Ар хуагъэфащэрт Хэкур псэемыблэжу ихъумэкIэрэ зэуапIэм хахуагъэрэ лIыгъэрэ щызыгъэлъэгъуа, дзэпакIэхэмрэ дзэ гупхэмрэ я пащхьэ къилъ къалэнхэр зыунэтIа икIи къызыхуэтыншэу зыгъэзэщIа дзэ пашэхэм.
Дамыгъэр СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым 1942 гъэм бадзэуэгъуэм и 29-м къищта унафэм ипкъ иткIэ ягъэуващ. И теплъэр зыщIар «Зауэ пэхуэщIэхэм я центр» институтым и архитектор нэхъыжь Телятников Игорщ. Дамыгъэм курых хуэхъуа пщы Невский Александр и сурэт зэрыщымыIэм къыхэкIыу, абы и ролыр «Невский Александр» фильмым щызыгъэзэщIа Черкасов Николай и теплъэр лъабжьэ хуищIащ.
Орденыр дыжьыным къыхэщIыкIащ, бзиитху къызыхэкI вагъуэ теплъэ зиIэ дамыгъэщ. Ар пкъыгъуэ куэду зэхэтщ. Вагъуэмрэ мащIэу къишауэ абы къыхэкI бзийхэмрэ налкъут плъыжьым и плъыфэр къызыщIыхьэ лапхъэ ятелъщ. Бзий нэзхэр дыщэпс зытегъэлъэда къэухькIэ къэщIыхьащ. Вагъуэр зи къуапипщIыр гъэджэфа пкъыгъуэм и гущIыIум къытелъщ. Абы и кум уэрдыхъу псыгъуэ тIуащIэ къызыдекIуэкI, зи лъэгур зэфэзэщу джафэ мэIу хъурей итщ. МэIум зи нэгур сэмэгурабгъу лъэныкъуэмкIэ гъэза, таж зыщхьэрыгъ дзэпщым и сурэтыр тещIыхьащ. Пщым и щхьэмкIэ къекIуэкIыу хьэрфышхуэ защIэкIэ «НЕВСКИЙ АЛЕКСАНДР» псалъэхэр къыхэIущIыкIащ. МэIур дыщэпс зытелъ лэб зэхэухуэнахэмкIэ гъэщIэрэщIащ. Абыхэм я лъабжьэкIэ гъубжэмрэ уадэмрэ я теплъэр зытет мэIужьей тещIыхьащ. МэIум и щIыбагъымкIэ дыщэпс зытегъэлъэда уэщ зэблэдзаитIым я щхьэр къолъагъуэ. МэIужьейм и щIыбагъымкIэ дыщэпс зытелъ джатэр, бжыр, шабзэр, шабзалъэр щызэблэдзащ.
Орденым и щIыбагъыр зэфэзэщу джафэщ, и нэзхэр къыхэщ къудейуэ уэрдыхъу псыгъуэкIэ къэщIыхьащ, и кум хуэзэу мастэкъуаншэ егъэубыдыпIэ иIэщ.
КъуапипщI пкъыгъуэм хэт папцIапIэхэм я зэхуакум миллиметр 50 дэлъщ. Орденым и кум къыщегъэжьауэ вагъуэ бзийхэм я папцIапIэ дэтхэнэми нэс я зэхуакур миллиметр 26 - 27-рэ мэхъу. Орденым и хьэлъагъыр грамм 40,8-рэ ирокъу. Дыжьыну грамм 37,056-рэ хэлъщ.
Невский Александр и орденыр зауэлI фащэм и ижьырабгъу лъэныкъуэмкIэ храгъэубыдэ, зыхуагъэфэщам нэгъуэщI дамыгъэ-хэр иIэмэ, Хмельницкий Богдан и орденым и 3-нэ нагъыщэм иужькIэ халъхьэ.
Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм Невский Александр и орденыр 42 165-рэ ятащ. Абы щыщу дамыгъэр цIыхуитхум щэнейрэ, 42-м тIэунейрэ хуагъэфэщащ. Апхуэдэу орденымкIэ Дзэ Плъыжьымрэ Дзэ-Тенджыз Флотымрэ я дзэпакIэ икIи дзэ зэгухьэныгъэ 1470-м я цIэ къраIуащ.