Лъэпкъыр зэкъуэт зыщ1

 

АдыгэкIэ зэджэжу Урысейм и кавказ республикэ зыбжанэм (Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм), Уэсмэн пащтыхьыгъуэм хыхьэу щыта къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я лъэпкъ ныпщ икIи Адыгэ Республикэм и къэрал ныпщ Шэрджэсхэм (адыгэхэм) я ныпыр. Абы теухуауэ и къэхутэныгъэхэмк1э къыддогуашэ филологие щIэныгъэхэмк1э кандидат Мэремыкъуэ Эллеонорэ.

Адыгэ ныпыр щэкI удзыфэ зэпэплIимэу щIащ, вагъуэ дыщафэ пщыкIутIрэ зи пэхэр дэгъэзеяуэ зэблэдза шабзэ дыщафэу щырэ тету.

Вагъуэ дыщафэ пщыкIутIым адыгэ лъэпкъ нэхъыщхьэхэр къагъэлъагъуэ: къэбэрдейхэр, шэрджэсхэр, кIэмыргуейхэр, беслъэнейхэр, шапсыгъхэр, бжьэдыгъухэр, абазэхэхэр, жанейхэр, мэмхэгъхэр, мэхъуэшхэр, хьэтыкъуейхэр, убыххэр.

Адыгэ ныпым и тхыдэр инджылыз дипломат, тхакIуэ, Инджылызым и лIыкIуэхэм я IуэхущIапIэу Константинополь дэтам и секретарь (1805-1877 гъгъ.) Уркварт Дэвид 1838 гъэм накъыгъэм и 23-м Шотландием и Глазго къалэм къызэрыщыпсэлъам къыхощыж. Абы къипсэлъа псори Лондон къалэм 1863 гъэм Шэрджэс Комитетым къыщытригъэдзауэ щытащ.

2018 гъэм и гъэмахуэм а зи гугъу сщIа тхыгъэ дыдэр Лондон къалэм дэт Британие библиотекэм сэ си нэкIэ щызэзгъэлъэгъуну, сыкъыщеджэну къызэхъулIащ.

Тхыгъэм Уркварт шэрджэс лъэпкъыр «щауэ къекIухэм», «пщащэ щIыкIафIэхэм» я лъахэу егъэбелджылы, икIи Шэрджэсыр поэзием и щIыналъэу, урыс пщыдзэхэм нэхъыбэу шэрджэс зауэлIхэм я шыфэлIыфэхэмрэ я зэфIэкIхэмрэ папщIэ пщIэ къыхуащIу къыхегъэщ.

Абы зэрыжиIэмкIэ, япэ дыдэу шэрджэс лъэпкъыр нэхъ гъунэгъуу зригъэцIыхун мурад иIэу, и закъуэрэ Iэщэншэу ар абыхэм я щIым щытеувам, гузавэрт икIи егупсыст: «Е сызыхуейр къызэхъулIэнщ, е ар зэзгъэхъулIэну сыхущIэкъуурэ сылIэнщ».

ГъэщIэгъуэнщ абы адэкIэ и гупсысэхэм зэрызахъуэжар: «ПсалъэкIэ къыпхуэIуэтэнукъым мы цIыхухэм си гур зэратхьэкъуар, абыхэм япыщIа сызэрыхъуар», – зыкъеумыс Уркварт икIи мыпхуэдэ упщIэ и щхьэм къыщоуш: дауэ зи бжыгъэр апхуэдэу мащIэ (мелуанищ – мелуаниплI а зэманым) шэрджэсхэм я илъэс минитху тхыдэм къриубыдэу я щхьэхуитыныгъэр зэрахъумэжыфар, хамэ къарухэм зэрапэщIэтыфар?

А упщIэм и жэуапыр абы къыщегъуэт шэрджэсхэм я гъэсэныгъэм, цIыху къэс мыхьэнэ щхьэхуэ зэраIэм, щхьэзакъуэ къарумрэ зэфIэкIымрэ гулъытэ зэрыхуэщIыпхъэм, абыхэм къыдэкIуэтей щIэблэр зэрыхуагъасэм.

Уркварт гу зэрылъитащи, шэрджэсхэм я дежкIэ сабийр лъэпкъ псом ейщ икIи абы хьэлу хэлъынухэр, къехъулIэну фIыгъуэхэр псоми я зэхуэдэ Iуэхущ, къызыхэкIа лъэпкъыр ар акъыл жан, шыIэныгъэ зыхэлъ, бэшэч, Iэрыхуэ хъуным хущIокъу. Шэрджэсхэм я хьэл-щэнхэм, я гъэсэныгъэ лъагэм зэритхьэкъуам тепсэлъыхьурэ, ар мыпхуэдэ гупсысэм хуокIуэ: «ЦIыхуу дунейм тетым щхьэкIэ сэбэпынагъ зыхэлъ Iуэхугъуэ щхьэхуэхэр Кавказ щIыналъэм къыщыбгъуэтыфынущ».

Уркварт зэрыжиIэмкIэ, шэрджэсхэм я лъэпкъ зэхэщIыкIым, я щIыналъэм хуаIэ лъагъуныгъэм зригъэужьын папщIэ абы лъэпкъыр зэкъуэт зыщIын дамыгъэ, нып е нэщэнэ гуэр къахуигупсысыну мурад ищIащ.

Апхуэдэу къыхэлъхьа хъуа ныпым и фэр абы удзыфэу къыхихащ: «Сэ къыхэсхащ абыхэм я бгыхэр зыхуапэ икIи я диныр къэзыгъэлъагъуэ плъыфэр. Абы сэ тесщIыхьащ вагъуэхэу зэхэт, тажыр зи къэухь шабзэ зэблэдзахэр, жэщ зыгъэпсэхугъуэм деж я хуитыныгъэр къэзыгъэщIа Тхьэм и зэфIэкIхэмрэ уафэгум и щIыхьымрэ ирагъэпщэн хуэдэу».

Шэч хэлъкъым Уркварт Дэвид политикэ мурадхэри зэриIам. А зэманым шэрджэсхэм я Iуэху еплъыкIэр, я щытыкIэр, абыхэм я къэкIуэнур Урысей, Уэсмэн, Инджылыз къэралыгъуэшхуэхэм куэдкIэ зэрелъытар абы щIыфIэгъэщIэгъуэну щытари нэрылъагъущ. Тхыдэ и лъэныкъуэкIэ адыгэхэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIа а зэманым къигъэува къалэнхэм хэкIыпIэ къыхуалъыхъуэурэ, езыхэм я щхьэ Iуэху зезыхуэж хамэ къарухэри хэлэжьыхьурэ, унафэ мытыншхэр, зэхэзэрыхьахэр, ауэ щыхъукIэ лъэпкъ псом и къэкIуэнур адэкIэ зыубзыхуахэр къащтауэ щытащ. Ауэ дапхуэдэу мыхъуми, Уркварт Дэвид шэрджэсхэм ятеухуауэ жиIа псалъэхэр, лъэпкъ дамыгъэу нобэ къагъэсэбэп ныпым и тхыдэм хуиIэ хэлъхьэныгъэр икъукIэ гъэщIэгъуэнщ, псом хуэмыдэу Адыгэ ныпым и махуэр (мэлыжьыхьым и        25-м)щагъэлъапIэм ирихьэлIэу.

Къэбарт Мирэ.

 

 

Поделиться:

Читать также: