ГъэпцIагъэр къыщIощ КъБР-м щыIэ МВД-м Экономикэ шынагъуэншагъэмрэ коррупцэм пэщIэтынымкIэ и управленэм и лэжьакIуэхэм къыщIагъэщащ гъэпцIагъэкIэ кредит къыIахауэ. А щIэпхъаджагъэр илэжьауэ шэч хуащI илъэс 50 хъу, щIыпIэм щыпсэу цIыхубзым.
ЗэраубзыхуамкIэ, мэкъумэш IуэхущIапIэм и унафэщIу, 2020 гъэм и шыщхьэуIум абы финанс IэнатIэм зыхуигъэзащ къыщIигъэкI продукцэхэм зригъэубгъун папщIэ Iэмэпсымэхэр къэщэхуным, лэжьакIуэ къищтэнухэм хэгъэхъуэн папщIэ ахъшэ щIыхуэ мыин къратыну.
Абы яIэригъэхьащ мэкъумэш IэнатIэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэм и пэжыпIэр къыщымыгъэлъэгъуа тхылъхэр.
ЯIэригъэхьахэм хэплъэри, фирмэм и счетым ягъэкIуащ сом мелуан 1,5-рэ икIи гъэпцIакIуэм ар идыгъури, езыр зэрыхуейуэ къигъэсэбэпащ.
КъБР-м щыIэ МВД-м и СУ-м и следователым IуэхущIапIэм и унафэщIым теухуа уголовнэ Iуэху къиIэтащ УФ-м и УК-м и 159-нэ статьям и 4-нэ Iыхьэм ипкъ иткIэ. Абы Iэ щIрагъэдзащ щIыпIэм имыкIыну, хабзэми емыбэкъуэну.
НаркотикхэкIхэр щызрахьэлIэрт
КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэбграгъэхым кIэлъыплъынымкIэ и управленэм и лэжьакIуэхэм къэлъыхъуэныгъэхэр ирагъэкIуэкIыу яубыдащ илъэс 39-рэ хъу налшыкдэсыр. Абы и псэупIэр хуит яхуищIырт наркотикхэкIхэр щызрахьэлIэну.
Хабзэм тету налшыкдэсым и фэтэрыр къыщащым, къагъуэтри къыщIахащ къагъэсэбэпа медицинэ шприцхэмрэ наркотикхэкIхэр зэрызрахьэлIэхэмрэ.
Къэпщытэныгъэр щрагъэкIуэкIым, фэтэрым щIэст, щIыпIэм щыщ илъэс 37-рэ зи ныбжь цIыхухъур. Абы зэрыжиIамкIэ, бысымым хуит зыкъригъэщIри, наркотикхэкI зрихьэлIэну къэкIуауэ арат. Ар медицинэ къэпщытэныгъэм ягъэкIуати, наркотикхэкI и Iэпкълъэпкъым зэрыхэлъыр къахутащ.
НэхъапэкIэ ятхащ мы пэшым щэнейрэ наркотикхэкI щызрахьэлIауэ икIи абы къыхэкIыу налшыкдэсу щы административнэ жэуапым ирашэлIащ УФ-м и КоАП-м и 6.9 статьям ипкъ иткIэ.
Фэтэрыр зейм ехьэлIа уголовнэ Iуэху къаIэтащ.
Шэч зыхуащIыр яубыдащ
Урысей МВД-м и Бахъсэн къудамэм 2025 гъэм гъатхэпэм и 26-м зыхуигъэзащ илъэс 70 хъу, щIыпIэм щыпсэу цIыхубзым. ЗэрыжиIамкIэ, абы и цIэкIэ, нэхъапэм суд зытращIыхьа, илъэс 37-рэ хъу и Iыхьлы цIыхубзым сом 60 000 и уасэ телефон ар зыщэм къриIыхащ, мазищым къриубыдэу и уасэр зытригъэкIыжыну гурыIуэри, арщхьэкIэ ахъшэр иритакъым.
Уголовнэ къэлъыхъуэныгъэмкIэ къудамэм и лэжьакIуэхэм зэраубзыхуамкIэ, абы ныбжь зиIэ цIыхубзым и телефоныр къигъэсэбэпщ, зыщэм абы и цIэкIэ тхыгъэкIэ зыхуигъазэри, телефоныр зыIэригъэхьащ. Зэман дэкIри, цIыхубзым аппаратыр ищэри ахъшэр езыр зыхуейм тригъэкIуэдащ.
Шэч зыхуащIым теухуа уголовнэ Iуэху къаIэтащ.
Жэуапым ирашалIэ
КъБР-м щыIэ МВД-м Iэпхъуэшапхъуэ IуэхухэмкIэ и управленэм и лэжьакIуэхэм, Урысей МВД-м и Налшык къудамэм и ОП №2-м и участковэхэр ящIыгъуу къэпщытэныгъэхэр щрагъэкIуэкIым къыщIагъэщащ хамэ къэрал щыщ цIыхур нэпцIу зэрыщатхар.
Илъэс 58-рэ зи ныбжь налшыкдэсыр езым и псэупIэм, илъэс 44-рэ хъу, хамэ къэралхэм язым щыщыр щатхын папщIэ зыхуеину тхылъхэр яIэригъэхьащ, а цIыхухъур абы зэрыщIымынур ищIэу.
Шэч зыхуащIым теухуа уголовнэ Iуэху къаIэтащ.
Поделиться:
Читать также:
11.05.2026 - 15:18 →
ЩIэуахътыншэри аращ
11.05.2026 - 14:16 →
ЗауитIми я лIыхъужь
11.05.2026 - 13:15 →
115-нэ шуудзэм теухуауэ иджыри зэ
11.05.2026 - 12:13 →
Щапхъэ дахэ игъэлъагъуэрт
11.05.2026 - 10:11 →
ЦIыху зэпIэзэрыт
| ||




