НыбжьыщIэхэм я къэралпсо зэпеуэм![]() КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек захуигъэзащ еджакIуэхэм географиемкIэ я Урысейпсо олимпиадэм и кIэух Iыхьэу мы махуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкIым хэтхэм, ныбжьыщIэхэм ехъулIэныгъэхэр яIэну зэригуапэр къыхигъэщу. «Зэпеуэм къыщыдэхуэм деж ди хьэщIэхэм Iэмал яIэнущ ди щIыналъэм и географиеми зыщагъэгъуэзэну, Iуащхьэмахуэ, Шэджэм псыкъелъэхэм, Гуэл щхъуантIэхэм кIуэуэ, Курп лъагапIэхэм дэкIыу. Абыхэм къащIэнущ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэхэр зыхуэдэри. Апхуэдэуи, щIалэгъуалэм яхутепсэлъыхьынущ Хэку зауэшхуэм и зэманым республикэм щекIуэкIа- хэм - Дзэ Плъыжьым и зауэлIхэм фашистхэм я ныпхэр Iуащхьэмахуэ къызэрырадзыхыжам, Кавказ Ищхъэрэмрэ Кавказ щIыбымрэ я щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэр зыIэригъэхьэным хущIэкъуу, абыхэм къыхуеIэ бийр къызэрызэтрагъэувыIам», - къыхигъэщащ КIуэкIуэ Казбек.
Поделиться:
Читать также:
12.05.2025 - 13:00 →
Медицинэмрэ дзэ къулыкъумрэ зэдехь
11.05.2025 - 16:59 →
Зы мафIэгум зэдисахэм я хъыбар
11.05.2025 - 14:58 →
Зэдатащ зэкъуэшитIым я гъащIэр
11.05.2025 - 12:56 →
Узыншагъэмрэ дахагъэмрэ я IэщIагъэлIхэр
11.05.2025 - 10:53 →
Хэкум зи псэр щIэзыта Джэрыджэ зэкъуэшхэр
|