджапIэ №7-м и спорт залым баскетболымкIэ щызэпеуащ зи армэ дэкIыгъуэр къэблэгъа щIалэгъуалэр. Абы хэтащ курыт еджапIэхэм я класс нэхъыжьхэм хэсхэр.
Зэпеуэхэм щытекIуащ курыт еджапIэ №7-м и гъэсэнхэр, етIуанэр иубыдащ курыт еджапIэ №5-м, ещанэр зэдагуэшащ школхэу №6-мрэ №8-мрэ. Абыхэм медалхэр, кубокхэр, щIыхь тхылъхэр псоми иратащ.
«Иджы екIуэкIа зэхьэзэхуэм и къалэн нэхъыщхьэхэт сабийхэр спортым дегъэхьэхыныр, ахэр хэкупсэу къэгъэхъуныр, дзэ къулыкъум и пщIэр къэIэтыныр», - жиIащ щIыпIэ спорт комитетым и унафэщI Къаскъул Аслъэн.
ЗэIущIэхэр зэрекIуэкIам кIэлъыплъащ «Хэкум и хъумакIуэхэр» къэрал фондым социальнэ IуэхухэмкIэ и унэтIакIуэ Нэгъуей Марьянэ, дзэ Iуэху хэхам хэт Шахбабаев Марат сымэ.
Апхуэдэуи «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ» зэгухьэныгъэм и Бахъсэн къудамэм и жэрдэмкIэ курыт еджапIэ №6-м къыщрагъэблэгъащ Быф Жэмал и цIэр зезыхьэ спорт школым киокушин-каратэмкIэ и тренер, урысейпсо дунейпсо зэхьэзэхуэхэм я чемпион Биткаш Емельян.
Спортсмен цIэрыIуэр къызэхуэсахэм яхутепсэлъыхьащ зызыхуигъасэ спорт лIэужьыгъуэм и щэхухэм, къыпэщылъ къалэнхэм, яригъэлъэгъуащ и хьэрхуэрэгъухэм ятекIуэн папщIэ абыхэм зэрапэщIэт Iэмал зыбжанэ икIи къыхуриджащ я зэфIэкIхэр ягъэунэхун папщIэ здэщыIэ спорт еджапIэм зыщрагъэтхыну.
Дыгулыбгъуей ЩэнхабзэмкIэ и унэми, курыт еджапIэхэми щекIуэкIащ Космонавтикэм и махуэм теухуа зэIущIэхэр, урок зэIухахэр, класс щIыб лэжьыгъэхэр.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




