МэракIуэри, пхъыри, мыIэрысэри…![]() Нэгъабэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщрахьэлIэжащ мэракIуэ лIэужьыгъуэу тонн мини 6,8-м нэблагъэ икIи абы ипэ ита илъэсым яхузэфIэкIам нэхърэ проценти 4-м нэблагъэкIэ ар нэхъыбэщ, къитащ Росстатым иджыблагъэ.
Къыхэдгъэщынщи, мэракIуэ лIэужьыгъуэу къыпачыжам я нэхъыбэр къыщагъэкIар республикэм и унагъуэхэрщ – тонн мини 4,85-рэ. Фермерхэмрэ уней IуэхущIапIэхэмрэ зэгъусэу тонн мин 1,6-рэ нэгъабэ кърахьэлIэжащ, мэкъумэш IуэхущIапIэхэм яхузэфIэкIар тонн мин 0,3-рэщ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, республикэм нэхъыбэу къыщагъэкIыр щIымэракIуэ, шыгъулдыкъащхъуэ, мэракIуэIэрысэ лIэужьыгъуэхэрщ.
Мыдрейуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэшыщIэхэр пхъыми жыджэру йолэжь. ЖыпIэнурамэ, а хадэхэкI лIэужьыгъуэм хуэдэу тонн мини 4-м нэблагъэ нэгъабэ кърахьэлIэжащ. 2023 гъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ ар процент 20-кIэ нэхъыбэщ. Абы къыдэкIуэу, пхъыуэ къатIыжам и куэдагъми процент 13,5-кIэ хагъэхъуащ къапщытэж пIалъэм къриубыдэу икIи зы гектарым хуэзэу центнер 209,4-рэ къытрахыжащ. Мыбдежми а хадэхэкIыр нэхъыбэу къыщагъэкIыр унагъуэхэрщ, псори зэхэту къатIыжам щыщу тонн мини 3,7-р абыхэм къалъос.
ИпэIуэкIэ Росстатым зэбгригъэха хъыбарым къызэрыхэщамкIэ, пхъэщхьэмыщхьэрэ мэракIуэ лIэужьыгъуэу къэралым и щIыналъэхэм къыщрахьэлIэжам и куэдагъымкIэ ди республикэр нэхъыфIхэм яхыхьащ нэгъабэ: псори зэхэту яхузэфIэкIам и Iыхьэ плIанэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщагъэкIащ.
Ди щIыналъэм къыщрахьэлIэжащ пхъэщхьэмыщхьэрэ мэракIуэ лIэужьыгъуэу псори зэхэту тонн мин 1027-рэ. 2023 гъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ процент 30,7-кIэ нэхъыбэщ ар. Абы щыщу мэкъумэш IуэхущIапIэхэм зэщIакъуэжащ тонн мин 645,6-рэ, унагъуэхэм – тонн мин 344,1-рэ, фермерхэмрэ уней IуэхущIапIэхэмрэ - тонн мин 217,6-рэ.
Поделиться:
Читать также:
17.07.2026 - 17:03 →
ФIэщщIыгъуей хъыбархэр
17.07.2026 - 16:10 →
Революционер шыщхьэмыгъазэт
17.07.2026 - 16:01 →
Лъэпкъ гурыгъузхэр зыхещIэ
17.07.2026 - 15:01 →
Быным епцIыжахэр
17.07.2026 - 14:30 →
Лъэпкъ гурыгъузхэр зыхещIэ
| ||





