Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщызэщIакъужащ «Ажалыр щащэр къыжыIэ» урысейпсо акцэм и япэ Iыхьэм кърикIуахэр.
КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм къызэритамкIэ, 2025 гъэм гъатхэпэм и 24 - мэлыжьыхьым и 4-хэм къриубыдэу республикэм и еджапIэхэм профилактикэ Iуэху 300-м щIигъу щрагъэкIуэкIащ наркотикхэмрэ акъылыр зыгъэутхъуэ пкъыгъуэхэмрэ зэпхьэлIэ зэрымыхъунум теухуауэ. Iуэху щхьэпэм щыщт класс сыхьэтхэр, апхуэдэуи стIол хъурей щытыкIэм ит лекцэхэмрэ зэпсэлъэныгъэхэмрэ. Iуэхум къызэщIиубыдащ школакIуэрэ студентхэу мин 63-м щIигъу.
А Iуэхухэм жыджэру хэтащ КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэбграгъэхым кIэлъыплъынымкIэ и управленэм, балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэр, Урысей МВД-м и район къудамэхэм я участковэхэр. Апхуэдэуи Iуэхур даIыгъащ республикэм и еджапIэхэм я унафэщIхэм гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ я къуэдзэхэмрэ социальнэ педагогхэмрэ.
Iуэхум и япэ Iыхьэм къапщытащ балигъ мыхъуахэмрэ щIалэгъуалэмрэ куэду щызэхуэс щIыпIэ 488-рэ, наркотикхэкIхэмрэ акъылыр зыгъэутхъуэ пкъыгъуэхэмрэ, фадэхэкIхэр, тутынхэкIхэр балигъ мыхъуахэм ирагъэкIмэ, зрахьэлIэмэ къахутэн мурадкIэ.
Рейдхэр щекIуэкIым къапщытащ еджапIэхэм я хэщIапIэхэр, общежитхэр, абыхэм егъэщIылIа щIыпIэхэр, псалъэмакъ щхьэпэхэр драгъэкIуэкIащ абыхэм я лэжьакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ общежитхэм щIэс студентхэм.
НаркотикхэкIхэр зэгъэкIуэкIыным ехьэлIауэ щIэпхъаджагъэ зэралэжьам къыхэкIыу суд зытращIыхьауэ щытахэмрэ, балигъ мыхъуа сабийхэр зиIэхэри яхэту, я Iыхьлыхэмрэ епсэлъылIащ щIэпхъаджагъэм къытрамыгъэзэжын папщIэ.
ХабзэншагъэкIэ наркотикхэкIхэр зегъэкIуэным пыщIа хъыбархэр зэрылъ интернет-сайт 37-рэ къыщIагъэщащ. Абыхэм ятеухуахэр Роскомнадзорым хуагъэхьащ абыхэм имыхьэфын хуэдэу зэхуащIынымкIэ унафэ къащтэн папщIэ.
КъБР-м щыIэ МВД-м республикэм щыщ цIыху 40-м къабгъэдэкI хъыбар къыIэрыхьати, хабзэншагъэкIэ наркотикхэкIхэр зэрырагъэкIым ехьэлIа уголовнэ Iуэху 13 къаIэтащ. Полицейхэм наркотикхэкIхэр зэзыгъакIуэк1хэм къытрахащ зы килограммым щIигъу.
КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм «Психиатриемрэ наркологиемкIэ и республикэ клиникэ центр» IуэхущIапIэм цIыху 38-м зыкъыхуагъэзащ наркотикым итхьэкъуахэм еIэзэнымрэ гъащIэм хэзэгъэжынымрэ теухуауэ. IэщIагъэлIхэм дэтхэнэ зыми жэуап зэпкърыхахэр иратащ.