Нэр зыгъэгуфIэ зэхъуэкIыныгъэхэр![]() Иужьрей илъэсхэм къэралым и щIыналъэхэм щылажьэ лъэпкъ пэхуэщIэхэм я фIыгъэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалэхэмрэ жылэхэмрэ я щыIэкIэ-псэукIэр нэрылъагъуу ефIакIуэ зэпытщ. Дэнэ щIыпIэкIэ умыунэтIми, щыплъагъур нэр зыгъэгуфIэ IуэхугъуэфI защIэщ: гъуэгухэмрэ уэрамхэмрэ зэрагъэпэщыж, цIыхухэр куэду щызэхуэс щIыпIэхэр зыхуей хуагъазэ, жыгыщIэхэр, удз щхъуантIэхэр щагъэтIыс, цIыхухэм тыншыпIэхэр, нэгузегъэужьыпIэхэр къыхузэрагъэпэщ. Апхуэдэ лэжьыгъэхэр мы гъэми дэнэ щIыпIэкIи щрагъэкIуэкIынущ.
Ди псалъэм и щыхьэту Налшык къалэм цIыху куэд щыпсэу и «Мей» хьэблэщIэм гектарым щIигъу и щIым шыкIуртIым жыгыщIэхэр щыхасэнущ. Ар зыхуэзэр Урысейм и ЛIыхъужь Тэмазэ Тимур и цIэр зезыхьэ уэрамым ирикIуэ, фэтэр куэду зэхэт унэхэм я зэхуакурщ. А щIыпIэр интернет IэIэткIэ къалэдэсхэм езым къыхахыжащ. Мыбдежым сабийхэм я джэгупIэхэр, цIыхухэм я зэманыр щагъэкIуэн зэхуэсыпIэхэр, зыгъэпсэхупIэхэр щащIынущ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ипэIуэкIэ жиIауэ щытащ «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэ «ЩIыналъэхэм зэгъусэу зегъэужьын» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ дызэрыт илъэсым къриубыдэу «Мей» хьэблэм сабий сад ухуэн щыщIадзэну.
Абы нэмыщI, Налшык Кировымрэ Кулиевымрэ цIэхэр зезыхьэ уэрамхэр щызэхыхьэ щIыпIэри зэIузэпэщ ящIынущ. Мыбдежми, къат куэду зэтет унэ зэхэтхэм къадэкIуэу, махуэм къриубыдэу цIыху куэд щызэблокI, пэгъунэгъууи курыт еджапIэхэр, сабий садхэр, тыкуэнхэр, нэгъуэщI IуэхущIапIэхэри щытщ. Мыбы и жыг хадэ цIыкIум лъэс лъагъуэхэр щаукъуэдиинущ, тетIысхьэпIэхэр щагъэувынущ, сабийхэм папщIэ джэгупIэхэр къыщызэрагъэпэщынущ, ихъуреягъкIэ жыгхэмрэ удзхэмрэ къыщрагъэтIысэкIыжынущ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, илъэс блэкIам Налшык къалэм зэIузэпэщ щащIащ цIыхухэр куэду щызэхуэс щIыпIи 3-рэ фэтэр куэду зэхэт унэхэм я бжэIупэу 20-м щIигъурэ.
Ди гуапэ зэрыхъущи, республикэм и щIыналъэхэми апхуэдэ лэжьыгъэхэр щагъэувыIэркъым. ЖыпIэнурамэ, «Къалэ псэукIэр егъэфIэкIуэн» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Тэрч щIыналъэм цIыхухэр куэду щызэхуэс и щIыпIитI зэIузэпэщ мы гъэм щащIынущ. Ахэр Новая Балкарие къуажэм и жыг хадэ цIыкIумрэ Тэрч къалэм Пушкиным и цIэр зезыхьэ и уэрамым ирикIуэ «Школьная» аллеемрэщ. Иужьрейм щхьэкIэ къалэдэс мини 4-м щIигъум интернеткIэ Iэ яIэтащ, а щIыпIэр ирагъэгъэдэхэну.
Аллеем пэгъунэгъущ курыт еджапIэ, сату щIыпIэшхуэ, поликлиникэ, къат куэду зэтет унэхэр. Мы щIыпIэри зыхуей хуагъэза нэужь, къалэдэсхэм я зыгъэпсэхупIэ бэлыхь хъунущ. Лэжьыгъэхэм хыхьэу лъэс лъагъуэхэм телъ плиткэхэр зэрахъуэкIынурэ мывэщIэхэр кърагъэтIылъэкIыжынущ, уэздыгъэхэр щыпадзэнущ, жыгыжьхэр щыпаупщIынурэ щIэхэр щыхасэнущ.
ИщхьэIуэкIэ зи гугъу щытщIа пэхуэщIэм и фIыгъэкIэ Тэрч щIыналъэм жыг хадэ цIыкIуищ зэIузэпэщ щащIащ нэгъабэ. 2018 - 2024 гъэхэм къриубыдэу фэтэр куэду зэхэт унэхэм я пщIантIэ 40, цIыхухэр куэду щызэхуэс щIыпIэу 20-м нэблагъэ – утыкухэр, жыг хадэ цIыкIухэмрэ скверхэмрэ, сабий джэгупIэхэр, фэеплъ щIыпIэхэр - зыхуей хуагъэзащ.
«ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Аруан щIыналъэми лэжьыгъэ пыухыкIахэр щрагъэкIуэкIынущ икIи иджырей мардэм къитIасэ щIыпIэ дахитI мы гъэм къыщызэIуахынущ. Япэр Псыгуэнсу къуажэм КIасэм и цIэр зезыхьэ уэрамым и скверырщ. ЕтIуанэр Нарткъалэ и Красная уэрамым фэтэр куэду зэхэт и унэ №5-м и жыг хадэ цIыкIурщ.
Мы щIыпIэм щхьэкIи къалэдэсхэм ящыщу мини 5-м щIигъур интернет IэIэтым хэтащ икIи ар къыщIыхахам щхьэусыгъуэ зыбжанэ иIащ. Псом япэу, абдежым унэ куэд щызэхэтщ, поликлиникэ, курыт еджапIэ щытщ, цIыху куэд щызокIуэ.
2018 гъэм щегъэжьауэ 2025 гъэ пщIондэ лэжьа «ПсэупIэрэ къалэ щыIэкIэрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм, иужькIэ, мы гъэм ирагъэжьа «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм япкъ иткIэ Шэрэдж щIыналъэм и жылэхэм цIыхухэр куэду щызэхуэс я щIыпIэу 20-м щIигъу зыхуей хуагъэзащ. Абы хохьэ Бабугент, Джэрпэджэж, Къэщкъэтау, Жэмтхьэлэ Ипщэмрэ Ищхъэрэмрэ къуажэхэм я жыг хадэ цIыкIухэр, утыкухэр, пщIантIэхэр, лъэс лъагъуэхэр, нэгъуэщIхэри.
Гулъытэншэ хъуакъым Май, Прохладнэ щIыналъэхэри. Абыхэми цIыхухэр куэду щызэхуэс я щIыпIэхэр, интернет IэIэткIэ къыхахахэр, зэIузэпэщ ящIынущ. Май къалэм ар - «Хэку» фIэщыгъэр зезыхьэ ЩэнхабзэмкIэ унэм и бжэIупэрщ. Мыбдежым утыкур мывэкIэ къыщращIыкIынущ, лъэс лъагъуэхэр къыщыхагъэщхьэхукIынущ, иджырей уэздыгъэхэр, видеокамерэхэр щыпадзэнущ, интернетым пщIэншэу зэрызэпыбдзэ Iэмалхэр къыщызэрагъэпэщынущ, тетIысхьэпIэхэр, пхъэнкIий идзыпIэхэр щагъэувынущ, къэкIыгъэхэр щыхасэнущ. Апхуэдэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIынущ Октябрскэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм къедза щIыпIэми.
Мы гъэм Прохладнэ щIыналъэм и къуажэ зыбжанэм я щIыпIэхэми кIэлъыIэбэнущ. Псалъэм къыдэкIуэу, Заречнэ, Прогресс къуажэхэм утыкушхуэхэр щаухуэнущ, Янтарнэ, Комсомольскэ жылэхэм скверхэр къыщызэIуахынущ. Лэжьыгъэхэр пщэрылъ зыхуащIынум ехьэлIауэ къызэрыхах зэхьэзэхуэхэр иджыпсту зэхэтщ.
Мыдрейуэ, дызэрыт илъэсым къриубыдэу, ищхьэIукIэ зи гугъу щытщIа лэжьыгъэхэм хуэдэу псори зэхэту 23-рэ республикэм и щIыналъэхэм щрагъэкIуэкIынущ икIи ахэр псори хуэунэтIащ цIыхухэм тыншыпIэ къахузэгъэпэщынымрэ я псэукIэр егъэфIэкIуэнымрэ.
Поделиться:
Читать также:
10.07.2026 - 15:26 →
Ари зы Iуэху еплъыкIэщ
10.07.2026 - 15:25 →
Вагъуэ гуэрэнхэр щызэлъэIэскIэ
10.07.2026 - 15:23 →
Псышхуэ абрагъуэу хъуэпсэгъуэ
10.07.2026 - 15:07 →
Хьэрш хъыбархэр къезыхьэлIэ
10.07.2026 - 15:06 →
Кхъухьлъатэзехуэ
| ||





